ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭКIЭ ЯПЭУ УТЫКУШХУЭМ КЪОХЬЭ

Владимир областым хыхьэ Суз­даль къалэм иджыблагъэ ще­кIуэ­кIа алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатым зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэл­ъ­э­гъуащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ спорт­с­менхэм.

Зи хьэлъагъыр килограмм 82-м ­нэб­лагъэхэм я зэхьэзэхуэм пэщIэдзэ зэIущIэхэм шэч къызытумы­хьэн те­кIуэныгъэхэр къыщызыхьа Гъуэ­ныбэ Iэуес финал ныкъуэ зэпэ­щIэт­ы­­ны-­гъэм хьэрхуэрэгъу къыщы­хуэ­хъуащ Токио щекIуэкIа Олимп джэгухэм хэ- та Чихиркин Александр. Зэ­IущIэм ху­хаха зэманыр 3:3-уэ иухащ, арщхьэкIэ иужьрейуэ балл къэ­зыхьар Чихиркинырати, абы текIуэ­ныгъэр хуагъэ­фэщащ икIи домбе­якъ медалыр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, щIалэгъуалэм я зэпеуэ­хэм къыщихьа текIуэныгъэ дахэхэм къакIэлъыкIуэу Гъуэныбэм и ехъу­лIэ­ныгъэхэм къы­щыпищащ япэу зыхэта балигъхэм я чемпионатым.
Джылахъстэнейм щыщ спортс­менхэу олимп спорт лIэужьыгъуэ­хэмкIэ Урысей Федерацэм и ко­мандэ къыхэхам хэтхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ саугъэткIэ ­гъэ­лъэпIэным теу­хуауэ Тэрч му­­ниципальнэ райо­ным щIыпIэ са­моуправленэмкIэ    и советым и сес­сием къыщащта уна­фэм ипкъ иткIэ Гъуэныбэ Iэуесрэ абы  и ­гъэсакIуэ Белгъэрокъуэ Эдуардрэ ахъшэ къы­зэрыхахыну сертификатхэр яритащ щIыналъэм и Iэ­тащхьэ Дадэ МуIэед.
«Iэуес ехъулIэныгъэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ япэу зыхэта алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и ­чемпионатым. АдэкIи зэры­хигъэхъуэн Iэмалхэр иIэщ икIи ди гуа­пэу и текIуэ­ныгъэхэм дыпэплъэнущ», - жиIащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэ­тащ­хьэ Дадэ МуIэед.

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ