Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэ­хъуащ.

Iуэху гуапэм хэтащ Прохладнэ районым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм я Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, милицэм и полковник Савинов Алек­сандр­рэ къудамэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI Клюй Андрейрэ. 
Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Бейтыгъуэн Рустам ветеранхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, узыншэу адэкIи куэдрэ псэуну зэригуапэр яжриIащ. Абы фIыщIэшхуэ яхуищIащ хахуа­гъэрэ лIыгъэрэ къагъэлъагъуэу Хэкур зыхъума ветеранхэм.  
ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ветеранхэм IэщIалъ­хьащ республикэ ОВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ IэнатIэм къыбгъэдэкI фIыщIэ письмохэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ. 
Ветеранхэм хьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ я нэIэ къа­зэрытетым, гулъытэ къызэрыхуапщIым папщIэ икIи полицэм и лэжьакIуэхэм къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щаIэну зэрагуапэр жраIащ.  
БАХЪСЭН  Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.