|
Статьи на кабардинском языке
8 сентября, 2022 - 07:04
Налшык ущIэкIуэ хъун щхьэусыгъуэхэм язщ тылым и лэжьакIуэу, трактористу, комбайнеру щыта си анэшхуэ Черепановэ Софье Исаак и пхъум къысхуигъэна уэсятыр. Си нэгу къыщIоувэж розэхэмрэ псей щхъуантIэхэмрэ яхэту ар къызэрыгуфIыкI сурэтыр. «Налшык, 1967 гъэ», - жиIэу тетхат абы. Илъэс куэд хъуащ си анэшхуэр зэрызимыIэжрэ.
8 сентября, 2022 - 06:03
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр и щэнхабзэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ адыгэ лъэпкъым зэрыгушхуэн и мащIэкъым. Сыт и уасэ лIэщIыгъуэкIэрэ абы къыдекIуэкI и къафэ дахэр. Лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр къафэм теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Адыгэ къафэр дахэ дыдэщ, хореографие теплъэ гъэхуа зиIэщ, гум мафIэр щIэзыгъанэ нэжэгужагъэ зыпкърылъщ…»
7 сентября, 2022 - 12:02
Иджыри 1995 - 1996 гъэхэм Ташло Алий хэтат Карузэ Энрикэ, Пуччини Джакомэ сымэ я щIыхькIэ Милан къыщызэрагъэпэщауэ щыта дунейпсо зэпеуэхэм. Апхуэдэуи Ла Скала оперэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Негри Робертэ уэрэджыIакIуэр иригъэблагъэри, и Iэзагъэм и деж щыхригъэгъэхъуат.
7 сентября, 2022 - 07:01
ЛъакъуэрыгъажэкIэ зекIуэ гъуэгуанэ техьэныр, «велотуризм» жыхуаIэр, нэ щIэщыгъуэкIэ дунейр уэзыгъэлъагъу Iэмал гъуэзэджэхэм ящыщщ. Абы хузэфIокI, лъэсу къэпкIухькIэ щIэх зэщIумыгъэхьэфын, автомашинэкIэ уздынэмысын щIыпIэ телъыджэхэр къуигъэплъыхьын.
7 сентября, 2022 - 07:01
«Эртугрул къэхъужа»-м емыплъарэ темыпсэлъыхьыжарэ щыIэж къыщIэкIынкъым. Абы и пкъыр зэхэзылъхьа тырку сценарист, актёр Энгин Атиллэ иджы Кавказ зауэм и тхыдэм зыхуегъазэ. Урысейм, Тыркум, Мысырым, Сауд Хьэрыпым зыщиубгъунущ абы и лэжьыгъэщIэм. Фильмым хагъэхьэну я мурадщ Щамил Iимамым и гъащIэм щыщу мыхьэнэ нэхъ ин зиIэ Iыхьэхэр.
6 сентября, 2022 - 12:59
Эпидемиологиемрэ микробиологиемкIэ ЩIэныгъэ КъэхутакIуэ Институтым и унафэщIым ЩIэныгъэмкIэ министерствэр къыхуреджэ школакIуэхэр еджапIэ къыдамыгъэкIыну, унэм щIэсу зэрырагъаджэ Iэмалыр зэтраублэжыну.
6 сентября, 2022 - 05:59
«Пушкиным и картэр» зыIыгъхэр мелуани 6 хъуащ. Абы теухуауэ иджыблагъэ Сабий щэнхабзэ зэхыхьэм къыщыпсэлъащ «Пушкин и картэ» программэм и техникэ унафэщI Минаев Александр.
6 сентября, 2022 - 05:58
Къэбэрдей Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Джылы - Су турист кIуапIэ нэхъ ехьэжьахэм хабжэн папщIэ, иджырей мардэхэм тету зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIыну я мурадщ.
5 сентября, 2022 - 06:30
Лъэпкъ театрым, кином зи цIэр игъафIэ артист пэрыт, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэм, Абхъазым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кубаным щIыхь зиIэ я артист Зыхьэ Заурбий и ныбжьыр мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъуащ.
5 сентября, 2022 - 06:29
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ цIыхухэм зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь, уэршэрыпIэ яхуэхъун жыг хадэщIэ къыщызэIуахащ. Абы теухуа зэIущIэм ирырагъэхьэлIащ УФ-м и Президентым Донбассыр хъумэным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхар зэрыдаIыгъымкIэ пэкIур.
Страницы
|