ЩIЫ ДАГЪЭМ И ЗЭРАН

Махуэ зыбжанэ ипэкIэ Перу и хы Iуфэм щаIэщIэкIащ щIы дагъэу баррел мини 6 –м щIигъу.
ЩIэщхъур къэхъуащ хы Iуфэм къекIуэлIауэ яунэщI кхъухьышхуэхэм арыххэу къызэрехьэжьа толъкъун абрагъуэхэр къащыкIэщIэуэм. ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ Перу и министерствэм къызэритымкIэ, псы Iуфэ метр зэбгъузэнатIэу мин 18 Iисраф хъуащ. КъызэрапщытамкIэ, щIы дагъэр мазищкIэ яхузэщIэкъуэжынуми аращ икIи абы хухэха IуэхущIапIэр а лэжьыгъэ хьэлъэм пэмылъщу, цIыхубэри ядэIэпыкъуу ягъэкъабзэ хы Iуфэр.
Мы къэхъугъэм и зэранкIэ, махуэ зыбжанэм къриубыдэу Перу фIэкIуэдащ хы псэущхьэрэ бзу лIэужьыгъуэу мин бжыгъэхэр.

Бгыщхьэми нэсащ
Алъпхэмрэ Перинейхэмрэ къыщагъуэтащ пластик тонн бжыгъэхэр. Ар бгыщхьэм зэрынэса щIыкIэм къигъэуIэбжьащ щIэныгъэлIхэр.
КъызэрыщIэкIымкIэ, зэпкърыщэща, пшахъуэ хъужа пластикыр жьым ихьащ абы. ЦIыхум и лъэ щимыгъэува щIыпIэхэм къыщагъуэта пластикым и процент 30-р бгым и Iэшэлъашэм ит къалэхэм къыдихауэ аращ, адрей процент 70-р хым къыщхьэщих жьым псым къыхигъэкъэбзыкIри, кърихьэжьащ. НэрылъагъущI щIыуэпсым езыр-езыру зигъэкъэбзэжурэ, нэхъапэIуэкIэ цIыхум абы ириха лейр къызэрытхиутIыпщхьэжыр: хьэуам кърихьэкI полистиролымрэ полиэтиленымрэ тхьэмбылым йотIысхьэри, лъым зыхеукъуэдиеж. Ауэ ар цIыхум зэран зэрыхуэхъур иджыри яджакъым щIэныгъэлIхэм.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ