|
ДАКЪИКЪИПЩI ЗЫТЕКIУАДЭ ЛЪЫШЭ
4 мая, 2023 - 06:25
Марсыр къэгъэIурыщIэным цIыхухэр зы лъэбакъуэкIэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуащ.
ЩIэныгъэлIхэм ар жаIащ тхыдэм щыяпэ дыдэу Къэмыланджэ (Perseverance) марсырыкIуэ роверым пкъралъхьа MOXIE (Mars Oxygen ISRU Experiment) Iэмэпсымэ цIыкIум «планетэ» плъыжьым» и хьэуам узэрыбауэ хъун лъышэ (кислород) «Iэбжьыб» къызэрыхиIущIыкIыфам щыхьэт техъуа иужькIэ.
Марсым и атмосферэр ЩIы Хъурейм ейм фIыуэ къызэрыщхьэщыкIым къыхэкIыу, урибэуэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Къэдгъэлъагъуэмэ, и IувагъкIи куэдкIэ нэхъ пIащIэщ, лъышэу къыхэбгъуэтэнури и процент 0,13-рэ хуэдизщ.
ХупцIынэ зэрызыхапщэ Iэмэпсымэ хуэдиз зи инагъ MOXIE (Mars Oxygen ISRU Experiment) аппарат цIыкIур зэригъэлэжьа сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу, Къэмыланджэ роверым лъышэу мызыгъуэгукIэ зэхуихьэсыфар мащIэ дыдэщ – грамми 5,37-рэ зи хьэлъагъ хуэдизщ. Абы щхьэкIи зэригъэзэхуа углекислэ газыр градус 800-м нэблагъэкIэ къызэщIигъэплъэн хуей хъуащ. А мащIэм зы цIыхур зэрырибэуэфынур, ику иту къатщтэмэ, дакъикъипщI къудейщ.
ИлъэситI ипэкIэ
Дигу къэдгъэкIыжынщи, НАСА – м и IэщIагъэлIхэм къагупсысу Iэзэ дыдэу зэхагъэувэжа Iэмэпсымэ телъыджэу Къэмыланджэ (Perseverance) зыфIащар Дыгъэм къедза уафэщIхэм ящыщ Марс 2021 гъэм мазаем и 18-м щригъэувэхат. Абы килограмм 1043-рэ и хьэлъагъщ. Ар щрагъэтIысэхар а планетэм и щхьэфэу абы къытещ кратерхэм яз Джезерощ.
Астрофизикхэм къызэралъытэмкIэ, Perseverance марсырыкIуэм и пщэ далъхьа къалэнхэр мыхьэнэ ин дыдэ зиIэщ. Мы роверым быдэу пкърагъэпщкIухьащ зи гугъу тщIы пхъуантэ цIыкIуу дыщэм къыхэщIыкIар – Марсым и хьэуа пIащIэм хэт углекислэ пкъыгъуэр (газыр) дызэрыбауэ лъышэм тыншу хуэзыгъэкIуэф Iэмэпсымэ Iэрыхуэр.
Марс – хъуэпсапIэ жыжьэ
Махуэ къэс зэхэтх хъыбархэм ятетщIыхьмэ, Марсыр ящыщщ хьэршыр зи нэрыгъ къэхутакIуэхэр япэ дыдэу щетIысэхыну зыщIэхъуэпс уафэщIхэм. Ауэ щыхъукIи, щIэныгъэлIхэри IэщIагъэлIхэри егупсысыпхъэщ а планетэм ягъэкIуэну зыхуамурад астронавтхэр, къащыщI «щIагъуэ» щымыIэу, а щIыпIэ жыжьэм зэрыщизэгъыну Iэмалхэ къызэрырагъэлъэтыкIыжа хъуну щIыкIэхэми.
ЗэрытщIэщи, хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэм къигъэсэбэп гъэсыныпхъэр къызэщIэзыгъэлындэр лъышэ зыхагъэзэрыхьа окислителырщ. NASA–м и IэщIагъэлIхэм къызэрабжамкIэ, дяпэкIэ Марсым щрагъэтIысэхыну зыхуагугъэ космонавтхэм, илъэс псокIэ а уафэщIым жьы къыщашэрэ щыбауэфу щыIэфын папщIэ, тонн псо зи хьэлъагъ лъышэ хуэныкъуэнущ. Ар дыдэхэм, а щIыпIэм къытелъэтыкIыжу ЩIы Хъурейм къагъэзэжыфын папщIэ, зэрысыну ракетэм лъышэ зыхэт окислителу тонн 25-рэ зи хьэлъагъ хузэхуахьэсыжын хуей хъунущ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а Iуэхугъуэм Марсым и хьэуа пIащIэм хэт углекислэ пкъыгъуэр дызэрыбауэ хьэуам хуэзыгъэкIуэф Iэмэпсымэ цIыкIум лэжьэн а уафэщIым зэрыщыщIидзам и мыхьэнэр ин дыдэ ещI, апхуэдиз къэзышэчын лъышэ ди планетэм къытраIэтыкIыу Марсым тыншу зэрагъэIэпхъуэфын Iэмал IэщIагъэлIхэм щIэх къазэрыхуэмыгупсысынур къэтлъытэмэ...
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
|
15.05.2024 - 09:32 Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист |
|
15.05.2024 - 09:31 Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ къуажэхэм фэеплъ пэкIухэр, зэIущIэхэр, зэхуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу. |
|
15.05.2024 - 09:29 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ. |
|
15.05.2024 - 09:27 Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху |
|
15.05.2024 - 09:25 Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залымыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу. |
|