КЪАРУР ЗЭЩIАГЪЭУIУЭ

Мы махуэхэм Санкт-Петербург щекIуэкI XXVI дунейпсо экономикэ зэхы­хьэм Къэ­бэрдей-Балъ­къэрым икIа лIыкIуэ гу­пыш­хуэ хэтщ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек я пашэу. 

Япэ махуэм щегъэжьауэ ди лъа­хэм и псэукIэр езы­гъэ­­фIэ­кIуэн, экономикэм зе­зыгъэужьын зэдэ­лэ­жьэ­ныгъэ, зэгурыIуэныгъэ куп­щIа­фIэ­хэр нэгъуэщI хэгъэгухэмрэ федеральнэ IэнатIэхэмрэ зэ­ры­ращIылIэр щетх Iэтащхьэм и телеграм-каналымрэ сай­тым­­рэ. 

Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ инщ 

Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм, «Чегем Агро» ООО-м Санкт-Петербург лъэныкъуищ зэгурыIуэныгъэ щызэ­ращIылIащ. Ар зытеухуар Iуэхум мылъку хэ­зылъхьэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ гъэпэжэнымрэщ. 

УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и ми­нистр Решетников Максим жиIащ: «Чегем Агро»  ООО-м мылъкушхуэ халъхьащ, абы къы­пэ­-кIуащ цIыху 600-м лэжьапIэ зэрагъуэтар, къэ- ралыр хадэхэкI IэфIкIэ зэригъашхэр, хуабэщхэм я ­фIыгъэкIэ Кавказым зэрызиужьыр. Сэ сы­хуейщ республикэ Iэтащхьэми цIыхухэми се­хъуэхъуну. 
Иужьрй илъэс ныкъуэм къриубыдэу дэ проект 20-мкIэ зэгурыIуэныгъэ етщIылIащ щIыналъэхэм, ар сом триллион 1,2-рэ мэхъу. Иджыри дызэлэжьыр бэщ, псори зэхэту къапщтэмэ, сом триллиони 2,4-рэ хэгъэгухэм я экономикэм хэтлъхьэнущ», - къыхигъэщащ Решетниковым. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Чегем Агро» ­ООО-м хадэхэкI хисэнущ, ищIынущ ар щихъу­мэни. Хуа­бэщхэр щIы гектари 100-м тетынущ, проектыр сом мелард 18 и уасэщ. Псори хьэзыр хъумэ, цIыху 1226-м лэжьыгъэ яIэнущ. Мыр Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ проектщ. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м эко­но­микэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решет­ни­ков Максим фIыщIэ хуищIащ икIи жиIащ Тырныауз вольфрамрэ молибденрэ къыщыщIа­хыу зэфIэгъэувыжынымкIи апхуэдэ дыдэу къазэры­дэ­Iэпыкъуар.

ДяпэкIэ сэбэп хъунущ

Кластерхэм, технопаркхэм, Урысейм и экономикэ щIыпIэ хэхахэм я ассоциацэм и уна­фэщI Лабудин Михаилрэ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ Iуэ­хукIэ щызэхуэзащ дунейпсо экономикэ зэхыхьэм. Ахэр теп­сэ­лъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрм радиоэлект­роннэ ­промышленностымрэ про­мыш­лен­ность псын­щIэмрэ зы­­­щиу­жьа зэрыхъунум.
 
Апхуэдэуи нэхъапэ лъандэрэ зэрызэдэлажьэ IэнатIэ 50-м я Iуэху зыIутыр зэпкърахащ, ­республикэм щыщ хьэ­ры­чэ­тыщIэхэм яхуэзащ. 
Зэпсэлъэныгъэхэм яужькIэ, КъБР-м и Правительствэмрэ Ассоциацэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэ­ра­щIылIащ. А дэфтэрыр сэ­бэп хъунущ дяпэкIэ зэ­гъусэу ягъэ­зэщIэн хуей Iуэху­хэр зэ­фIэхы­ным­кIэ.

Къэхутэныгъэхэр и тегъэщIапIэу

Экономикэ зэхыхьэ иным зэдэлэжьэну щы­зэгурыIуахэм ящыщщ «Росгеология»-мрэ Тэрч алмаз заводымрэ. КIуэкIуэ Казбекрэ «Росгеология» АО-м и правленэм и генеральнэ унафэщI Горьков Сергейрэ зэпсэлъащ а Iуэхум теухуауэ. Дэфтэрым Iэ щытрадзэм хэтащ «Росгеология»-м и лIыкIуэхэр, КъБР-м и лIыкIуэу УФ-м и Президентым деж щыIэ Быкъыш Ратмир, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, Тэрч алмаз заводым и генеральнэ унафэщI ЛIэужь Адалбий сымэ. 

Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъабэ екIуэкIа дунейпсо экономикэ зэхыхьэм «Росгеология» АО-мрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIауэ щытащ геологие къэху­тэ­ныгъэхэр зэгъусэу егъэкIуэкIыным теухуауэ. 
Япэ ирагъэщар Тэрч алмаз заводым къыщIигъэкI пкъыгъуэхэр геологие къэхутэныгъэхэм къыщагъэсэбэп Iэмал нэхъыщхьэ щIынырщ.

Къалащхьэмрэ щIыналъэмрэ зэгуроIуэ

Москва къалэм и мэр Собянин Сергейрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Москварэ КъБР-мрэ я Правительствэхэр сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум, апхуэдэуи 2023 - 2027 гъэхэм зэ­гъусэу ирагъэкIуэкIыну Iуэхугъуэхэм теухуа программэм ху­хэха зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ.

ИджыпстукIэ лъэныкъуитIыр зэпыщIащ мэкъумэш, туризм, егъэджэныгъэ, спорт унэтIыныгъэхэмкIэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и предприятие 23-м къыщыщIагъэкIхэр Москва щащэ. 2022 гъэм къриубыдэу консерв, гъэшхэкI, лыхэкI, IэфIыкIэ, псыIэфI, нартыху крахмал, мыIэрысэ сом меларди 5,4-рэ и уасэ щащащ къэралым и къалащхьэм. ДяпэкIэ ахэр нэхъыбэж ящIыну я мурадщ.

ЗэфIэкIхэм нэхъри заубгъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Коми Республикэм и лIыщхьэ Уйбэ Владимиррэ щIыналъэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрызэ­дэлэжьэнум теухуа тхылъым Iэ щIадзащ.

ЖыпIэнумэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Коми Республикэмрэ я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр 1999 гъэм къыщожьэ. ДяпэкIэ хэгъэгухэм я предприятэхэр, IуэхущIапIэхэр нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ зэдэлэжьэнущ, сату зэпыщIэныгъэхэм зрагъэужьынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуэсэбэпыну езыхэм яIэхэм тепсэ­лъыхьащ Уйбэ Владимир. КIуэкIуэ Казбеки жиIащ зэпыщIэныгъэм Iуэхугъуэ куэд къызэрызэщIиубыдэнур, ухуэныгъэ, туризм, узыншагъэр хъумэн IэнатIэхэм зэгъусэу зэрызрагъэужьыфынур.

Илъэс 22-рэ хъуауэ зэпыщIащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Россельхозбанк» пра­вленэм и унафэщI Листов Борисрэ республикэмрэ банкымрэ дяпэкIэ нэхъ убгъуауэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ. Нэхъыбэу зэлэжьынур экономикэм зегъэужьыным, мэкъумэш щIэным теухуауэ къагупсыс Iуэхухэр гъащIэм хэпщэным, IT-м, бгым хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэзых, туризмэм, псэупIэ ухуэныгъэм епха IэнатIэхэм мылъку къыхегъэлъхьэнырщ. 

«Мы зэгурыIуэныгъэр сэбэп хъунущ проект нэхъыщхьэхэр, федеральнэ, щIыналъэ программэхэр гъэзэщIэнымкIэ. Ахэращ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и инвестицэ щытыкIэм лъабжьэ хуэхъур», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
«Россельхозбанк»-р илъэс 22-рэ хъуауэ щолажьэ ди республикэм, а пIалъэм къриубыдэу цIыхухэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ сом мелард 59,6-рэ щIыхуэу яритащ, инвестицэ проект 69-м и мылъку хилъхьащ. А проектхэм ящыщщ Шэджэм щащI хуабэщхэр. 
КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, а проект 69-м щыщу 50-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм иджыкIэ хуолажьэ, сэбэпынагъ куэд къыпэкIуэу.
Санкт-Петербург щекIуэкI дунейпсо экономикэ форумым ипкъ иткIэ дыгъуасэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Киров областым и губернатор Соколов Александр, щIэныгъэмкIэ «Мэшыкъуэ» центрым и унафэщI Сериков ­Антон, Херсон областым и губернаторым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сальдо Владимир сымэ. АдэкIэ зэры­зэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэхэр абыхэми ди республикэм дарищIылIащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.