СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къызэгъэпэщынымрэ теухуа республикэ семинар. 

Апхуэдэу зыубгъуауэ иджы япэу екIуэкI зэIущIэр къыщызэIуихым, уардэунэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIэрашэ Аксанэ къыхигъэщащ я зэхуэзэм мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытыр, мыпхуэдэ Iуэхухэр адэкIи зэрырагъэкIуэкIынур и фIэщ зэрыхъур. 
 Семинарым и лэжьыгъэм хэтащ республикэм и муниципалитетхэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэхэм щыщхэр. Утыкум къыщыпсэлъащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ уардэунэм Сабий гъуэгу-транспорт фэбжьхэр къэмыгъэхъунымкIэ и центрым и унафэщI Блашэ Виолеттэ, дворецым и методист, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ Касьяновэ Татьянэ, КъБР-м щыIэ МВД-м и Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэнымкIэ и къэрал инспекцэм и управленэм и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и майор Моторовэ Аллэ, Зэпыу имыIэу я IэщIагъэм щыхагъахъуэ центрым и къудамэм и унафэщI Гуэнгъэпщ Анисэт, Сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм фэбжь щагъуэтыным щыхъумэнымкIэ центрым и лэжьакIуэхэу Бетрожь Наталие, Мэкъушэ Артем, егъэджакIуэ-къызэгъэпэщакIуэ, щIэныгъэ гуэдзэ щрагъэгъуэт центрым и егъэджакIуэ Ламырдон Мадинэ сымэ.
IэщIагъэлIхэм я къэпсэлъэныгъэм семинарым кърихьэлIахэм куэд къыщащIащ Iуэхур зытеухуам ехьэхьа профилактикэ лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ, зрагъэщIащ сабийхэр гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным хуэгъэсэнымкIэ Iэмалхэр, нэгъуэщIхэри. 
Республикэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и лIыкIуэхэм гулъытэ хэха хуащIащ ЮИД гупхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр зрагъэщIэн папщIэ иджырей джэгукIэ теплъэм тету ядэлэжьэным, «Адэ-анэ плъыр» зэщIэхъееныгъэмрэ «Шынагъуэншэ лабораторэхэр» лэжьыгъэмрэ зегъэубгъуным. 
Семинарым хэтахэм иратащ лъэсу гъуэгу тет, автомобилым ис, лъакъуэрыгъэжэм тес ныбжьыщIэхэм, апхуэдэуи къызэражыхь нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр къэзыгъэсэбэпхэм яхуэгъэпса лекцэхэр, къэпщытэныгъэ материалхэр, егъэджакIуэхэм сабийхэр гъуэгу хабзэхэм щыхуагъасэкIэ яIэщIэкI щыуагъэхэр зэрытхэр, пособиехэмрэ видеоматериалхэмрэ. 
ЗэIущIэм и кIэухыу курсым пхыкIа егъэджакIуэхэм сертификатхэр иратащ. 
 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.11.2026 - 09:03

Экономикэр зэрефIакIуэм и нэщэнэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхыхьэгъуэм и IX зэхуэсышхуэу республикэм и Парламентым щекIуэкIам и гугъу щащIащ «Техноло-гиер ерыскъы шынагъуэншагъэм и щIэгъэкъуэнщ лъэпкъ проект

07.11.2026 - 09:03

Нэхъыжьхэр ягъэлъапIэ

Урысей театр зэгухьэныгъэм (РТО) (Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэу (СТД) щытаращ) и щIыналъэ къудамэм артист нэхъыжь­хэр щагъэлъапIэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ.

06.11.2026 - 09:31

Я гуащIэр къалъытэу

ЩэкIуэгъуэм и 3-м КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъу­лIэ­ныгъэ яIэу пэрыт лэжьакIуэ 50-м нэблагъэ. 

06.11.2026 - 09:29

Ди Хэкур къулейщ лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм дигу къегъэкIыж Урысейм и къарур абы щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм я зэкъуэтыныгъэр зэрыарар.

06.11.2026 - 09:23

ЩIэблэр фIым хуагъасэ

Шэджэм Езанэ къуажэм  и «Лэгъупыкъу» сабий гъэсапIэм щекIуэкIащ «Лъэпкъ­хэм я зэныбжьэгъугъэ: гуа­пагъэм, щэнхабзэм, зэ­къуэ­тыныгъэм я махуэш­хуэ»   жармыкIэр.