ТАМБУКЪАН ГУЭЛ ТЕЛЪЫДЖЭР

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ ЯтIэкъуэ къуажэмрэ Ставрополь крайм и Предгорнэ щIыналъэмрэ я зэхуакум дэтщ Тамбукъан гуэлыр. Абы и лъабжьэм щIэлъщ хущхъуэгъуэ зыхэлъ ятIэу тонн мелуанрэ ныкъуэм нэблагъэ. Ар 1886 гъэ лъандэрэ медицинэм къыщагъэсэбэп. Тамбукъан гуэлымрэ и хъуреягъымрэ ящыщщ нэхъ сакъыу яхъумэ щIыуэпс фIыгъуэхэм.

Езы гуэлыр тIууэ гуэшащ: Тамбукъанышхуэрэ Тамбукъан цIыкIуу. А тIум я кум метритI и лъагагъыу метр 300 и бгъуагъыу мывэ щызэтекIутащ. Гуэлым еубыд гектар 210-рэ. Абы и Iыхьэ плIанэр Ставрополь крайм хохьэ, адрейр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ. Гуэлым и ныбжьыр лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъууэ хуагъэфащэ щIэныгъэлIхэм.

Тамбукъан гуэлым зэреджэр Тамбий адыгэпщым и цIэм къытохъукI: «Тамбий и увыIэпIэ». Пщым и кхъащхьэри абы пэжыжьэкъым.

Ди зэманым гуэлыр нэхъ ин хъуащ. Абы и кууагъым зехъуэж псы къыхэхъуэм елъытауэ. Езы гуэлыр хуэкIыхь-хъурейуэ щытщ, шыугъэщ. И хъуреягъкIэ щыт жыгхэр псы шыугъэм игъэгъуащ. Гуэлым и кIыхьагъщ километритI, и бгъуагъыр зы километр мэхъу. Махуэ дыгъэпсым къыпщохъу фIыцIэу, ауэ гъунэгъуу убгъэдыхьэрэ гуэлым ухэплъэмэ, алэрыбгъу хуэдэу, хущхъуэ къызыхащIыкI ятIэр уолъагъу.

Физико-химие, биологие унэтIыныгъэхэм я щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, а ятIэм хэлъ микроэлементхэр, антиоксидантхэр, нэгъуэщI куэди цIыху Iэпкълъэпкъым сэбэп хуохъу. Абы къищынэмыщIауэ, гуэлым къыхах илъэс меларди 3,6-рэ зи ныбжь, псы щIагъым къыщыкI къэкIыгъэхэр. Абы хэлъщ цIыхур зыхуэныкъуэ, фIыуэ езэгъ пкъыгъуэхэр.

Нэхъ пасэ зэманым гуэлым и щIагъым щIэлъ ятIэр IэкIэ къыдрахьейрэ фэндырэхэм, цистернэхэм иракIэурэ хъумапIэхэм щIалъхьэу щытащ. Къыщагъэсэбэпынум и деж ещхьыркъабзэу пэгунхэм иракIэурэ къыдрахьеижырти, ягъэхуабэрт градус 45-50-м нэскIи, санаторэхэм зэбграшыжырт. Абы къарууи зэмануи куэд текIуадэрт. Иджы псори куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ.

НэхъэпэIуэкIэ илъэсым ятIэу тоннищ къагъэсэбэпу щытамэ, иджы тонн 14 къыхах. Апхуэдэу екIуэкIмэ, псы щIагъым щIэлъ ятIэр иджыри илъэс 200-м щIигъукIэ цIыхухэм яхурикъунущ.

 Тамбукъан ятIэр ди къэралым имызакъуэу нэгъуэщI къэралхэми къыщагъэсэбэп. Ар дуней псом щыцIэрыIуэ тенджыз ЛIам (Мертвое море) хэлъ ятIэм хуагъадэ. Гуэлым хэлъ ятIэр щIыдагъэм хуэдэу къэхъуу жаIэ. Ар псым къыхах бадзэуэгъуэм къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэ пщIондэ.

Хэку зауэшхуэм и зэманым ятIэр уIэгъэм тралъхьэу щытащ, ар нэхъ псынщIэу, е емыкIуэу кIыжын папщIэ.

Нэхъыбэу ятIэр къыщагъэсэбэп медицинэмрэ косметологиемрэ. Абы хэлъ пкъыгъуэхэм Iэпкълъэпкъыр щIалэ ящIыж, напафэр ягъэкъабзэ, лъыр фIыуэ зэрагъакIуэ, узыншагъэр ягъэбыдэ.

Тамбукъан гуэлым хэлъ ятIэр хущхъуэщ жыпIэныр мащIэщ - абы уасэ иIэкъым.

 

 

БИЦУ Жаннэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.