ЛЪЭПКЪЫМ И БИЙХЭР ИДЖЫРИ ПСЭУЩ

Санкт-Петербург дэт 168-нэ школым Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ иджыблагъэ. Урыс литературэмкIэ егъэджакIуэ, усакIуэ Сапрыкинэ Серафимэ хэIущIыIу ищIащ и дерсхэм Хармс Даниил, Ввведенский Александр сымэ я усэхэм сабийхэм къазэрыщыхуеджэм щхьэкIэ зэрыIуагъэкIар.
ЕгъэджакIуэр IузыгъэкIа Лебедевэ Светланэ школ директору илъэс 30-м щIигъуауэ мэлажьэ, и ныбжьыр илъэс 80-м щхьэдэхащ. Ныбжьым мыбдежым мыхьэнэ щIиIэр ар унафэщIым и къалэн игъэзэщIэну зэран къызэрыхуэхъуракъым, атIэ и Iуэху еплъыкIэр хъарзынэу «къызэрыкIэрыхурщ». «Уэ лъэпкъым и бийхэм, фашистхэм я пыхъуэпышэхэм я усэхэм уакъыхуоджэ еджакIуэхэм, - жриIащ абы Сапрыкинэм. - Ахэр яхуэфэщэпсу игъэтIысауэ щытащ НКВД-м». «Ахэр хабзэкIэ яухеижащ», - жызыIа егъэджакIуэр игъэпсэлъакъым. Е уIуагъэкIыну лъэIу къэтх, е «дзыхь зэрыхуамыщIыжым щхьэкIэ» статьямкIэ уIузгъэкIынущ, къыжриIащ.
«Ди егъэджакIуэхэр зыми хуимыту зэрыраудыхарщ и щхьэусыгъуэр щIалэгъуалэр школым щылэжьэну щIыхуэмеижыр, - зыжьэу жаIэ Сапрыкинэм къыщхьэщыжхэм. – Аращ сабийхэри абыхэм я адэ-анэри IэубыдыпIэншэ щIэхъуар. ЕгъэджакIуэхэр «Iым» жаIэну хуимыт псэущхьэхэм хуагъадэ. Адэ-анэми еджакIуэхэми ахэр къазэрыщыхъур Iэпыдзлъэпыдзущ, нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэр къыдагъэплъыххэркъым, министерствэхэмрэ егъэджэныгъэмкIэ къудамэхэмрэ кIэ зимыIэ отчётхэр ирагъэтх. Урысей школыр и псэм еджэу телъым ещхьщ, и къару псори токIуадэ Iэуэлъауэ къэмыгъэхъуным, фэ зытегъэуэным, ЕГЭ-м, гъуни нэзи зимыIэ тхылъымпIэхэр уцIырхъыным. АпщIондэху щIэныгъэм кIэроху».
«Сэ сыпсэущи, си щхьэ схъумэжыфынущ, - иритхащ езы Сапрыкинэ Серафимэ и фейсбук напэкIуэцIым. – А усакIуэ телъыджэхэу лей зрахахэри жэнэтым щыIэ къыщIэкIынщ, сэ схуэдэ къыщхьэщыжакIуэ мыхьэнэншэ хуэмыныкъуэу. Ауэ апхуэдэ къэхъукъащIэхэм къуэ зиIэ сэ и гугъу сымыщIмэ, ем и цIэ дыдэр къидмыIуэмэ, ди сабийхэм щIэрыщIэу I937 гъэр щэху цIыкIуу къалъэщIыхьэнущ».
ЕгъэджакIуэм игу къегъэкIыж зыкъомрэ зыри жимыIэну зэригугъар. «ИтIанэ сигу къэкIащ, - жеIэ Серафимэ. - А нобэ сызытепсэлъыхьу ямыдэхэр зыхэпсэукIа лъэхъэнэми апхуэдэущ цIыхухэр зэрыщытар: пэжыр жаIэну шынэу. Иджы сэ си жьэ зэщIэзмыхмэ, сыт ди сабийхэр къэзыхъумэнур, си къуэм и нэгум дауэ сызэрыщIэплъэнур, апхэудэ дуней хуэзгъэхьэзырмэ?»
Хъыбарыр хэIущIыIу хъуа нэужь, цIыхубзым ирагъэшэчар нэхъ гъэщIэгъуэныжщ. «Къэувыжи, пцIы бупсауэ жыIэ», - къыжраIащ. Ар щыпхымыкIым, хамэ къэрал агенту ягъэлажьэу, и щхьэри, и цIэри зыгъэпуд хъыбарыпцIхэр трагъэIукIащ.
Урысейм егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей Iуэхум зэрыкIэлъыплъыр къыщыхигъэщым жиIащ: «Дэ ди егъэджакIуэхэр гурэ псэкIэ лэжьыгъэм бгъэдохьэ, ялъэкI къамыгъанэу. КъулыкъущIэхэр абыхэм апхуэдэу пхъашэу къахущытмэ, сыт дызыхуэкIуэнур? Егъэджэныгъэм хэт унафэщIхэр къыхузоджэ егъэджакIуэхэм нэхъ гумащIэу яхущытыну».

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ