КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм

Урысей Федерацэм и Вице-премьер Мутко Виталий Москва щригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм  щIыналъэ зыу­жьыныгъэмкIэ и комис­-сэм и зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-     Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ бюджетым щымыщ ахъшэр къызэрызэрагъэпэщым, УФ-м и субъектхэм я бюджет IэнатIэхэр зэхуэгъэхъунымкIэ дотацэхэр зэрытрагуа­шэм, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, нэгъуэщIхэми.
«2024 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм ­зегъэужьынымкIэ лъэпкъ мурадхэмрэ стра­тегие къалэнхэмрэ я IуэхукIэ» Уры- сейм и Президент Путин В. В. накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа Указыр гъэзэщIэн, апхуэдэу къэрал властым и щIыналъэ органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ ор­ганхэмрэ я лэжьыгъэр унэтIын мурадкIэ нэхъ япэкIэ, жэпуэгъуэм и 15-м, КIуэкIуэ       К. В. Iэ щIидзауэ щытащ КъБР-м и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ совет къыщызэгъэпэщыным теухуа Указым.

 

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр