ЯщIахэмрэ къапэщылъхэмрэ

Агрономхэмрэ агроинженерхэмрэ я урысейпсо зэIущIэм щытепсэлъыхьащ хадэхэкIымрэ хьэцэпэцэмрэ къат бэвагъым зэрыхагъэхъуэну щIыкIэм. 

2021 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ 2022 гъэм къапэ­щылъ­хэмрэ къыщапщытэжа зэхыхьэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ  УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Разин Андрей. Видеоконференцым хэтащ ­КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн.
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщащи, нэгъабэ дунейм и щытыкIэр зэпIэзэрыту щымытами, Урысей Федерацэм и мэкъумэшыщIэхэм гъавэ бэв кърахьэлIэжащ. Дагъэ­хэкIхэр къызыщIаху къэкIыгъэхэу тонн мелуан 23,1-рэ, хуа­бэщхэм къыщагъэхъу хадэхэкIыу тонн мелуан 1,4-рэ, пхъэщхьэмыщхьэ, мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мелуани 3,9-рэ зи хьэлъагъ кърахьэлIэжащ. ГъавэгъэкIхэм апхуэдэ ехъулIэныгъэ щIаIам и зы щхьэусыгъуэщ щIыгъэпшэркIи, техникэкIи я Iуэху зэрымыIеяр.   
Къэралым и мэкъумэшыщIэхэм мы гъэм зыхуагъэувыжа къалэнхэм ящыщщ жылапхъэхэм къыхэгъэхъуэныр, фошыгъу жэгундэм, дагъэ къызыщIаху къэкIыгъэхэм, кIэртIофым, нэгъуэщI хадэхэкIхэми я бэвагъым щIегъэ­гъуныр. 
УФ-р зэрыщыту къэтщтэнщи, къэралым и мэкъу­мэшыщIэхэм гъавэ щащIэ губгъуэ хьэсэхэм гектар 81,3-рэ къыхагъэхъуэну я мурадщ, хадэхэкIхэм, псом хуэмыдэжу, джэш лъэпкъыгъуэхэм елэжьынущ. Иужьрейуэ, зи цIэ ­къитIуа къэкIыгъэм мы гъэм, псори зэхэту, хухахынущ гектар мелуан 48-м нэблагъэ, Iусыпхъэхэм гектар мелуан 13,9-рэ, фошыгъу жэгундэм гектар мелуан 1,07-рэ, бжьы­хьэ къэ­кIыгъэхэм гектар мелуан 19-м щIигъу ирагъэубыдынущ.
Тепсэлъыхьахэщ техникэщIэм, кредитым, лизингым ехьэлIауэ щыIэ лъэпощхьэпохэми. Къапщтэмэ, къыхагъэщащ мэкъумэшхэкI къыщIэзыгъэкIхэм къэралыр зэрадэIэпыкъуну щIыкIэми. КъищынэмыщIауэ, гъатхасэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкI щIыкIэр, зэфIагъэкIахэр наIуэ къэзыщI штабхэр щIыналъэхэм къыщызэгъэпэщын зэрыхуейри жаIащ. 
НАФIЭДЗ  Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ