УнафэщIхэр еплъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыщу нэхъ зыхуэсакъын хуейхэм

Урысей Федерацэм граждан зыхъу­мэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэ­рымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэхъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэ­дыжынымкIэ и министр Зиничев Евгенийрэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александррэ махуитI япэкIэ кхъухьлъатэкIэ къыщалъэтыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыщу псыдзэхэм нэхъ зэраныгъэшхуэ къыщахьынкIэ хъунухэм.

Абыхэм гулъытэ хэха хуащIащ Бахъ­сэн, Шэджэм псыхъуэхэм я щытыкIэм, мылджейхэм къащIэж псыр щызэтрихьэ гуэлхэм, нэхъыбэрэ уэлбанэхэм къалъэс адрей щIыпIэхэм. Иджыпсту республикэм и бгылъэ щIыпIэхэм мылхэмрэ уэсымрэ егъэлеяуэ псынщIэу щоткIу. Абы къыхэкIыу шынагъуэ щыIэщ Герхожан псым джабэхэр къыгуилъэсыкIынкIэ, апхуэдэу Iуащхьэмахуэ районым хиубыдэ Башкара гуэлыр къыщхьэщихункIэ.
А псоми еплъу къетIысэхыжа иужь, Зиничев Евгенийрэ Матовников Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий хуэзащ.
Министрым къипщытащ Урысейм и МЧС-м и Iуащхьэмахуэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупыр «Iуащхьэмахуэ лъапэ» турист кластерым хиубыдэу щыпсэу­хэмрэ абы зыщызыгъэпсэхухэмрэ шынагъуэ ятемыгъэхьэным зэрыхуэхьэзырыр. Зиничев Евгений ведомствэм и щытхъу тхылъхэмрэ дамыгъэхэмрэ яритащ мы IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм ящыщу зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэ хэхахэр къыщызыхьахэм.

 

Урысейм и МЧС-м, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэхэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.