ОРТАКЁЙ

Зыщуплъыхьынрэ зыщыбгъэпсэхунрэ и куэдщ Тырку къэралыгъуэм. Дапщэрэ тебгъазэми, щIэщыгъуэ куэд щыплъагъунущ. Истамбыл и хьэблэ нэхъ ехьэжьауэ къалъытэхэм ящыщ Ортакёй (курыт къуажэ) и гугъу фхуэсщIынщ. Куейр цIыхушхуэ щызэблэкI щIыпIэщ, псом хуэмыдэу абдеж щызэхуэсыр щIалэгъуалэращ.
И цIэмкIэ къыбощIэ нэхъапэм жылэ щхьэхуэ цIыкIуу зэрыщытар. Босфор и европэ Iуфэ дахэр, къат куэду зэтет шхапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, мэжджыт цIэрыIуэр, тыкуэн зэхуэмыдэхэр – куэд мэхъу уи нэгу къыщIидзэр. Псы Iуфэм Iут тетIысхьэпIэ цIыкIухэм утесынри зэшыгъуэкъым, брамхэр, цIыхухэр зэрыс яхтэхэр, кхъухь абрагъуэхэр зэрыблэсыкIым укIэлъыплъын къудейри гугъэпсэхущ.
Куейм и цIэр зэрихьэу мэжджыт дэтщ мы хьэблэм. Ар I853-I854 гъэхэм ящIащ, барокко мардэм изагъэ мэжджыту мы зыращ Истамбыл дэтыр. Езыр адрейхэм елъытауэ мыин дыдэми, ар къызэрищIыкIа мозаикэ тхьэмбылыфэхэмрэ и щхьэгъубжэ инхэм къыдидз дыгъэпсымрэ псэр ятхьэкъу. Меджидиещ мэжджытым и цIэ дыдэр, ар сулътIан Абдул-Меджид Езанэм иригъэщIауэ щытащ IыхьитIу зэхэту: гаремрэ езы сулътIаным къигъэсэбэп пэшхэр зыхэт унэмрэ.
«ГъащIэр апхуэдэуи Iейкъым. ИкIэм - икIэжым Босфор Iуфэ къыщыпкIухь хъунущ», - итхащ тырку тхакIуэ, адыгэхэм къахэкIа Памук Орхьэн. Тыркум зыгъэпсэхуакIуэ кIуэ туристхэр нэхъ дэзыхьэххэм ящыщщ Босфор кхъухькIэ тетыныр. Босфор - Европэмрэ Азиемрэ я зэхуаку дэт псы дэлъэдапIэщ, Истамбыл тIу ирищIыкIыу, хы ФIыцIэмрэ Мраморымрэ зэпищIэу, километр 30 хуэдиз и кIыхьагъыу. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ псы дэлъэдапIэхэм ящыщщ ар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дунейпсо тенджызхэм, ЩIыкурытыхым утезышэ «гъуэгущ». Абы кхъухьу щызэблэкIымрэ и бгъуитIым щекIуэкI гъащIэмрэ гупсэхуу плъагъунущ Ортакёй деж IусыкI кхъухьхэм ящыщ зым уитIысхьэмэ.
Босфор и Iуфэм щекIуэкI псэукIэр, дауи, къыщхьэщокI къалэкум узыщрихьэлIэм. Псы дэлъэдапIэм и кIыхьагъкIэ унэ гъэщIэгъуэн цIыкIухэр тетщ, уеплъамэ зэбгъэщхьу, ауэ дэтхэнэми и щIыкIэ иIэжу. ГъэщIэгъуэнракъэ, бжыхьи, куэбжи щыплъагъуркъым а щIыпIэм, ауэ унэ къэс и «бжэIупэм» яхтэ е катер Iутщ. Мыр нэхъ къулей дыдэхэр щыпсэу куейуэ зэрыщытым шэч хэлъкъым. КъищынэмыщIауэ, Босфор Iуфэр ягъэдахэ уардэунэ, чэщанэ, мэжджыт зэмылIэужьыгъуэхэм, а уардэунэхэм я нэхъыбэр иджыпсту музей ящIыжауэ цIыхухэм зыщаплъыхь.
Босфор утету болъагъу абы и лъэныкъуитIыр зэпызыщIэ лъэмыж телъыджэхэр. Япэ щIыкIэ урохьэлIэ метр I074-рэ зи кIыхьакъ Босфор лъэмыжым, ар I973 гъэм щIын яухауэ щытащ. Абы нэхърэ тIэкIукIэ нэхъ кIыхьщ сулътIан Ахъмэт Фатихь и цIэр зезыхьэ лъэмыжыр (метр I090) ар щащIар I988 гъэращ. ЛъэмыжитIым километритху хуэдиз я зэхуакущ. Махуэм абыхэм я дахагъыр пщегъэгъупщэ жэщым зэщIэблэу щIидза нэужь, плъыфэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ джэгуу зэщIэблэ лъэмыжыр къэралыр зэрыгушхуэ щIыпIэщ.
Ортакёй пэгъунэгъущ Нишанташи, Тешвикийе хьэблэхэр. Нишанташи зэрыцIэрыIуэр сыт жыпIэмэ, тыкуэн моднэхэрщ. Дунейпсом щыцIэрыIуэ сыт хуэдэ брэндым и тыкуэн а хьэблэм дэмытыр?! Франджым, Италием, Тыркум я хьэпшып нэхъыфIхэр щащэ тыкуэнхэр щызэбгъурытщ. Шанель, Прада, сыт хуэдэ ухуей, я бжэхэр зэIухащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, къыщызыкIухь хъыджэбзхэм я зыхуэпэкIэри хуабжьу къащхьэщокI адрейхэм.
Клуб, ресторан, ублэкIрэ пэт ущетIысэх шхапIэхэр щыгъунэжщ абы. Тешвикие мэжджытри жыжьэкъым, Илдыз парк абрагъуэм пэгъунэгъущ. Къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым къраша удз, гъагъэ, жыг, къэкIыгъэ куэд итщ а паркым, лъагъуэ цIыкIуу кIуэцIрыкIым я бжыгъэр пхуэбжынкъым, удзым ухэту къыщыпкIухь хъууи, ущетIысэх щIыпIи, машинэкIэ къыщыбжыхь гъуэгуи иIэщ. Абы унагъуэхэм зыщагъэпсэху, сабийхэр щагъэджэгу, туристхэм зыщаплъыхь.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ