НЭХЪЫФIХЭР ЯГЪЭПАЖЭ

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIащ республикэм ДзюдомкIэ и федерацэм 202I гъэм зэфIигъэкIахэр къыщызэщIакъуэжа зэIущIэ.
Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, абы и къуэдзэ Анаев Аслан, Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и цIыхухъу командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тау Хьэсэнбий, КъБР-м ДзюдомкIэ и федерацэм и президент, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и судьяхэм я зэгухьэныгъэм унафэщI Емкъуж Мухьэмэд, «Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ дзюдомкIэ олимп резерв щагъэхьэзыр школым» и унафэщI Тау Сэфарбий сымэ нэгъухэри.
Спортсменхэм я ехъулIэныгъэхэмкIэ ехъуэхъуну икIи даIыгъыну зэIущIэм кърихьэлIащ «Динамо» Урысейпсо спорт зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Джэданэ Залым, УФ-м дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжьхэу Щад Муратрэ Хьэбэчыр Муратрэ, щIалэщIэхэм я адэ-анэхэр.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм и пэщIэдзэу «Илъэс куэдкIэ лэжьыгъэ купщIафIэ къызэрырихьэлIам къыхэкIыу» КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и ФIыщIэ тхылъыр къыхуагъэфэщащ мы махуэхэм илъэс 70 ирикъуа «Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ дзюдомкIэ олимп резерв щагъэхьэзыр школым» и тренер Шаваев Хьэнэфий.
ДзюдомкIэ республикэ федерацэр 202I гъэм зэрылэжьам кърикIуахэм тепсэлъыхьа нэужь илъэс блэкIам зэхэта зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэлъэпIащ.
Урысей Федерацэм дзюдомкIэ спортым и мастерым и мардэр 202I гъэм ягъэзэщIащ Уянов Магомед, Балаев Мажид, Мыд Албэч, Гуппоевэ Алинэ, Гаев Омар, Марыщ Хьэлим сымэ. Абыхэм псоми бгырыпх фIыцIэ къыхуагъэфэщащ.
«Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ дзюдомкIэ олимп резерв щагъэхьэзыр школым» и тренерхэу Шаваев Хьэнэфи, Къуп Эдуард, Иванов Дмитрий, Апхудэ Андзор, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ ахъшэ саугъэтхэр, дзюдомкIэ «Сабий спорт школ» МКУ и тренер Махуэ Олег кимоно иратащ.

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.