Статьи на кабардинском языке

Адыгэбзэр зыхэт гугъуехьхэр зэпкърах

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту шыщхьэуIум и 17-м Налшык къалэ щекIуэкIащ адыгэбзэр ­хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьа дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс.

ЩIыналъэхэр зэпызыщIэ щэнхабзэ зэхыхьэ

Нарт Хэку ЩIалэгъуалэ Хасэм нэгъабэ Налшык къалэм Абхъа­зым и утым япэу щиубла хэгъэгу джэгушхуэм нэгъуэщI щIыналъэхэми щыпащэу абы зэрызрагъэубгъур гуапэщ. Адыгейм и ­къалащхьэ Мейкъуапэ шыщ­-  хьэ­уIум и 7-м щекIуэкIа а щэн­хабзэ зэхыхьэм хэтахэм гукъи­нэж ящыхъуащ дуней псом щызэбг­рыдза адыгэхэр нэхъри зэ­къуэ­зыгъэувэ, я зэпыщIэныгъэхэр зыгъэбыдэ пшыхь щIэ­щыгъуэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр

Псыхуабэ (Пятигорск) щекIуэкI «Мэ­шы­къуэ-2018» Кавказ Ищхъэрэ ­щIа­­лэгъуалэ зэхыхьэм шыщхьэуIум и 12-м щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр. Абы щыIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Къардэн Мурат, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, ­КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, район унафэщIхэр.

Коррупцэм пэщIэтыныр Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ

КъБР-м и Правительст­вэм и Унэм щекIуэкIащ ди республикэм коррупцэм щыпэщIэтынымкIэ лэ­жьыпхъэхэм ятеухуа семинар.

Куэд дыдэкIэ дыфщогугъ!

КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ еджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм иджыблагъэ щызэхашащ «Августёнок» щIыналъэ зэхуаку щIалэгъуалэ лагерыр. А лэжьыгъэр къызэригъэпэщащ еджапIэ нэхъыщхьэм и студсоветхэм я зэгухьэ­ныгъэм. Абы къызэщIиубыдащ зэхуэзэ хьэлэ­мэтхэр, пшыхь гъэщIэгъуэнхэр, лекцэ куп­щIа­фIэхэр.

Ди шагъдийхэр Бытырбыху щагъэлъагъуэ

ШыщхьэуIум и 9-м щегъэжьауэ и 12-м нэс Санкт-Петербург (Бытырбыху) къалэм щекIуэкIынущ Шыхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, «Иппосфера-2018» фIащауэ.

УнафэщIхэр еплъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыщу нэхъ зыхуэсакъын хуейхэм

Урысей Федерацэм граждан зыхъу­мэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэ­рымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэ­дыжынымкIэ и министр Зиничев Евгенийрэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александррэ махуитI япэкIэ кхъухьлъатэкIэ къыщалъэтыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыщу псыдзэхэм нэхъ зэраныгъэшхуэ къыщ

Сабий поликлиникэхэр ирагъэфIэкIуэнущ

КъБР-м и Правительствэм и Унэм ­дыгъуасэ щекIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 17-м щыхэплъащ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. Iуащхьэмахуэ лъапэ хиубыдэ Азау хуейм щахуэзащ «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр» Урысейм зэкъуегъэувэ-2018» федеральнэ проектым хэтхэм

Мы проектым хиубыдэ Iуэхухэр мы ­зэманым щокIуэкI Центральнэ, При­волжскэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм. Абы хэтщ Урысейм и щIыналъэхэм, ди гъунэгъу къэралхэм ящыщу 20-м къикIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке