Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ. ПэкIухэр къыщызэрагъэпэщащ УФ-м и щыхьэрым, щIыналъэхэм я къалэшхуэхэм. Къинэ­мы­щIауэ, къэралым и зы жыли, еджапIи, гъэсапIи къэнакъым фэеплъ зэIущIэхэр щрамыгъэкIуэкIауэ.
 
Ди щIыналъэми щаIэтащ ТекIуэныгъэм и махуэр. Ап­хуэдэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ Аруан районым хыхьэ Къэ­хъун къуажэм накъыгъэм и 8-м къыщызэрагъэпэща фэ­еплъ зэIущIэ купщIафIэр. Ар теухуауэ щытащ ди къэралым гъунэгъу щIыналъэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт къэхъундэсхэм, а зауэм хэту зи псэр зыта жылэдэс щIалэхэм я музей къызэIухыным. Къуажэпсо мыхьэнэ зиIэу екIуэкIа а зэхуэсыр къызэ­ригъэпэщащ школым тхы­дэмрэ обществознаниемрэ ще­зыгъэдж, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Шыбзыхъуэ Хъамсинэ. Iуэ-хум хэтащ къулыкъущIэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, СВО-м хэтхэм,  абы ­хэ­кIуэдахэм я адэ-анэ-хэр, Iыхь­лыхэр, егъэджа­кIуэ­хэмрэ еджа­кIуэ цIыкIухэмрэ, нэ­гъуэщI­хэри. 
- ТекIуэныгъэм и махуэш­хуэр щагъэлъапIэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу ди егъэджакIуэ цIэрыIуэ Шыбзыхъуэ Хъамсинэ къыхилъхьа жэрдэмыр дэтIыгъащ икIи нобэ дызыхэт зэхуэсым щыдгъэлъэпIэнущ ди къуажэм щыщу СВО-м хэ-ту зи псэр зыта щIалэхэм я фэеплъыр, апхуэдэуи къызэ­Iутхынущ а Iуэхум теухуа дэф­тэр зэмылIэужьыгъуэхэр, су­рэт­­хэр щызэхуэтхьэса музей, - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым Къэхъун курыт еджапIэ №2-м и унафэщI Джа­токъуэ Риммэ. - Къэхъу­ным ди мащIэкъым ди щIэб­лэм щапхъэу яхуэбгъэлъа­гъуэ хъуну, лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ зыхэлъу гъащIэр езыхьэкIа, Хэку зауэшхуэм лIыгъэ зэрахьэу хэта нэхъы­жьыфIхэр.        Ди нэхъыжьхэм ябгъэдэ- лъа апхуэдэ щыты­кIэхэмрэ гупсысэкIэмрэ я лъым хэту къыдокIуэтей иджы­рей щIэб­лэхэри. Ахэр зыхэтхэм  къахощ зэрахьэ адыгэ хабзэ екIумкIэ, яхэлъ лIыгъэмрэ хахуагъэмкIэ. А ­нэхъыжьыфIхэм я лъагъуэм нобэ ирокIуэ    СВО-м хэт ди щIалэхэр. Захуагъэмрэ пэ­жымрэ зи гъуэгугъэлъагъуэ икIи абыхэм я телъхьэ лъэпкъ уардэущ дэ, адыгэхэр, дуней псом игъащIэми дыкъызэрыщацIыхур. Тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь къэзыкIуа ди лъэпкъым хуэфащэщ нобэ зэуапIэ губ­гъуэм ит ди щIалэхэр, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэу абы зи гъащIэр щызыта ди зауэлIхэр. 
Школ унафэщIым и псалъэм пищащ Къэхъун администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид. Абы фIыщIэ ин яхуи­щIащ жылэр зэрыгушхуэ ап­хуэдэ бын зыгъэса адэ-анэ­хэм, а щIалэхэр школым щы­щIэсым зи нэIэм щIэта егъэджакIуэхэм. 
- Зыщыпсэу лъэхъэнэм емы­лъытауэ, адыгэхэр ноби цIэрыIуэщ яхэлъ хабзэ екIумкIэ, лъэпкъ хьэлкIэ зэджэ фIыгъуэхэмкIэ. Абыхэм ящыщщ ди щIалэхэм нобэ ­къакъуэкIа лIыгъэр, хахуа­гъэр, Хэкум, бэм я   къыщ­хьэ­щыжакIуэу  зэрыщытыр, - къыхигъэщащ абы и псалъэм. - Ди жылэм щыщ щIалэхэм ­гушхуэ зэракIуэцIылъым и щапхъэ мымащIэу щыдо­лъагъу гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэм. УФ-м и Президентым и уна­фэкIэ Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам къэхъундэс щIалэ 60-м щIигъу щыIэщ, я цIэ фIыкIэ къраIуэу. Щхьэмыгъазэу бийм пэщIэт зауэлIхэм захуагъэм папщIэ я псэр ят, хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу щыту. 
СВО-м хэту зи псэр зыта щIалэхэм яхуэщыгъуащ зэIущIэм кърихьэлIахэр. Ап­хуэ­дэхэщ зи ахърэтыр нэху хъунхэу Тхьэгъэлэдж Елдар, Шыбзыхъуэ Амир, Бэдракъ Мурат сымэ. СВО-м щыIэ къэхъундэсхэм яхэтщ хъыбарыншэу кIуэдауэ къэIуахэри. Абыхэми зауэ IэнатIэм нобэкIэ Iут псоми зэхуэсым кърихьэлIахэр яхуэлъэIуащ я хъыбарыфI зэхахыну, узыншэу, бэIутIэIун­шэу я унэ екIуэлIэжыну. 
АдэкIэ псалъэ зрата Шыбзыхъуэ Къазбэч пщIэнейрэ щыIащ зауэр щекIуэкI гъу­нэгъу щIыналъэм, къэ­хъун­дэс­хэр зыхэт дзэ частхэм ерыскъы зэмылIэужьыгъуэ­хэмрэ щыгъынрэ яхуишэу. Абы зэрыжиIамкIэ, жылэм щыщ цIыху куэдым гууз-лыуз яIэу, жыджэру зэхуахьэсащ абы фронтым Iутхэм яIэригъэхьа хьэпшыпхэр. Апхуэдэ цIыху псэ хьэлэлхэм фIыщIэ ин яхуищIащ абы. КъБР-м и Парламентым и депутат, КПРФ-м и Аруан райкомым      и секретарь Къардэн Мура­-дин Шыбзыхъуэ Къазбэч къыкъуэкIа апхуэдэ зэфIэкIыр, псапэр фIыщIэ ищIащ, къэ­хъундэсхэм хуэдэу зи щIалэхэм гулъытэ яхуэзыщIа ­республикэм имысми ярейуэ зэрыщытыр къыхигъэщу. 
ШколакIуэ цIыкIухэм Iуэхум къыхузэрагъэпэща лэжьыгъэри купщIафIэт. Ныбжьы­щIэхэр мамырыгъэм теухуа усэхэм къеджащ, хэкупсэ уэ­рэдхэр ягъэзэщIащ. А псори зэфIэкIа нэужь, зэIущIэм ­кърихьэлIахэр щIашащ СВО-м хэтхэм, абы хэкIуэдахэм папщIэ къызэрагъэпэща музейм. Абы щызэхуэхьэса  хьэп­шыпхэр, сурэтхэр, тхыгъэхэр куэдым   яфIэхьэлэмэт  хъуащ. 
ЗэIущIэм и кIэухыу Къандэхъу Леонид иджыри зэ фIы-щIэ яхуищIащ апхуэдэ бын ­зыгъэса адэ-анэхэм, уна­гъуэхэм икIи къызэхуэсахэм­ ехъуэхъуащ захуагъэм и телъхьэ ди щIалэхэу ноби лIыгъэщIапIэ итхэм узыншэу, Iэпсолъэпсоуэ икIэщIыпIэкIэ ­къагъэзэжыну, жылэ узын­шэу Къэхъуныр иджыри ­куэд­рэ щыIэну. Курыт школхэм я егъэджакIуэхэми къы­зэхуэсахэр ягъэгугъащ я ­Iуэ­ху­щIапIэхэм я гъэсэну щыта щIалэ-лIыхъужьхэм я гъащIэр но­бэрей еджакIуэ ­цIы­кIухэми ди республикэм ­къитаджэ щIалэгъуалэми гъуэгугъэлъ­а­гъуэ, гъуазэ хуа­щIыну. Хэкум и щхьэхуиты­ныгъэм папщIэ зи гъащIэр зыта ди щIалэ ­лIыхъужьхэм   я ужьыр жылэм махуэ хуэ­хъуну ехъуэхъуащ. 

 ТАМБИЙ  Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.