Хуарзэ деж къыщагъуэтахэр

Кавказ Ищхъэрэм къыща­гъуэ­­тащ хьэпшып нэхъ жьы дыдэхэр. Ар къыхигъэщащ  Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием ЩIэинхэмкIэ (Ма­териальнэ щэнхабзэм и тхы­дэмкIэ) и институтым и лэжьакIуэ, археолог Резепкин Алексей, «Московский комсомолец»    газетым и корреспон-ден­тым и упщIэхэм жэуап ща­ритыжым.

Адыгэ Республикэм щежэх ­Хуарзэ псы цIыкIум ищхьэмкIэ щыIэ мэзхэм щIым хэгъуэщэжауэ хэт мывэ ухуэныгъэжьхэм ящыщ зым къыщагъуэтащ  бзэпс иIэу нэхъ пасэ дыдэу дунейм къытехьа шыкIэпшынэр, джатэ, кхъэ­лэгъунэ блынхэм кIэращIы­хьа сурэт гъэщIэрэщIахэм я нэхъ жьы дыдэхэр, Европэм псом япэ дыдэу щаухуа щIэгъэкъуэн гъэжар (колоннэ).
Къыхэгъэщыпхъэщ, дунейпсо археологхэм зи гугъу тщIы ­хьэп­шыпхэм хуэдэу ныбжьыш­хуэ зиIэ Европэми, Азие, Къуэ­кIыпIэ Гъунэгъуми иджыри ­къыздэсым къызэрыщамы­гъуэ­тари.
Углерод Iэмалыр зи къэхутэ­ныгъэхэм къыщызыгъэсэбэпа IэщIагъэлIхэм къызэрабжамкIэ, Адыгэ Республикэм щежэх Хуар­зэ и псыхъуащхьэхэм щыIэ кхъэлэгъунэхэри абыхэм ящыщ зым къыщагъуэта шыкIэпшынэ-ри дунейм къыщытехьар ди лъэхъэнэр къэунэхуным иджыри илъэс 3500 - 3342-рэ иIэущ. ШыкIэпшынэ телъыджэм щыщу къызэтена и пкъыгъуэхэр мы зэманым Санкт-Петербург дэт Къэрал Эрмитажым щагъэлъагъуэ, адрей щIэинхэр, ди гуапэ зэрыхъунщи, Мейкъуапэ дэт Къэрал лъэпкъ музейм щIагъэ­зэгъащ.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.