МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 10-м я спортсмен 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэсиплIым къыщыщIэдзауэ 17-м нэсу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр гуп зэпеуэм щиубыдащ. Ди каратистхэм дыщэ медалу 9, дыжьыну 15, домбеякъыу 5 къахьащ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм бжьыпэр щаубыдащ Арзиманов Тимур, БжэIумых Iэмин, Бэвыкъуэ Тамерлан, КIуащ Къантемыр, Лапинэ Варварэ, Магомедов Даниал, Мирюков Вадим, Скибэ Фрол, Хьэмыкъуэ Айдар сымэ.
Спортсменхэм ядолажьэ Къэрмокъуэ Iэмурбэч, Мэршэнкъул Къантемыр, Будаев Казбек сымэ. 

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2025 - 09:13

Аруан щIыналъэм щызэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит.

17.11.2025 - 09:12

Къэбым зэхуишэсахэр

Мы бжьыхьэ махуэхэм Налшык къалэм и НыбжьыщIэ ­театрым и гупэм къит Свободэ жыг хадэ цIыкIур таурыхъым и дуней телъыджэми ярейт. Абы щагъэлъэпIащ къэбым и махуэр.

17.11.2025 - 09:11

Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм депутатхэмрэ республикэм и министерствэхэм я лIыкIуэхэмрэ зэгъусэу щытеп­сэлъыхьащ «КъБР-м и бюджетыр 2026 гъэм, 2027 - 2028 гъэхэм ятещIыхьауэ» щIына

17.11.2025 - 09:11

Шынагъуэншагъэр къалъытэ

УФ-м къэрал кIуэцI Iуэху­хэм­кIэ и министерствэм ­Тран­­с­пор­тымкIэ и управленэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Шмет­ков Виктор КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукI

16.11.2025 - 10:01

Дохутырхэр Мелитополь щыIащ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр иджыблагъэ Запорожье областым щыIащ сымаджэхэм еплъыну.