ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КIуэкIуэ Жэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылъым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.
 Пшъадэ (Пшадэ, Пшад)
Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Геленджик (Хъулъыжъый-ХъупIэжьей, ХьэфIыцIей) къалэ цIыкIум къедза Iэгъуэблагъэм щежэх псыхэм я нэхъ инщ километр 35-м щIигъу зи кIыхьагъ Пшадэ. 
Мы щIыпIэм зыщызыгъэпсэхухэм я фIыгъэкIэ зи гугъу тщIыр щежэх тIуащIэм теIукIащ «Псыкъелъэу 100-м я къуэладжэ» цIэри. 
Мэзылъэ къуэкIийуэ здрижэм Пшадэ псы къуэпсу 30-м нэблагъэ къыщыхолъадэ. Я нэхъ цIэрыIуэхэу Пэпей, Дэгубэ зи фIэщыгъэхэри яхэту, абыхэм километри 3-м къыщегъэжьауэ 20-м нызэрыхьэс я кIыхьагъщ.
ФIэщыгъэр кIэрыпщIащ урысхэм мы щIыпIэм щаухуа къуажэм, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хыхьэу абы къыщхьэщыт, метр 743-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм, натхъуэдж адыгэ лIакъуэм щыщхэр зыдэса псыхъуэм, Геленджикрэ Архипо-Осиповкэрэ зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэмрэ абдежым гъунэгъуу щешкIурэх псы нэхъ цIыкIумрэ. Иужьрейм «Дуаб»–кIи еджэрт.
Лъахэхутэ зыбжанэм къызэралъытэу, щIыпIэцIэм «къикIыр ипэжыпIэкIи зэхэгъэкIащ» жыпIэныр тIэкIу пасэIуэу къыщIэкIынущ. 
Зыгуэрхэм ар ирапх куржыхэм я бзэм хэт «пша» псалъэм, «псы къибыргъукI» мыхьэнэр кърагъэкIыу. 
Я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Пшъадэ («Пшад») щIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр, «пшы»-р, зыхуэтхь хъунур «псы» мыхьэнэ зиIэу абхъазыбзэм къыхэна псалъэпкъырщ. Адрейхэм къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр абхъазыбзэм хэт «апшадэ» («жьыншэ») псалъэм къытехъукIащ. ЩыIэщ фIэщыгъэр зи гугъу тщIы лъэпкъым я бзэм, «жьы къыщемыпщэ тIуащIэ» «жьугъуэджэ» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу, хэт «апшадэ» псалъэм хуэзышэхэри. 
КъинэмыщIхэм Пшадэ псыцIэм халъагъуэр «пшагъуэм щIихъума» егупсысыкIэщ, фIэщыгъэм и етIуанэ Iыхьэм - «ды» жыхуиIэм - кIахэ адыгэхэм «щIихъумащ» мыхьэнэри къызэрыщрагъэкIым къыхэкIыу. 
УарохьэлIэ щIыпIэцIэр натхъуэджхэм (адыгэ лIакъуэщ) я бзэм IыхьитIу щызэхыхьэ «пщэ(й) - ды» жыIэкIэу япэр («пщэй» - р) тхушэдеяфэ (чинар) жыгым ахэр зэреджэу щытам («пшэ», «пшагъуэ» мыхьэнэхэр къизыгъэкIхэри щыIэщ), етIуанэр («ды»-р) «щIэзыхъума», «зысея», «зыгъэдия» егупсысыкIэм хуэзышэхэми. 
УаIущIэнущ дэ, къэбэрдейхэм, «мэзыдэ» жыхуэтIэм техуэу къэзылъытэхэми, зи гугъу ящI псыхъуэм а жыг лIэужьыгъуэхэм куэдыкIейуэ уазэрыщыхуэзэр я щхьэусыгъуэу. Ауэ щыхъукIи, фIэщыгъэр къызэрыбгурыIуэ хъунур «тхушэдеяфэрэ дейуэ зэхэт мэз» - жиIэущ. 
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, щIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъым зэритымкIэ, «Мэз-мый» фIэщыгъэм дежи дызыщрихьэлIэр ищхьэкIэ къэтхьа «пщэды» - м ещхь псалъэ зэхэгъэувэкIэщ. 
Пшыз 
КIахэ адыгэхэр Псыжь (Кубань) зэреджэр апхуэдэущ. ЖытIа псоми къадэкIуэу, мы фIэщыгъэм дызригъэгупсысаращ: «Ярэби, абы и цIэр «псы изу зэрыт» жыхуиIэм къытемыпщIыкIауэ пIэрэ?» 
ГъэщIэгъуэнщ, абхъазхэм къагъэсэбэп «пшап» псалъэр адыгэхэм «псыпэ» зыхужытIэр зэрыарари. Уеблэмэ, къызэрыщыхутар уэ къащIэ, ауэ, «пша» псалъэпкъыр куржыхэм я бзэми хэтщ, «псы кIантIэ», «псынэ къибыргъукI» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу. 
Пщыхьэ 
Мэзылъэ Iуащхьэхэр къызэринэкIыу тафэм къытехута Щхьэгуащэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ къыщыхэлъадэ псыхэм я нэхъ инщ. «Пщышъхьа» псалъэри абы къытехъукIащ, и мыхьэнэкIэ «псым и щхьэ» - жыхуиIэщ. 
Пшиш» (Пщыщ - кIахэ, Пщыщэ - къэбэрдей)
Псыжь сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Кушыку-хьэблэ (Кончукохабль) деж щыхэлъэдэж псыщ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хыхьэ Шесси (Шэс) бгым ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэр и къежьапIэщ. Зыдэт тIуащIэр ищхьэхэмкIэ щыжьанэ Iузэвщ, и лъабжьэхэмкIэ щыбгъуфIэщ. 
«Адыгэ IуэрыIуатэхэр» тхылъым, Налшык къалэ 1968 гъэм къыщыдэкIам, ущрохьэлIэ «Пшышэжь» псалъэм, «Пшышэ и кIуапIэжь, ар зыдэту щыта ныджэжь» мыхьэнэхэр къызэрыкIым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, къызытепщIыкIар ищхьэкIэ зи гугъу тщIа псыцIэрщ.
Академик Джавахишвили Иван зэрыхуигъэфащэмкIэ, псым и цIэр къытехъукIагъэнущ ижь-ижьыжхэм щыIа адыгэ-мэуэт лIакъуэцIэу «псес» жыхуиIэм. ЩIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, пасэм псэуахэм «псессы» псалъэм кърагъэкIыу щытагъэнур Псыжь хэлъэдэж Пщыщэ и Iуфэм Iуса мэуэт лъэпкъыу «Пщыщэ дэсхэр» псалъэ зэгуэтымкIэ дэ, адыгэхэр, дызэджэу щытар арагъэнут. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.