КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр зыхэт зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
ЩIыналъэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэм щытепсэлъыхьым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ, дэнэ щIыпIи хуэдэу, республикэм ОРВИ-мрэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм и штамм лIэужьыгъуэщIэмрэ игъэсымаджэхэм я бжыгъэм зэрыщыхэхъуэр. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм жиIащ дохутырхэм я Iэзагъымрэ лэжьыгъэм и пIалъэ зэращIэмрэ я фIыгъэкIэ щIыналъэр коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зэрыпэлъэщынум шэч къызэрытримыхьэр. КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ яхуищIащ узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыным псэемыблэжу зи къарури зи гуащIэри хуэзыгъэпс медицинэ лэжьакIуэхэм.
УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ и къудамэм штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэ, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Иуан Маринэ тепсэлъыхьащ пандемием мы зэманым зыкъызэрызэкъуих щхьэхуэныгъэхэм.
«Москва, Санкт-Петербург къалэшхуэхэм къыщагъэсэбэп дунейпсо Iэмалхэр икIи абыхэм щыщыIэ щытыкIэхэр ди тегъэщIапIэщ. Узыфэм и зи чэзу лIэужьыгъуэм хэпщIыкIыу зеубгъу. БлэкIа лъэхъэнэхэм елъытауэ, коронавирусым игъэсымаджэхэм я бжыгъэм хуэди 10-кIэ зэрыхэхъуэр наIуэ хъуащ. Шэч хэлъкъым узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм ар егъэлеяуэ къызэрытехьэлъэнум, псом хуэмыдэу амбулаторэхэм. Сымаджэщхэм а гугъуехьыр щызыхащIэнур тхьэмахуитI-щы дэкIа нэужьщ».
Иуан Маринэ къыхигъэщащ «омикрон» штаммыр цIыхухэм къатемыхьэлъащэу зэрырахьэкIым къыхэкIыу, амбулаторэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэр, и нэхъыбапIэкIэ, сымаджэхэмрэ езыхэмрэ зэпэIэщIэу зэрекIуэкIынур. Сымаджэм и щытыкIэр дохутырым телефонкIэ жриIэмэ, абы ипкъ иткIэ къахуэщIэнущ узыр зыхуэдэр икIи адэкIэ ищIапхъэхэм ятеухуауэ чэнджэщ иратынущ.
«Коронавирусым псын-щIэу зэрызиужьыр къэплъытэмэ, цIыхухэм япэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэмрэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмрэ» я къару псори узыр нэхъ тыншу зэфыкIхэм хуаунэтIмэ, медицинэ IэщIагъэлIхэр тхуримыкъункIэ шынагъуэ щыIэщ. Бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэмкIэ къызэгъэпэща, зыуэ щыт колл-центрхэр нэхъыбэу къызэIутхмэ, ар щытыкIэ хьэлъэм хэкIыпIэ хуэхъунущ», - жиIащ Иуаным.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам жиIащ абы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэр я нэIэ зэрыщIэтыр, Iуэхум и хэкIыпIэ псори зэраубзыхуар.
Налшык къалэ дэт поликлиникэ №1-м и дохутыр нэхъыщхьэ Къаскъул Аулият и гугъу ищIащ амбулаторэхэм захуэзыгъазэхэм я бжыгъэм хуэди 7 - 8-кIэ зэрыхэхъуам, поликлиникэм и колл-центрым и лэжьакIуэхэр цIыху 12-кIэ нэхъыбэ зэращIам. Сату центрхэм ящыщ зым поликлиникэ №1-м и пункт къыщызэIуахащ, абы дэтхэнэми экспресс-тест къэпщытэныгъэр щащIыфынущ. Апхуэдэуи поликлиникэм хэту къызэрагъэпэща, коронавирус узыфэр зыпкърыту гурыщхъуэ зыхуэзыщIыжхэр зэкIуалIэу зыщрагъэплъ хъуну къудамэми и лэжьакIуэхэм къыхагъэхъуащ. «Амбулаторэ кIэлъыплъыныгъэм щIэт сымаджэхэм дызэреIэзэну хущхъуэхэр къытIэрыхьащ, абы щытыкIэр куэдкIэ иригъэфIэкIуащ», - жиIащ Къаскъул Аулият.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм хэхуахэм защIэгъэкъуэнымрэ медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и центрым и унафэщI Къар-дэн Алим тепсэлъыхьащ иужьрей тхьэмахуэм я IуэхущIапIэм зыкъыхуэзыгъазэхэм я бжыгъэм хуэдитIкIэ зэрыхэхъуам, ауэ зэкIэ я пщэрылъхэм зэрыпэлъэщым. Апхуэдэу абы и гугъу ищIащ пIащIэгъуэкIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэхэм, щытыкIэ хьэлъэм къихутахэм папщIэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и зэфIэкIыр фIагъ иIэу къэгъэсэбэпынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ республикэм и район псоми къипсэлъыкIхэм зэрызыкъыхуагъазэр зэпищIэжу зыуэ щыт «122» контакт-центрым мыгувэу лэжьэн зэрыщIидзэнур. Абы къищынэмыщIауэ, КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту диспетчер IэнатIэ къыщызэIуахынущ, микроавтобуси 100-кIэ къызэгъэпэщауэ, медицинэ IуэхущIапIэхэр хуэныкъуэ хъумэ, я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпын папщIэ.
«ЩытыкIэр къызэрымыкIуэщ, узыпэплъэнкIэ хъунур мыгурыIуэгъуащэу, абы къыхэкIыуи Iуэхум и хэкIыпIэхэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи зэпэлъытауэ щытыпхъэщ. Дэ абы дыхуэхьэзырщ. Узыфэм и къэкIуэгъуэщIэм дыпэщIэтын папщIэ дызэгъусэу тхузэфIэкI псори длэжьын хуейщ», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Тхьэхущынэ Ланэ.