ДЫЩЭ КIАПЭХЭР

Гупсысэхэр

Дыкъэзыухъуреихь дунейр дахащэщ! ЩхъуантIагъэм игъэнщIа жыгыщхьэхэр зи хэщIапIэ къуалэбзухэм цIыхупсэхэм уэрэд телъыджэхэр къыхураш. Дыгъэм и бзийхэр джэгу щIыкIэурэ щIылъэм къыхуогуапэ. Арагъэнущ дыщэ кIапэхэр жыгыщхьэ удзыфэхэм моуэ къыхэплъу къыщIыпфIэщIыр. Псори мэгуапэ, мэщыгъэ, мэгъагъэ.

МащIэу къепщэ жьыми къару къыпхелъхьэ. Псы цIыкIу ежэхым и даущ макъыр и Iэпэпсхэм хешащIэри, уэршэрурэ и псы кIапэр хегъэщI. Налъэ-налъэу зэхэлъ, жылэ-жылэу къызэрыкI гъащIэр жьыгъэу, псыгъэу, дыгъэу къызэрокI, зэгъусэурэ мэбатэ, мэятэ, мэгъагъэ, къытхуотыгъэ. Арагъэнущ дыгъэр къыщIепсыр, псым щIыхэпсэр, псэр щIэгушхуэр.

Къару къигъэхъуапIэ

Щхьэусыгъуэ пыухыкIакIэ зи Хэку пэIэщIэ хъуа зы адыгэ щIалэ си ныбжьэгъущ. СтхыкIэ схуэмыIуатэ абы и адэжь щIыналъэм хуиIэ лъагъуныгъэр. Къыщалъхуа щIыпIэм ар щытепсэлъыхькIэ, моуэ-щэ, бгыжь-къуршыжьхэм тхыдэ хъыбархэр къыпхуаIуатэу къыпщохъу. Балъкъыпс щежэх псы цIыкIум таурыхъ ущIигъэдэIу уи гугъэщ, бгъащхъуэу уэгум итыр зэрыбауэ хьэуар жьэдэпшэрэ урибауэм ещхьщ абы и псалъэхэр.

 ЖыпIэнурамэ, Къэбэрдей щIыналъэр зи гугъу сщIы щIалэм и IэкIэ зэхилъхьэ-зэтрилъхьэу, зыхуей плъыфэкIэ игъэнщIауэ щызигугъэр нэхъыбэщ. ЗыпищIи зригъэщхьи щымыIэ щIыналъэм ар иропагэ, ирогушхуэ, сщIэуэ и хэкум къыхелъхьэ къаруушхуэ. Къэбэрдейм щапщэфI шхынри и илъэс гъуэмылэщ, уэрэду щагъэIухэри и дзапэ Iупэзщ, адыгэ фащэр и пкъым хуэщIащ, адыгэ хабзэр и гъащIэм хэлъщ.

ЦIыхугъэ хэлъщ, гу махэ иIэщ, псэ дахэкIэ гъащIэм ходжэразэ си ныбжьэгъу щIалэр. Сыту си гуапэ апхуэдэ цIыху лъэпкъым зэрыдиIэр. Егъэлеяуэ лъэпкъым зыгуэр хуимыщIэми, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ, фIыуэ илъагъур и адыгэ щIыналъэрщ!

Тхьэрыкъуэм хэнахэм - бгъащхъуэ

 Хэплъыхь Iыхьэншэщ. Сыту пэж дыдэ! Дыхэплъыхьрэ къыхэдмыхыфу, дыIэнкуну, зэ модэкIэ зым дыхуеплъэкIыу, зэ мыдэкIэ дыIэпхъуэлъапхъуэурэ зэманыр догъакIуэри, гъащIэр доух.

ПсынщIэу, бгъуэуэ икIи куууэ дыщIэгупсыса нэужь, зыгуэр къыхэтхрэ тедубыдэфмэ, ди кIэн къызэрикIым, дызэрефIэкIуэнум шэч хэлъкъым. «Жьыуэ къэтэджарэ пасэу къэзышарэ щIегъуэжыркъым», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Хэтхэ я унэ къанжэ тес? Къанжэ къэслъыхъуэурэ, зысплъыхь зэпытурэ, бзуущхъуэ цIыкIуи, тхьэрыкъуэ хужьыбзи, пцIащхъуэ дахащи нэкIэ семыплъаи.. Бгъащхъуэм иджы сыкъыхуэмынэжыну пIэрэ?

«Уэдыдыдыр» къысхуокIуэ...

Хэтхэ я унэ къанжэ тес?

ГъащIэр плъыфэ зэмыфэгъуу зэхэлъщ. Абы щумылъагъурэ къыщымыхъурэ щыIэкъым. ФIыри Iейри и куэдщ абы. Щыхуейм, жьапщэ щIыIэу къыкъоури, псори ирехьэжьэ.

Мыпхуэдэм деж ирихьэжьэр Iеймэ, фIыцIагъэмэ - здынимыхьэс умыгъуэтын. Ауэ дахагъэкIэ тыгъэу щIэзыдза гъащIэр мэгъагъэ, мэщыгъэ, уегъэщIыф гугъэ. ИтIанэ цIыхум къыкъуокI лIыгъэ, мэкIуэд залымыгъэр, мэбатэ цIыхугъэр. ЦIыхугъэр куэдмэ, нэхъыфIи сыт ухуей? Дахагъэр псоми яхэлъмэ, абы уи гур игъэинкъэ?!

Нобэ апхуэдэ зы махуэу къыщIэкIынщ - гъащIэр зи гугъу сщIы дахагъэкIэ мэуэршэр. Ар дауэ жыфIа? Сыкъэзыухъуреихьхэр: цIыхухэри, дыгъэ къепси, жьы къепщи, уэгу къащхъуи, щIыгу щхъуантIи – псори къызопсалъэ. Дэтхэнэми къипсэлъым хуабагъэ къыпкърокI, сагъэгушхуэ, сагъэин. Хэти и щэху къысхуеIуатэ, хэти насыпыфIэ сищIын мураду, къанжэ зытес унэ къысхуелъыхъуэ.

Хэтхэ я унэ къанжэ тесми сымыщIэ, ауэ гуэгъу-фэгъукIэ сызыхуэпабгъэ цIыхупсэр сщIыгъуащ. Арагъэнущ гъащIэр нобэкIэ щIэгуапэр. ГъащIэм пэлъэщыфын щымыIэу си гугъати, ар пэжкъым. Лъагъуныгъэр псоми полъэщыф!

Хэт сыт хуей?

 Сабийм нэхъ дахэ хэт щыIэ? НтIэ хуэныкъуэкъэ ар анэIэ щабэ, хуабэ, анэбзэ дахэ?

Удз гъэгъари дахэкъэ? Ари хуэныкъуэщ уэсэпс ткIуэпс, дыгъэпс лъэщ...
 Уафэм щыхуарзэ бгъащхъуэр дахэкъэ? Абы и дахагъэр елъытащ хуитыныгъэм, уафэгу къащхъуэм...

Си шыпхъуитIыр дахащэхэкъэ? Ахэри хуейщ щIэгъэкъуэн, гукъыдэж, лэжьыгъэ, дэлъху гулъытэ, адэ-анэ я IэфI, щхьэгъусэ и жьауэ, бын дыгъэ-щыгъэ...
 ДахагъэкIэ къытхуэгуапэу дунейм дыкъытезыгъэхьа адэ-анэхэр хуейщ гуапагъэ, гулъытэ, гущIэгъу, хуабагъэ. Ахэр дэ къытхуейщ!

 

МАХУЭЛI Беслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.