ТОННИ 120-РЭ ИРАГЪЭШАЩХерсон, Белгород областхэм щыпсэухэм папщIэ тонни 120-рэ хъу псапэ хуэIухуэщIэхэр ирагъэшащ мэкъуауэгъуэм и 8 -м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ. Абы хохьэ псы къабзэ, япэу узыхуэныкъуэ, зэрызагъэкъабзэхэр, ерыскъыхэкIхэр, къинэмыщIхэр. ЩIэпхъаджащIэхэр зытеуа Белгород областым щыщхэм хурагъэшар къызыбгъэдэкIыр «Урысей зэкъуэт» партырщ. «Бэлыхь хэхуа цIыхухэм а хьэпшыпхэр ямыIэу хъунукъым. Херсон областым Каховскэ ГЭС-р къызэрыщагъэуам къыхэкIыу, псыдзэ къащIэуащи, абы щыпсэу цIыхухэр ди нэIэ зытет Скадовскэ, Голопристанскэ щIыналъэхэм мэIэпхъуэ. Зи щIыпIэ зыхъуэжхэм я нэхъыбэр цIыхубзщ, сабийщ е узыншагъэкIэ гугъу ехьхэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр апхуэдэ щытыкIэм ихуахэм ядэмыIэпыкъуу щысынкIэ Iэмал иIэкъым», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|