Куэд дыдэкIэ дыфщогугъ!

КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ еджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм иджыблагъэ щызэхашащ «Августёнок» щIыналъэ зэхуаку щIалэгъуалэ лагерыр. А лэжьыгъэр къызэригъэпэщащ еджапIэ нэхъыщхьэм и студсоветхэм я зэгухьэ­ныгъэм. Абы къызэщIиубыдащ зэхуэзэ хьэлэ­мэтхэр, пшыхь гъэщIэгъуэнхэр, лекцэ куп­щIа­фIэхэр.

«Августёнок»-м щыIэхэм мы махуэхэм я хьэ­щIащ КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректор, химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Малкандуев Юсуф. Лагерым щекIуэкI Iуэхугъуэхэмрэ абы и мыгъэрей зэхуэсым и мурадхэмрэ къалэнхэмрэ хьэщIэр щыгъуазэ хуащIащ КъБКъУ-м ЩIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Жабеловэ Гюльнарэрэ лагерым и унафэщI, КъБКъУ-м и Студсоветым и пашэ Аулъэ Ахьмэдрэ. Абыхэм зэрыжаIамкIэ, «Августёнок»-р 2009 гъэ ­лъандэрэ мэлажьэри, зы илъэси къэмынэу ­щокIуэкI студент активым я еджэныгъэхэр. Лагерым щыIэ лекцэхэр, зэпеуэхэр, тренингхэр, семинархэр, мастер-классхэр хуэгъэпсащ щIалэгъуалэм ­ябгъэдэлъ зэфIэкIым хэгъэхъуэным, студент само­управленэр гъэлэжьэнымкIэ хабзэхэм ахэр щыгъуазэ хуэ­щIыным. КъинэмыщIауэ, студентхэм утыку ирахьэ я творческэ зэфIэкIхэр, загъэпсэху, я узыншагъэри ирагъэфIакIуэ.
Апхуэдиз лэжьыгъэ щызэфIах гъэмахуэ лагерыр студент активым я зэфIэкIхэм щыхагъахъуэ зэхуэс­хэм я нэхъыфIу хуэфащэ дыдэу къилъытащ ЩIа­лэгъуалэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм.
Студент самоуправленэм нэхъри зиужьынымкIэ лагерым мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщу, Малкандуевым жиIащ къэралыр щIалэгъуалэ жыджэрхэм куэдкIэ зэращыгугъыр. Апхуэдэу хьэщIэ лъапIэм студентхэр къыхуриджащ, щIэныгъэ куу зэрызрагъэгъуэтым къыдэкIуэу, жылагъуэ гъащIэм хуаIэ набдзэгубдзаплъагъэм адэкIи хагъэхъуэну, республикэм и къэкIуэнумкIэ жэуаплыныгъэр зы­хащIэу Iуэху зэрахьэну.
- Ди университетым иджыпсту щекIуэкI зэхъуэ­кIыныгъэфIхэр хуэгъэпсащ абы «щIыналъэпсо еджапIэ нэхъыщхьэ» статусыр къыхуагъэфэщэным, - жиIащ Малкандуевым. - Абы и лъэныкъуэкIи ­мыхьэнэшхуэ идот мыпхуэдэ щIалэгъуалэ гъэма­-хуэ лагерхэм я зыужьыныгъэм.
Проректорыр къытеувыIащ КъБКъУ-м щекIуэкI щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэщIэхэм, грант къы­зыпэкIуэ программэхэм. ИужькIэ абы студентхэм я упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэм жэуап нэсхэр ­яритащ. Ахэр епхат еджапIэ нэхъыщхьэм и лэ­жьэ­кIэр зэребгъэфIакIуэ хъуну щIыкIэхэм, студсоветхэм яIэ хуитыныгъэхэм.
- ИпэжыпIэкIэ жыпIэнурамэ, сэ фэ, зи щIалэ­гъуэхэм, сынывохъуапсэ икIи сыфхуогуфIэ. Сэ нобэ нэрылъагъу дыдэ сщыхъуащ фхэлъ жыджэрагъымрэ фи мурадхэмрэ гъунапкъэ зэрамыIэр. Мы зэманым ди университетым бгъэдэлъ мылъку-­техникэ зэфIэкIыр абыкIэ сэбэпышхуэ къыфхуэхъунущ, дэ апхуэдэ Iэмалхэр пщIыхьэпIэуи тлъэгъуа­къым, - захуигъэзащ студентхэм Малкандуевым. - А псоми ехъулIэныгъэфIхэр къытхуихьащ. Къапщтэмэ, Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщ­хьэ 288-м ящыщу КъБКъУ-м 66-нэ увыпIэр щи­Iыгъщ егъэджэныгъэм и фIагъымкIэ, щекIуэкI щIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ ар щытщ 50-нэ увыпIэм, инновацэ технологиехэр лэжьыгъэм къызэрыщагъэсэбэ­пымкIэ университетыр уващ 45-нэ увыпIэм. Апхуэ-дэ Iэмалхэр зиIэ фэ IэщIагъэлI щыпкъэхэр къыф­хэкIын, фызыпэрыт дэтхэнэ Iуэхугъуэхэри фыкъы­хэ­жа­ныкIыу зэфIэфхын хуейщ.
ЗэIущIэр иухащ хьэщIэри бысымхэри зэхуэарэ-зыуэ, зым адрейм фIыщIэ хуищIу. Шэч хэлъкъым апхуэдэ зэхуэзэхэр студентхэми КъБКъУ-м и уна­фэщIхэми я дежкIэ гукъинэж зэрыхъунум.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.