Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залымыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу. Апхуэдэ зы лэжьыгъэ иджыблагъэ утыку къыщрахьащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым.
Накъыгъэм и 9-м, ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу, ар ягъэлъэгъуащ. Абы къыхощ зэман хьэлъэм емылъытауэ, цIыхухэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъи лъагъуныгъэшхуи зэрыдэлъар, абы и фIыгъэкIэ гугъуехьхэм зэрыпхыкIар. «Давай за жизнь…» зыфIаща пшыхьым цIыхухэр щедэIуащ зауэм теухуа уэрэдхэмрэ усэхэмрэ. Лэжьыгъэм хэт лIыхъужьхэм я гъащIэр Хэку зауэшхуэм «зэрызэридзэкIар» IупщIу ди нэгу къыщIагъэувэфащ Хьэжмэт Iэдэм, Шыпшхэ Къантемыррэ Иннэрэ, Хьэщхъуэжь Ислъам, Хъурзокъуэ Элинэ, Хьэткъуэ Дианэ сымэ.
Лэжьыгъэр зыгъэувар адыгэ театрым и артисткэ, Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтыр къэзыуха МафIэдз Заирэтщ. Хъыджэбзым ар и етIуанэ режиссёр лэжьыгъэщ. Япэу игъэувар Рождественский Роберт и усэхэмкIэ зэхилъхьа «Всё начинается с любви» спектаклырщ. Ар театреплъ ныбжьыщIэхэм, школакIуэхэмрэ студентхэмрэ нэхъ яхуэгъэзащ.
- Къэбэрдей театрым и спектаклхэр псори адыгэбзэкIэщ зэрекIуэкIыр, еджапIэ нэхъыщхьэм щыдгъэхьэзыру къыздитшыжа «Ханума» лэжьыгъэм къищынэмыщIа. Ар нэхъыбэу урысыбзэкIэ догъэлъагъуэ ди щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм папщIэ. Рождественскэм ейри урысыбзэкIэ дгъэувыну къыщIэтщтар «Пушкиным и картэ»-кIэ къакIуэхэм нэхъыбэ къызэщIедгъэубыдэн папщIэщ. «Давай за жизнь» зыфIэтщам зэман мащIэм къриубыдэу делэжьын хуей хъуащ, ауэ актёрхэм арэзы укъащIу джэгуащ, спектаклыр зэрыхъуну сызэрыщыгугъар къыдэхъулIащи, си гуапэщ», - жеIэ МафIэдзым.
Режиссёрым усэхэмрэ уэрэдхэмрэ зэрызэхигъэува, къызэрыхиха щIыкIэми гу лъытапхъэщ - ар тхыдэм ирикIуэж хуэдэщ, икIи зауэр зэрекIуэкIа Iуэхугъуэхэр зэкIэлъыкIуэу къыщыхьащ. Псалъэм папщIэ, абы япэщIыкIэ къыщегъэлъагъуэ фIыуэ зэрылъэгъуа ныбжьыщIэхэм я гурыщIэхэр зэхуаIуатэу, зыщамыгъэнщIу мамыру зэрыпсэур, арщхьэкIэ адэкIэ радиокIэ Молотовым (хамэ къэрал IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссару, СССР-м и Наркомым и советым и унафэщIым и къуэдзэу щыта) и макъыр къоIу нэмыцэхэр я псалъэм епцIыжу Совет Союзым къызэрытеуар, Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзар, цIыхубэр зэкъуэувэн зэрыхуейр жиIэу.
Пшыхьым хэт лIыхъужьхэми фIыуэ ялъагъухэр зауэм ирагъажьэ, зэныбжьэгъухэм сэлам зэрахыж. «Жди меня, и я вер- нусь» усэ цIэрыIуэр абдеж игъуэ дыдэу щоIу. «Пшыхьым делэжьыху цIыхур зыIыгъыфынкIэ хъуну гурыщIэ зэхуэмыдэ куэд зыхэтщIащ. Абыхэм ящыщщ пагагъэри, лъагъуныгъэри, нэщхъеягъуэри, шынэри. Уэрэд, усэ къэс гугъэ къыпхалъхьэжу, упсэун папщIэ къаруущIэ къуатыжу апхуэдэт. А псор «ди щIыфэкIэ» зыхэтщIащ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым», - жеIэ Шыпш Иннэ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, мы пшыхьыр и щыхьэтщ зауэ зэманым уэрэд минхэр «дунейм къызэрытехьам», гум дыхьа псалъэхэр зы жьэм жьэдэкIым адрейм жьэдыхьэу, ахэр уэздыгъэнэфым къигъэнэху тIэкIумкIэ тхылъымпIэхэм тратхэу, письмокIэ зэIэпахыу зэрыщытам. УсакIуэ, макъамэтх куэди а илъэсхэм зауэ IэнатIэм Iутащ, уэрэдхэм хэт лIыхъужьхэр къагупсысыни хуэмейуи гъащIэм яригъэлъэ-гъуат. Абыхэм ятхыр цIыху мелуанхэм я бзэгупэм къытенэрт. Апхуэдэуи зауэ уэрэдхэм нэгъуэщI мыхьэнэшхуи яIэт - цIыхухэр ТекIуэныгъэм хуигъэпабгъэрт, къаруущIэ къахригъэлъхьэжырт. Зауэм теухуа уэрэдхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа «Любэ» гупым игъэзащIэу тщIэ «Комбат», «Солдат», «Там за туманами», «По высокой траве», «Три танкиста» уэрэдхэм, нэгъуэщIхэми иджыри зэ дедэIуэжащ.
Мы пшыхьым пагагъ къыпхелъхьэ ди адэжьхэм къахьа текIуэныгъэм теухуауэ, абы щIата уасэри зыхыуигъащIэу, уи нэпсыр плъэмыкIыу кърегъакIуэ. «Давай за жизнь» уэрэдым и закъуэ зауэм и купщIэр, ТекIуэныгъэр зэрылъапIэр, ар тщыгъупщэ зэрымыхъунур къыджиIэми ярейщ. Лэжьыгъэр театрым къызэрехъулIам шэч хэлъкъым.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.