Бахъсэн муниципальнэ районым и Iэтащхьэ Сэбан Руслан иригъэкIуэкIащ щIыпIэ самоуправленэм и 25-нэ зэхуэсыр.
ЗэIущIэм хэтащ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, КъБР-м и Парламентым ЗаконодательствэмкIэ, къэрал ухуэкIэмрэ щIыпIэ унафэхэр зехьэнымкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис, Бахъсэн районым и прокурор Башорэ Аслъэн, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, нэгъуэщIхэри.
Балъкъыз Артур тепсэлъыхьащ 2018 гъэм Бахъсэн районым и экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэм ехьэлIауэ щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуам, апхуэдэуи 2019 гъэм гулъытэ зыхуащIынум. Ар къытеувыIащ цIыхухэм я улахуэр зыхуэдэм, бюджетыр зэрагъэзэщIам, мэкъумэш, ухуэныгъэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэм щызэфIагъэкI лэжьыгъэм.
- Мы гъэм ди мурадщ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм тIысыпIэ 300 щIэту ЩэнхабзэмкIэ унэ щыдухуэну, ПсыкIэху къуажэм дэт фэтэр куэду зэхэт унэм (Лениным и уэрам, 16) щIэсхэр къыщIэдгъэIэпхъукIыну. 2019 гъэр тыншу щытыну къыщIэкIынкъым, ауэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнкъым, - къыхигъэщащ Балъкъызым.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Кременчуг-Константиновкэ къуажэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Коваленкэ Леонидрэ ПсыкIэху щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчимрэ.
Бахъсэн районым и щIыпIэ самоуправленэм и советым и лэжьыгъэм щытепсэлъыхьым, Сэбан Рус-
лан къыхигъэщащ депутатхэр зыхуэза цIыхухэм нэхъыбэрэ къаIэта Iуэхур псыр тэмэму зэрамыгъуэтым зэрепхар, псэуныгъэм теухуауэ гугъуехь хэхуахэр дэIэпыкъуныгъэ хуэны- къуэу зыкъыщыхуагъэзаи щыIэщ.
ЗэIущIэм щыхэплъащ республикэм и къэрал мылъкуу щыт, сабийхэр къызэрырашэкI автобусищ районым ей зэращIынум, псэупIэ зэрыхуэныкъуэр къэзыгъэлъагъуэ метр зэбгъузэнатIэр зыхуэдизынур гъэбелджылыным, нэгъуэщIхэми.
Мэлбахъуэ Борис жиIащ Бахъсэн районым и къэрал IуэхущIапIэхэр зыхэт гугъуехьхэр КъБР-м и Парламентым и зэIущIэм нэхъапэIуэкIэ къызэрыщаIэтар. Абы къыхигъэщащ зыдэIэпыкъупхъэ цIыхухэм унагъуэхэм я дэфтэрхэр ягъэхьэзыру республикэм и къэрал программэхэм хагъэхьэн Iуэху зэрахуэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм тыгъэ зэхуэмыдэхэр щратыжащ районым и лэжьакIуэ пажэхэм.