ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 
ЩIыналъэм иIэщ щIыпIэ телъыджэхэри, лъэпкъхэм я тхыдэр зи напщIэ телъ чэщанэхэри, Iуащхьэхэри, пасэрей жылэхэри. Иджыблагъэ интернетым дыщрихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщу Iэмал имыIэу зэгъэлъагъун хуейуэ «Комсомольская правда» къыдэкIыгъуэм игъэбелджыла ди щIыпIэ дахэу 40-м. 
Псом япэ итыр гурыIуэгъуэщ - зи бгыщхьэр уафэм пэщIэгъэкъуауэ къыпщыхъу Iуащхьэмахуэщ. Мыбдеж ар илъэс мелуани 2-3 и пэкIэ къыщыунэхуауэ къалъытэ. А зэманым къриубыдэу Европэм щынэхъ лъагэ дыдэу къалъытащ, дунейм щынэхъ лъагэ «Къуршиблым» хэтщ, къищынэмыщIауэ, «Урысейм и хъугъуэфIыгъуи 7»-м ар хэхуащ, Байкал, Камчаткэм щыIэ псынэпс хуабэхэм, Коми и пкъо телъыджэхэм, нэгъуэщIхэми я гъусэу. ГъэщIэгъуэныр зыщ - щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэхэр ноби зэтехуэркъым - абы и щIагъым щIэт мафIэр ужьыхыжарэ зэкIэ «жеярэ». Ауэ, къызэрыхагъэщымкIэ, абы и щIагъым ткIуаткIуэ пщтыр зэрыщIэлъым (псынэпс къыщIэжхэм я хуабагъыр градус 60-м нэс ищIу) куэд къыбжеIэ.
Iуащхьэмахуэ лъапэ и ужьым иту газетым къехь Псы хущхъуэхэм я аузыр. Абы и фIэщыгъэм езым къыбжеIэ мыхьэнэуэ иIэр. Бгы къуршхэр зыщхьэщыт псынэпс къабзэу 20-м нэблагъэ абдеж щIым къыщыщIож. Апхуэдэ телъыджэ щыплъагъуфынур кавказ щIыналъэм и закъуэщ.
ЗыгъэпсэхупIэ дахэщ икIи псэ къыпхэзылъхьэж щIыпIэщ Шейх, СулътIан, Каракай псыкъелъэхэри. Абыхэм хуэкIуэ гъуэгур нэшэкъашэщ, щIыуэпсым и дахагъэм зыщумыгъэнщIу лъэныкъуэ куэдкIэ укIэлъагъэплъу. Ауэ сытми Джилы-Су кIуэ гъуэгур хабжэркъым (Кисловодск къыщыщIэдзауэ) Урысейм щынэхъ дахэ дыдэхэм.  Псыкъелъэхэм унэмыс щIыкIэ, Шаджатмэз тафэм и зыплъыхьыпIэм удэкIуей хъунущ. Абдеж тет тIысыпIэм ущысу, махуэ уэфIым уIуплъэфынущ Iуащхьэмахуэ. Джилы-Су жиIэмэ, «псы хуабэ» къикIыу аращ. Ар Iуащхьэмахуэ лъапэ хуозэ. Абы и щIыуэпсым и дахагъэм узыIэпишэу узэрыкIуэм къыдэкIуэу, цIыхухэм я узыншагъэм сэбэп хуэхъуу калъытэ уэхым къыщыщIэж псынэпсхэр, уеблэмэ имыгъэхъуж узыфэ щымыIэу. Псынэпс 14-м нэблагъэ абдеж къызэрыщыщIэжым къыдэкIуэу, псыкъелъэ зыбжани щыIэщ. Илъэс зыбжанэ и пэ, Джилы-Су кIуэфу щытар нэхъ ерыщхэрт е мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэрт. Сыту жыпIэмэ, абы лъэсу, шым утесу е вертолёткIэ ущетIысэх хъууэ арат. Иджы автомобиль гъуэгур яухуащи, ар зылъагъуну зи нэ къикI псоми апхуэдэ Iэмал яIэщ.
Азау мылэщым и псыр илъэси 150-рэ и пэкIэ мыпIащIэу нэпкъ задэм дэту кърикIуэу щытащ, абы хы щIыIум метр 2493-кIэ зыщеIэт. Азау псалъэм балъкъэрыбзэкIэ къикIыр «цIыху здэщымыIэ щIыпIэущ», адыгэбзэкIэ - «хахуэу мэзауэ». Хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Азаур зауэлI цIэрыIуэу щытащ, илъэс щитI нэхъыбэж и пэ, къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ и унафэкIэ ар ядэIэпыкъуащ гъунэгъу лъэпкъхэр къазэрытеуэр къызэтрагъэувыIэным. Хахуэу хэкIуэда щIалэм и цIэр фIащащ ар щыщIалъхьэжа хуейм. 
Балъкъэр Ипщэ. Бгы лъагэм щыIэ жылэр цIэрыIуэщ фэеплъхэмкIэ, лъэпкъ чэщанэхэмкIэ, ику ит лIэщIыгъуэм хуэзэу щыIа быдапIэхэм я къутахуэхэмкIэ. Мыбдеж Уштулу уэхыр щыIэщ икIи Безенгий ауз щхьэдэхыпIэмкIэ кIуэцIрыкI гъуэгухэр иIэщ. ЗыгъэпсэхуакIуэхэр ирашалIэ щIыпIэм щаухуа шхапIэхэм: «Старая Балкария» е «Караван» зыфIащахэм, балъкъэр лъэпкъ шхыныгъуэхэм щыхагъэгъуазэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым укъэкIуауэ, бгы уардэхэр щытепщэ мы къуажэм умыкIуэныр къезэгъыркъым. Абы ущыкIуэкIэ Гуэл щхъуантIэхэм я дахагъэми ухоплъэ. Шэрэдж аузым дэкI гъуэгу нэшэкъашэр хуагъадэ Кэмерон Джеймс и «Аватар» фильмым къыщыгъэлъэгъуа щIыуэпсым.
Шэджэм псыкъелъэхэр. Нэхъ цIыкIур метр 30-кIэ, нэхъ иныр - метр 60-кIэ къолъэ. Абыхэм я лъэщагъым гъэмахуэми щIымахуэми укъагъэуIэбжьыр. Псыкъелъэхэм пщIэншэу уокIуалIэ. «Къырхэм нэпс щIагъэкI хуэдэщ» жаIэ мы щIыпIэм щыпсэухэм. Хъыбару къокIуэкI гъэру замытын щхьэкIэ а бгым хъыджэбзхэр къелъауэ, абыхэм папщIэ къырхэр гъыуэ…
Шэджэм щIыналъэр Кавказ Ищхъэрэ псом щыцIэрыIуэщ и бгы лъагъуэ телъыджэхэмрэ тхыдэм и фэеплъхэмкIэ. Аузым къыщызэIуаха парадромым зыгъэпсэхуакIуэхэм Iэмал ярет бзур здэлъатэ лъагагъэм нэскIэ зыщаIэту бгыхэм я уардагъэм къеплъынуи къуэ куум щашэщIа кIапсэм пыщIауэ елъэнуи (роупджампинг). Мы Iуэхухэр МЧС-м и IэнатIэм и нэIэм щIэту къызэрагъэпэщ. Гъэмахуэм зыгъэпсэхуакIуэхэр аузым макIуэ шэтырхэм щIэсу жэщыр абдеж щагъэкIуэну, шым тесу зыщаплъыхьыну, зекIуэхэм кIуэну.
«Благъуэм и бзэгу» (Язык дракона). Мыр Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъыбэу сурэт щызэтрагъэх щIыпIэщ. Норвегием я «Язык тролля»-м ирагъэщхь, ауэ дыдейр, Безенгий аузым щыIэр, апхуэдэ дыдэу мыцIэрыIуэми, абы утету бгыхэмрэ хъупIэ гъунэншэхэмрэ хуиту уоплъ. Благъуэм и бзэгур Налшык зэрыпэжыжьэр километр 60 къудейщ.
Iуащхьэмахуэ бгым ищхъэрэкIэ хуиту ущыIуплъэр Къэнжал Iуащхьэ утетущ. Ар метр 3000-кIэ хэIэтыкIащ. Абы ущыкIуэкIэ Гундэлэн къуажэмрэ Кертмен бгымрэ плъагъунущ. Иужьрейм и щхьэм Стоунхедж ебгъэщхьу хэкIуэдэж пасэрей ухуэныгъэхэм ящыщ тетщ.
Донгуз-Орун гуэлыр мылылъэхэм къагъэхъуащ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ Чегет джабэ нэкIум хуозэ. Абы лъэсу укIуэным сыхьэти 5 текIуэдэнущ, уэздыгъей мэзымрэ къущхьэхъушейр (рододендрон) зэрыз губгъуэхэмрэ узэпрашу (гуп-гупурэ яшэ, сом мини 5 Iуэхутхьэбзэм и уасэщ).
НэгъуэщI зы гуэлми и гугъу умыщIу къэбгъанэ хъунукъым. Къащхъуафэ хъужауэ Iуащхьэхэмрэ губгъуэхэмрэ яхэт Гижгит гуэлыр. Гуэлым и щхьэм гъущI лъэмыж зэпрыкIыу хуащIащ.
Зы тхыгъэкIэ ди щIыпIэ телъыджэ псоми уатетхыхьыфынукъым. Ауэ «Комсомольская правда» къыдэкIыгъуэм, и щхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, къигъэлъэгъуа щIыпIэ 40-м яхэтщ: Шато Эркен, Жабо Къалэ быдапIэхэр, Эльтюбю щыIэ кхъэлэгъунэхэр, Хьэсаут псыхъуэ, Бахъсэн ауз, Чегет, Азау хуейхэр, Адыр-Су, Кыртык, Тызыл аузхэр, Уллу-Тау бгыр, Кизиловкэ ЦIыкIу, Джэдмышх псыкъелъэхэр, Шэдхъурей гуэлыр, «Вагъуэ мывэ» скульптурэр, уэздыгъэмрэ макъамэмрэ зэщIэжьыуэу Налшык къалэм «ЗэгурыIуэныгъэм и утым» щаухуа псыутхыр, ФIыуэ зэрылъагъухэм я чэщанэр, Налшык къалэм Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет псыутхыр, Марко Вовчок и унэ-музейр, Налшык къалэм и бэзэр нэхъыщхьэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым гуащэхэм я театрым, Къэбэрдей драмэ театрыр, Налшк къалэм и дэшхуей жыг хадэр, КъБР-м МузыкэмкIэ и къэрал театрыр.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ

12.08.2026 - 09:08

Совет зэманым траха фильмхэр

Налшык щыIэ Къэбэрдей уэрамым и лъэс зе­кIуапIэм щагъэлъагъуэ выставкэ гъэщIэгъуэн. Совет зэманым траха кинохэм ятеухуа гъэ­л­ъэгъуэныгъэм сурэт 70-м щIигъу къызэ­щIеубыдэ. 

11.08.2026 - 14:52

Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыIэтыр акъылщ

Журт Хьэсэн 1961 гъэм Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и математикэ факультетым щеджащ. Хъы­барегъащIэ IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм Iутащ.

11.08.2026 - 10:45

Дэрэжэгъуэр хьэщIэхэм къызэпаудащ

«Спартак-Налшык» (На­л­шык) - «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - 0:3 (0:1). Налшык. «Спартак» республикэ стадион. ШыщхьэуIум и 8-м. ЦIыху 648-рэ еп­лъащ.