КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. Iуащхьэмахуэ лъапэ хиубыдэ Азау хуейм щахуэзащ «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр» Урысейм зэкъуегъэувэ-2018» федеральнэ проектым хэтхэмМы проектым хиубыдэ Iуэхухэр мы зэманым щокIуэкI Центральнэ, Приволжскэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм. Абы хэтщ Урысейм и щIыналъэхэм, ди гъунэгъу къэралхэм ящыщу 20-м къикIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Проектыр зытеухуар лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнырщ, щэнхабзэ-тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнырщ, экологием шынагъуэ къытемыгъэхьэнырщ. «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр» отряд зэгуэтым хохьэ Урысейм и щIыналъэхэм, апхуэдэу къэралым и ВУЗ нэхъ инхэм я волонтёру 120-рэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|