МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

«Монументальный Нальчик» выставкэм хагъэхьащ республикэм и скульптурэ, фэеплъ цIэрыIуэхэм я сурэтхэр. Ар къызэрагъэпэщащ Лъэпкъ музеймрэ Тхыдэ фэеплъхэмрэ ­щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэмрэ. Лэжьыгъэхэр ягъэхьэзыращ Налшык къалэм и курыт еджапIэхэм я еджа­кIуэхэмрэ сурэт щытрах «Гелиос» студием и гъэсэнхэмрэ. Къы­жы­Iапхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым Урысейм и лъэпкъ щэнхабзэ щIэин ухуэныгъэу 400-м щIигъу зэриIэр. Абыхэм я Iыхьэ щанэр федеральнэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъщ. Апхуэдэщ Хэку зауэшхуэм, Афган, Абхъаз зауэхэм хэкIуэдахэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъхэр, 115-нэ Кавказ шуудзэм хэтахэм я фэ­еплъыр, Къэзанокъуэ Жэбагъырэ и щхьэгъусэмрэ, Лермонтов Юрий, Пушкин Александр, Горький Максим, Вовчок Маркэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Гагарин Юрий, Бэрбэч ХьэтIутIэ, Къэшэж Иннэ хуагъэува фэеплъхэр.
«Музыка танца» выставкэр траухуащ макъамэм, уэрэдым, лъэпкъ къафэ лIэужьыгъуэхэм я тхыдэмрэ къарумрэ, абыхэм цIыху гъащIэм щаIэ мыхьэнэм. Абы щытопсэлъыхь ар IэщIагъэ зыщIа цIыху цIэрыIуэхэм - балеринэ Улановэ ­Галинэ, композиторхэу Прокофьев Сергей, Хачатурян Арам, Чайковский Пётр, Минкус Людвиг, нэгъуэщIхэми.
Аэроклубыр Налшык къызэ­рыщызэIуахам и тхыдэм, абы и лэжьыгъэм, ар къэзыухахэм ятеухуа гъэлъэгъуэныгъэри гъэщIэгъуэнщ. Дэфтэр тхыгъэхэр, сурэтхэр, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я сурэтхэр - куэд мэхъу къызэщIакъуар. ПлIанэпэ щхьэ­хуэ хухахащ клубым екIуалIэу щыта бзылъхугъэхэми. Абы ящыщщ япэ балъкъэр парашютисткэ Бегиевэ Шарифат. Аэро­клуб, парашют гупжьей къы­зэ­рызэрагъэпэщам къыдэкIуэу кхъухьлъэтапIэхэр зэраухуам ­теухуари щIэщыгъуэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэ­щIэ­пкъуэжмэ, 1934 гъэм къызэрагъэпэща аэроклубым тхыдэ напэкIуэцI гъэщIэгъуэнхэр иIэщ. Абы щагъэсащ Совет ­Союзым и ЛIыхъужь хъуа кхъухь­лъатэ­зе­хуэхэр, парашютистхэр, авиамеханикхэр. 1942 гъэ пщIондэ аэро­клубым игъэхьэзыращ кхъухь­лъатэзехуэ 450-рэ, парашютист 200, моторист, планеристи 170-м нэблагъэ. Абыхэм ящыщщ Байсултанов Алим, Диденкэ Ни­колай, Емельяненкэ Василий, Къардэн Къубатий, КIэфо Арсен, Стеблинский Сергей. Абыхэм я цIэр фIащащ къалэ­хэм, къуа­жэхэм я уэрамхэм, школхэм, библиотекэхэм. 
Гъэлъэгъуэныгъэхэр накъыгъэм и кIэ пщIондэ щыIэнущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.06.2026 - 15:02

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.