Урысей Федерацэм ФедерацэмкIэ и Советым Бюджетхэмрэ финанс рынокымкIэ и комитетым хэтхэр лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык къалэ къэкIуащ.
Япэ махуэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хьэщIэхэм яригъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэхэм ящыщу Налшык шэ комбинатыр, «Сады Приэльбрусья», «Сады Баксана» мыIэрысэ щагъэкI, щахъумэ IуэхущIапIэхэр, «СтройМаш»-р. А IэнатIэ псори хуолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фIагъ лъагэ иIэу, экологие и лъэныкъуэкIэ къабзэу къыщыщIагъэкIхэмрэ щагъэкIхэмрэ урысей щэхуакIуэм яIэрыгъэхьэным. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ ди хэкум къыщыщIагъэкIхэмкIэ хамэ къэралхэм кърашхэр зэхъуэкIыным нэхъри зэрызегъэужьыпхъэм, къэралым, щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэр лэжьэкIэщIэм хуэгъэкIуэным папщIэ хэкIыпIэхэм.
ЕтIуанэ махуэм КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ ФедерацэмкIэ Советым Бюджетхэмрэ финанс рынокымкIэ и комитетым хэтхэм я зэIущIэ. Абы хэтащ Комитетым и унафэщI Артамонов Анатолий, абы и къуэдзэхэр, комитетым щылажьэ сенаторхэр, видео-зэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу Iуэхум къыхэлэжьыхьащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ, ФинансхэмкIэ, Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэхэм, УФ-м и Къэзыбж палатэм я лIыкIуэхэр, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэдзэ Надыкто Владимир, ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ федеральнэ фондым и унафэщIым и къуэдзэ Царевэ Ольгэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья-нэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и къуэдзэхэу Хъубий Маратрэ Говоров Сергейрэ, министрхэу Рахаев Борис, Лисун Еленэ, Езауэ Анзор, Асанов Алим, Къалэбатэ Рустам, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ, КъБР-м Налог IэнатIэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр теухуауэ щытащ УФ-м 2024 гъэм, 2025 - 2026 гъэхэм тещIыхьа и бюджетым и зэхэлъыкIэм УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хилъхьэну иубзыхухэм. Зэхуэсыр къыщызэIуихым комитетым и тхьэмадэ Артамонов Анатолий ди республикэм щилъэгъуа IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу къызэрызэгъэпэщар жиIащ икIи мэкъуэмэш IэнатIэм, псом хуэмыдэу мыIэрысей гъэкIыным зэрехъулIэр, адрей хэгъэгухэми щапхъэ трахын зэрыхуейр къыхигъэщащ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и жыг хадэхэм къыщыпача мыIэрысэхэр куэдкIэ нэхъ IэфIщ икIи нэхъыфIщ нэхъапэм Польшэм, нэгъуэщI къэралхэм кърашу щытахэм нэхърэ, - жиIащ Артамоновым. - Псом нэхъыщхьэращи, мыIэрысей жыгыщIэ цIыкIухэр гъэкIынри, ахэр хэсэнри, ехьэлIапхъэ псори къызэгъэпэщынри езы республикэ кIуэцIым щызэфIокI, зыщIыпIи зыри кърамышу, КъищынэмыщIауэ, къыпачыжа пхъэщхьэмыщхьэхэр хъумэнри ахэр къызэрырашэкIри езыхэм я къарукIэ зэтраухуэжащ. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэр къэралым щыгъэбэгъуэн хуейщ. Шэ щащI заводыр зэдгъэлъэгъуащ, поликлиникэ иным и ухуэныгъэр зэрекIуэкIым деплъащ, курыт еджапIэхэм дыщыIащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ а IуэхущIапIэхэм зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыху акъылыфIэхэр зэрыщылажьэр, упщIэ лей хэмыту езыхэм я зэфIэкIымрэ щIэныгъэмкIэ адрейхэм ядэгуашэу зэрылажьэм гу зэрылъыстар».
Комитетым ди республикэм щригъэкIуэкI зэIущIэр зытеухуам щытепсэлъыхьым, Артамонов Анатолий жиIащ УФ-м 2024 гъэм, 2025 - 2026 гъэхэм тещIыхьа и бюджетым и зэхэлъыкIэм ФедерацэмкIэ Советым хилъхьэнухэр зэригъэхьэзырар, Налшык къыщаIэтыну Iуэхугъуэхэри абы зэрыдыщIагъужынур.
- Нэхъыбэу зытедгъэщIэну ди мурадыр экономикэм и IэнатIэ щхьэхуэхэм зегъэужьынымрэ цIыхухэм социальнэу ядэIэпыкъунымрэ теухуауэ щIапхъэхэрщ. Абыхэм я лъэныкъуэкIэ куэд щызэфIагъэкIащ ди къэралым, ауэ, гу зэрылъыттэщи, иджыри дызэлэжьын щыIэщ, жиIащ Артамоновым. - Дэ бюджет сомым фейдэ нэхъыбэ къызэрыпэкIуэнырщ, дызэлIэлIэн хуейри, ар къыдэхъулIэн папщIэ акъыл зэхэ-дзэкIэ Iуэхум дыбгъэдыхьапхъэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, бюджетым къэралми, абы щыпсэухэми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, абы къыхэкIыу, фейдэ нэхъыбэ къызэрыпэкIуэнум хуэдэу ахъшэр зэдгъэзэхуэн хуейщ.
Псом япэрауэ, гулъытэ хэха худощI щIыналъэхэм, ди къэралым иджыблагъэ къыхагъэхьэжа хэгъэгущIэхэм я зыужьыныгъэм. Кавказ Ищхъэрэм хуэдэ щIыналъэхэм я гуащIэр къызэрымыкIуэщ, мылъкукIэ дадэIэпыкъумэ, къэралым къыхуэсэбэпын куэд щащIыфынущ, къыщызэIуахыфынущ, щагъэлэжьэфынущ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, ди цIыхухэм я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэнымкIэ мы щIыналъэр икъукIэ щхьэпэщ. Псоми фощIэж, Кисловодск Урысейм и гъэмахуэ щыхьэру къалъытэу зэрыщытар. Абы пэгъунэгъу кавказ къалэхэри зыкIи нэхъ махэкъым.
Дэ нобэкIэ ди къалэн нэхъыщхьэр сыт и лъэныкъуэкIи егупсысауэ бюджетыр зэхэгъэувэнырщ, тхузэфIэкIынур, пэж дыдэу гъащIэм хэтпщэфынур къыщыгъэлъэгъуауэ. Армыхъуамэ, дызыхэпсэукI зэманым ахъшэ лей зытедгъэкIуэдэн гуэри Iуэхум хэдгъэхьэ хъунукъым. Къытпэщылъ илъэсищым нэхъ япэ игъэщыпхъэу щыIэ псори къэлъытэн хуейщ, шэч хэмылъу.
Апхуэдэуи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Урысейм хэту псэумэ нэхъ къащтэу къыдгухьэжа цIыхухэм я пащхьэ щытхь жэуаплыныгъэр. Илъэс зыбжанэкIэ бэлыхь хэмыкIыу псэуа цIыхухэм яIуэтэжын, щIыналъэхэм зыкъаужьыжын папщIэ тхузэфIэкI псори тщIэн хуейщ. Абы къикIыркъым, щIэуэ къыдгухьэжа хэгъэгухэм папщIэ дэ зыгуэрхэм зыхуэдгъэныкъуэну, мылъкур зэдгъэзахуэмэ, псоми яхурикъунущ. ДызыхэпсэукI зэманым зыдужьын папщIэ къыдит Iэмалхэр экономикэм папщIэ къэдгъэсэбэпыпхъэщ. Дэ долъагъу фэтэр куэду зэхэт унэхэр еужьэрэкIыу зэраухуэр, хьэрычэтыщIэ цIыкIумрэ ику итымрэ зэрызаужьыр, къэралыр дэIэпыкъуурэ а Iуэхум нэхъыбэ зэрытригъэгушхуэр. Пэжщ, къытпэщылъщ хьэрычэт Iуэхум хэтхэм хабзэр къызэпамыудын, и чэзум къэралым налог иратын, цIыхухэм я улахуэр гъэпщкIуа мыхъуу, хабзэм зэригъэбелджылам хуэдэу яту зэтеублэныр. Си фIэщ мэхъу абыхэм зэман гъунэгъум дызэрыхуэкIуэнур.
Бюджетыр зэгъэзэхуа хъун папщIэ хэлIыфIыхь къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр къыщыпсэлъащ зэхуэсым, Налшык щымыIа куэди, видео-зэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу, Iуэхум хэлэжьыхьащ.
ЗэIущIэр иуха нэужь, ФедерацэмкIэ Советым Бюджетхэмрэ финанс рынокымкIэ и комитетым и унафэщI Артамонов Анатолийрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ журналистхэм яхуэзащ.
Артамоновым жиIащ къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, дяпэ илъэсищкIэ мылъкур зэгъэзэхуэным лъабжьэ хуэхъуну дэфтэрым Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщелэжьар. «Республикэм и IуэхущIапIэ зыбжанэм дыщыIати, Къэбэрдей-Балъкъэрым нобэ и Iуэху зыIутымрэ абы и цIыхухэм я гукъыдэжыр зыхуэдэмрэ къэтщIауэ жыпIэ хъунущ. Ар ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бюджетым дыщелэжькIэ щIыналъэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр къыдолъытэ, икIи сытым дежи къэралым и хэгъэгухэр зыхуэныкъуэхэр зэдгъащIэу, ахэр гъэзэкIуэжа хъуным гулъытэ хуэтщIу долажьэ. Аращи,Къэбэрдей-Балъкъэрми и Iуэхухэр, мурадхэр дэтIыгъыну ди мурадщ. ЗэIущIэм къыхэлэжьыхьащ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, абыхэм я еплъыкIэхэри къэтлъытэнурэ, УФ-м 2024 гъэм, 2025 - 2026 гъэхэм тещIыхьа и бюджетым и зэхэлъыкIэр и кIэм нэдгъэсынущ», - жиIащ унафэщIым.
КIуэкIуэ Казбек дыщIигъуащ бюджетым и зэхэлъыкIэм лъабжьэ хуэхъунур ди республикэм зэрыщаубзыхуам, езыхэри абы зэрыхэтам мыхьэнэшхуэ зэрыритыр, абы щыжаIахэр пщэдейрей махуэр зэпIэзэрыту зэрыщытынум щыхьэт зэрытехъуэр, къэрал бюджетыр зэрызэхалъхьэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр республикэ бюджетыр щаубзыхукIэ къагъэсэбэп зэрыхъунур.
ХьэщIэм ди Iэтащхьэм фIыщIэ къыхуищащ гуапэу къызэрырагъэблэгъам, я Iуэхур зыхуей хуэзэу Налшык къызэрыщызэрагъэпэщам, тыншу зэрагъэлэжьам папщIэ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.