МЕДАЛХЭМ Я НЭХЪЫБЭР ДЫЩЭЩВолгоград къалэм дэт «Молодёжный» физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым щекIуэкIащ «ЛокоДзюдо» урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ я хьэлъагъ елъытауэ гуп 34-уэ гуэша 2009 - 2010, 2011 - 2012 гъэхэм къалъхуа Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэдым къикIа ныбжьыщIэ 400-м щIигъу. Зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ар хуагъэпсащ Сталинград зауэм совет залIэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр зэрыщызэхакъутэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и дзюдоистхэм медаль зэмылIэужьыгъуэ 12 щызыIэрагъэхьащ. Абыхэм я нэхъыбэр дыщэщ. Я ныбжьрэ я хьэлъагъым елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Джафаров Инал (кг 36-рэ), Абазэ Самир (кг 30), Чыржын Астемыр (кг 38-рэ), Вынэ Ислъам (кг 50), Срыкъуэ Ибрэхьим (кг 38-рэ), Къуэныкъуей Идар (кг 34-рэ). Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ килограмм 46-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Муртазов Алийрэ килограмм 26-м нэблагъэ Шурдым Алийрэ. Шыгъэлыгъуэ Аскэр (кг 34-рэ), Къамбий Сэфарбий (кг 42-рэ), Шышхуэ Инвер (кг 26-рэ), Срыкъуэ Ахьмэд (кг 34-рэ) сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ. Чемпион ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Джэданэ Залым. КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|