ЗЭНЫКЪУЭКЪУР ЩIЫУЭПСЫМ И БИЙЩ

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2001 гъэм и щэкIуэгъуэм хъыбар зэбгригъэхат, къэралхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэпэщIэувэныгъэхэр нэхъ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIагъэхьэр къэлъытауэ, а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм жылагъуэр пэщIэтыным къыхуезыджэ махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р къэлъытэн зэрыхуейм теухуауэ. 

Къэралхэр а унафэм щеувалIэм, псом япэу зэгупсысар адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъей зауэхэм зэраныгъэшхуэ къызэрашэм къыхэкIыу, ахэр дыкъэзыухъуреихь дунейм хъугъуэфIыгъуэу пкърылъми икъукIэ зэрегуауэрщ. Уеблэмэ щIыуэпсым къылъыс тхьэмыщкIагъэр апхуэдизу инщи, зэжьэхэуэныгъэхэм къарикIуэм «ижь» зыщIихур абыхэм зыщаубгъу къэралхэмрэ щыпсэу цIыхухэмрэ я закъуэкъым, атIэ а хэкухэм къедза Iэхэлъахэри гузэвэгъуэшхуэм хадзэ, щIэблэщIэми щIэин мыхъумыщIэкIэ «яхуоупсэ». 
ООН-м къулыкъу щызыIыгъхэр зэрегупсысымкIэ, зи гугъу тщIа хьэкIэкхъуэкIагъэм хуэдэхэр къамыгъэхъун е, нэгъуэщI мыхъуми, ягъэмэщIэн яхузэфIэкIынут зэпэщIэувэныгъэ гущIэгъуншэхэм зэпигъэщхьэхукI лъэныкъуэхэр щIыуэпсым леишхуэ зэрырамыхыным хущIэкъуатэмэ. Мыбдежым дигу къэдмыгъэкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым совет лъэхъэнэм кинотеатрхэми телевиденэми куэдрэ ягъэкIэрахъуэу щыта «Отец солдата» фильм цIэрыIуэр. Абы еплъахэм щыщу хэт зи нэгу къыщIэзымыгъэувэжыфынур Махарашвили куржы дадэр, и къуэр къыщилъыхъуэу зауэм здыпэрытым, Германием и щIыналъэм къыщихутарэ советыдзэхэм я гъусэу здэкIуэм, танкзехуэхэр я «гъущIышымкIэ» зрихьэлIа жызумыпкъэр щысхьыншэу зэрызэхаутэр и гум щIыхьэщауэ зэрыщытар… 
Швейцарием и къалащхьэ Женевэ къэралхэм къыщызэдащта зэгурыIуэныгъэм къыщагъэлъэгъуат адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъей зэпэщIэувэныгъэу зауэм хуэкIуэжхэм щIыуэпсым зэраныгъэшхуэ ирамыхын хуэдэу, ахэр мардэ хэгъэунэхукIам зэритыпхъэр. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ мэкъумэш щIапIэхэр щхьэзыфIэфIагъэкIэ зэхэбутэ зэрымыхъунур экологие мыхьэнэ зиIэу къэлъытэныр. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, мащIэ дыдэщ а гупсысэм иригъуазэу зауэ IэнатIэм пэрыувэр. Ауэ, итIани, къэрал унафэщIхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я нэхъыбапIэр зэрегупсысымкIэ, игъуэ хъуащ (хэмытIэсамэ), ЩIы Хъурейм и къэкIуэнур зэрыхэплъэгъуэ дыдэм къыхэкIыу, щIыуэпсым щхьэзыфIэфIагъэкIэ лей езыххэри зэрымыщIэкIэ ар Iисраф зыщIхэри дунейпсо жэуапым ешэлIэныр къызэгъэпэщыныр. 
Зи гугъу тщIы Iэмалхэм хуэдэхэр щызэхагъэувэкIэ, ООН-м щылажьэхэр зыщыгугъыр зыщ: зэпэщIэувэныгъэ мыхъумыщIэхэм зыдезыгъэхьэххэм дыкъэзыухъуреихь дунейм леишхуэ ирах зэрымыхъунур я щхьэм кърагъэхьэкIэрэ, я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъухэри зауэм зэрыхуамыгъэкIуэжынырщ, зэпэщIэува лъэныкъуэхэм «фызэзауэми, фи хъуреягъкIэ зэтекъутэныгъэхэр къыщывмыгъэхъу!» яжепIэныр, дауи, щхьэгъэпцIэжщ, хэкIыпIэ щIагъуэу зэрыщымытри гурыIуэгъуэщи... 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.