АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балигъ мыхъуахэр пIалъэкIэ щаIыгъ я центрхэмрэ я лэжьакIуэхэр «И IэщIагъэкIэ нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр.   
Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым къэрал кIуэцI IухухэмкIэ и щIыналъэи 7-м щыщу япэ Iыхьэм щытекIуахэр. 
КъБР-м щыIэ МВД-м и цIэкIэ зэпеуэм хэтащ Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ и управленэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ инспектор нэхъыжь, полицэм и майор Хъуэст Аннэрэ КъБР-м щыIэ МВД-м хабзэм ебэкъуа балигъ мыхъуахэр пIалъэкIэ щаIыгъ и центрым и плъыр, полицэм и сержант нэхъыжь Гындыгъу Алимрэ. 
Хабзэхъумэхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ оневой, физическэ, медицинэ, хэха зыхуэгъэхьэзырыныгъэхэм. 
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ полицэм и сержант нэхъыжь Гындыгъу Алим зыхэта гупым я деж щытекIуэри диплом къратащ. 
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм къызэритащи, иджырей зэпеуэм щытекIуахэм къапоплъэ 2024 гъэм фокIадэм и 5-6-хэм Урысей МВД-м и Воронеж юридическэ институтым щекIуэкIыну кIэух зэхьэзэхуэр. 

 

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2025 - 09:13

Аруан щIыналъэм щызэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит.

17.11.2025 - 09:12

Къэбым зэхуишэсахэр

Мы бжьыхьэ махуэхэм Налшык къалэм и НыбжьыщIэ ­театрым и гупэм къит Свободэ жыг хадэ цIыкIур таурыхъым и дуней телъыджэми ярейт. Абы щагъэлъэпIащ къэбым и махуэр.

17.11.2025 - 09:11

Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм депутатхэмрэ республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ зэгъусэу щытеп­сэлъыхьащ «КъБР-м и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм ятещIыхьауэ» щIына

17.11.2025 - 09:11

Шынагъуэншагъэр къалъытэ

УФ-м къэрал кIуэцI Iуэху­хэм­кIэ и министерствэм ­Тран­­с­пор­тымкIэ и управленэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Шмет­ков Виктор КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукI

16.11.2025 - 10:01

Дохутырхэр Мелитополь щыIащ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр иджыблагъэ Запорожье областым щыIащ сымаджэхэм еплъыну.