Адыгэбзэр зыхэт гугъуехьхэр зэпкърах

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту шыщхьэуIум и 17-м Налшык къалэ щекIуэкIащ адыгэбзэр ­хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьа дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр ­Къумыкъу Iэуес, КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэ­лэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ­Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъ щIэныгъэ­хэмкIэ и къудамэм и унафэщI ­Табыщ Мурат, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Тыркум, Иорданием къикIа щIэныгъэлIхэр, жыла­гъуэ лэжьа­кIуэхэр, ди республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр, ДАХ-м и Гъэ­зэщIакIуэ гупым хэтхэр.

ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы къыхигъэщащ нобэ къаIэта Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Анэдэлъхубзэр цIыхум езым и фIэфIыныгъэкIэ иджыну хуиту Урысейм къыщащта унафэм лъэпкъ куэд игъэпIейтеящ, адыгэри яхэту. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэп­къэгъухэр гузавэу къыкIэлъыплъащ ди къэралым къыщрахьэжьа Iуэ­хум. Ар зы гуныкъуэгъуэу нобэ къытлъыкъуэкIащ. ЕтIуанэу бзэм ехьэлIауэ нэхъ дызытепсэлъыхьыр зы адыгэ тхыбзэ зэхэлъхьэныр аращ. Адыгей диалектымрэ къэбэрдей диалектымрэ зэгъусэу куэд щIауэ къогъуэгурыкIуэ, зы литературэбзэ ды­хуейщ жытIэу нэгъуэщI бзэ къыщIэдгъэщIын щыIэкъым. Ауэ зэпэгъу­нэгъу тщIыну дыхуеймэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ. А псори зэпкъ­рытхыу зы гупсысэ пыухыкIа ды­хуэкIуэну, лъэпкъым къытхуэ­щхьэ­пэн унафэ къэтщтэну си гуапэщ, - жиIащ Хьэ­фIыцIэм.
КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес и псалъэм къыхигъэщащ бзэр хъумэнри абы зегъэужьынри ар зи анэдэлъхубзэу щыт лъэпкъым куэдкIэ зэрелъытар.
- Дэ къыдгуроIуэ къэралыр къы­дэмыIэпыкъумэ, бзэр зэрыужьы­хыр. Абы трищIыхьу, республикэм ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Iуэху пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI лъэпкъыбзэхэр курыт еджапIэхэм щегъэджыным, методикэ Iэмалхэр къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ, - къыпищащ Къумыкъум. - А къалэн нэхъыщхьэ псоми къа­дэкIуэу, бзэм къылъыкъуэкI гугъуе­хьхэр гулъы­тэншэу къэдгъэнэнукъым икIи сытым дежи ди нэIэ ­тетынущ. Си фIэщ мэхъу нобэрей зэIущIэм хэтынухэм министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм хуэщхьэ­пэн къызэры­халъхьэнур, хэкIыпIэ­хэри зэраубзы­хунур.
КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор къыхигъэщащ ­къаIэта Iуэхур лъэпкъым дежкIэ зэрысэбэпыр. «Ди министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрегъэпэщ хамэ къэралхэмрэ ди къуэш республикэхэмрэ ящыщ сабийхэр ди щIыналъэм къэтшэныр, зыщегъэгъэпсэхуныр. А ныбжьыщIэхэм ядыдолъагъу адыгэбзэм и диалектхэм гугъу зэрырагъэхьыр, тэрмэш яIэн хуей зэрыхъур. Абы ипкъ иткIэ, си щхьэкIэ сфIэкъабылщ ди бзэхэр нэхъ зэпэгъунэгъу хъуным ди щIэныгъэлIхэмрэ ар зи IэщIагъэхэмрэ елэжьыну, щIыналъэкIэ зэбгрыдзами, бзэрэ гукIэ зэпэгъунэгъуу ди лъэпкъэгъухэр къызэдекIуэкIыну», - жиIащ КIурашыным.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ иужьрей зэманым бзэм теухуауэ ­къекIуэкI псалъэмакъхэм дэнэ щыпсэу адыгэри къызэрызэщIиIэтар, уеблэмэ абы нэхъ дызэрызэрипхыжар.
- Сыт хуэдэ лъэпкъ ирехъуи, и бзэр имыIэжмэ, ар дунейм темытыжу къэплъытэ хъунущ. Ди бзэр хъума хъун папщIэ ди щIэблэм яIу­рытлъхьэу дыкъекIуэкIын хуейуэ аращи, фIыщIэ яхуэсщIыну сы­хуейщ махуэ къэс сабийхэм ядэлажьэ егъэджакIуэхэм. Къэралым сыт хуэдэ унафэ къищтэми, къэрал къулыкъущIапIэхэм сыт япэ ирагъэщми, анэдэлъхубзэмкIэ егъэ­джакIуэр сыт щыгъуи зытелажьэр лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм и анэдэлъхубзэр игъэбзэрабзэу къэгъэхъунырщ. Ахэращ а бзэм и хъумакIуэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунури, - жиIащ Хьэутий.
Тхьэмадэр убгъуауэ тепсэлъы­хьащ бзэм теухуауэ щыIэ гу­гъуехьхэм я хэкIыпIэ хъуну къилъытэхэм, а Iуэхум ехьэлIауэ зэфIэгъэкIыпхъэу къагъэувхэм ДАХ-р иужь зэритынур, щIэныгъэлIхэм ­къаIэт Iуэхухэр зэрыдаIыгъынур, ар республикэхэм я унафэщIхэм я ­пащхьэ илъхьэнымкIэ Хасэшхуэр дэIэпыкъуэгъу зэрыхъунур.
Адыгэбзэм и тхыбзэ хабзэхэмрэ пэжырытхэхэмрэ зэтегъэхуэным, зы адыгэ тхыбзэ зэфIэгъэувэным, бзэм зэрызрагъэужь Iэмалхэм, хамэщI щыпсэу адыгэхэм адыгэбзэр зэрегъэджыпхъэм, IэщIагъэ щыз­рагъэгъуэт еджапIэхэм адыгэбзэр щегъэджыным, нэгъуэщIхэми теп­сэлъыхьащ филологие щIэныгъэ­хэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и ­институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI БищIо Борис, ­КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцент ­Къардэн Мусэдин, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI ТIымыжь Хьэмы­щэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ пашэ БакIуу Хъанджэрий, КъБР-м ЦIыху­хэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ и ­къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, профессор, КъШР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, Къайсэр университетым (Тырку) щезыгъаджэ Иуан Зэуал, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, АР-м ­Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым БзэщIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Ансыкъуэ Сурэт, ДАХ-м хэт МэшхуэфI Нэждэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
Адыгэбзэр хъумэным, зегъэу­жьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щы­зэпкъраха дунейпсо щIэныгъэ зэхуэ­сыр махуэ псом екIуэкIащ, пэублэ зэIущIэр зэфIэкIа нэужь, IэщIагъэлIхэм гупитIу загуэшри, Iуэхугъуэ пыухыкIахэм тепсэлъыхьащ. Ди газетым фыщигъэгъуэзэнущ зэхуэсым щыжаIамрэ унафэу къыщахьамрэ.
 

НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.