КЪЕГЪЭЛАКIУЭХЭМ Я ЛЭЖЬЫГЪЭР ЗЭТЕУБЛАЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъунымрэ абы къиша лъэу­жьыр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къы­зэгъэпэщынымкIэ и комиссэм хэтхэм я зэIущIэ.

Абы хэтащ Урысей Федерацэм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэ Надежин Михаил, ­КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, щIыналъэ администрацэ­хэм я Iэтащхьэхэр, IуэхущIапIэ­хэм я унафэщIхэр, нэгъуэщI­хэри.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек УФ-м и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэ псоми, зи IэщIагъэкIэ цIыху гъащIэр къегъэлыным епхахэм, ехъуэхъуащ­ КъегъэлакIуэм и урысейпсо махуэмкIэ. Апхуэдэуи псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ а IэщIагъэм и ветеранхэм икIи къыхигъэщащ къегъэлакIуэхэм я лIыхъужьыгъэр ягъэунэхуну мызэ-мытIэу къазэрыхуихуар. КIуэ­кIуэм игу къигъэкIыжащ мы гъэм Iуащхьэмахуэ къыщыхъуа гузэвэгъуэм ди къегъэла­кIуэ­хэм лIыгъэшхуэ зэрыщы­зэрахьар, дунейм и щытыкIэ шы­нагъуэмрэ бгым щыщыIэ гугъуехьымрэ емылъытауэ абы­хэм цIыху 14 къызэрырагъэлар.
«Зы илъэсым къриубыдэу цIыху минхэм я гъащIэр бгым къыщрагъэлын хуей мэхъу а IэнатIэм пэрытхэм, апхуэдэуи ма­фIэсгъэункIыфI IэнатIэм щыIэхэми лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI, цIыхухэр къегъэ­лыным псэемыблэжу пэрытщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэ­мыгъэхъунымкIэ ди хэгъэгум щыщIапхъэхэм ящыщу республикэ унафэщIым къыхигъэщащ IэнатIэхэм щылажьэхэм псэуныгъэкIэ ядэIэпыкъуныр, къулыкъущIапIэхэм къегъэла­кIуэхэр тыншу щылэжьэн папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къы­­зэ­гъэпэщыныр япэ игъэ­щыпхъэ къалэнхэм зэращы­щыр.
Урысей Федерацэм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу ­КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэ Надежин Михаил къыщыпсалъэм къыхигъэщащ КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъунымрэ абы къиша лъэужьыр гъэзэкIуэ­жынымкIэ ди щIыналъэм щы­лажьэ зы къэрал системэм 2021 гъэм къызэрымыкIуэ щы­ты­кIэу 4-рэ къэхъукъащIэ 28-рэ игъэзэкIуэжыну къызэрыхуи­хуар. МафIэсгъэункIыфI къу­лыкъу­щIапIэм хэтхэр минитIым щIигъурэ мафIэс къыщыхъуа щIыпIэм ираджащ, машинэ зэжьэхэуэм 420-рэ дэIэпы­къуэгъу­ щыхъуащ. Урысейм и МЧС-м и Iуащхьэмахуэ бгылъэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ отрядым и къегъэлакIуэхэм мы гъэм зэфIагъэкIащ къегъэлы­ныгъэ Iуэхуи 167-рэ, цIыхуи ­199-м ядэIэпыкъуащ, цIыхуи 168-рэ кърагъэлащ КъБР-м Медицинэ къэхъукъащIэ шына­гъуэхэмкIэ и центрым и гъусэу.
Надежиным зэрыжиIамкIэ, къегъэлакIуэ къулыкъущIапIэ псоми щылажьэхэр ИлъэсыщIэ ма­хуэшхуэм, зыгъэпсэхугъуэ­хэм нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ я ­къалэным пэрытынущ. Апхуэ­дэуи къыхигъэщащ блэкIа илъэ­сым я пащхьэ къита Iуэху псори зыхуей хуэзэу зэры­зэ­фIагъэ­кIар, къыкIэлъыкIуэ гъэми ­къа­лъы­къуэкI къэхъукъащIэ-­ хэр ягъэ­зэкIуэнымкIэ къаруи мылъ­­­куи зэрабгъэдэлъыр.
«Северо-Кавказская военизированная служба по активному воздействию на метеорологические и другие геофизические процессы» федеральнэ IуэхущIапIэм и унафэщI Чочаев Хъызыр къызэхуэсахэм я пащхьэм щыжиIащ илъэсыщIэм ирихьэлIэу ящэну, къагъэ­сэбэпыну хьэрэкIытIэхэм шына­гъуэ къамышэн папщIэ профилактикэ лэжьыгъэ зэрырагъэ­кIуэкIыр, Iуащхьэмахуэ лъапэ шынагъуэншэу щытын папщIэ, уэсукхъуэхэр къызэрырагъэхар, нэгъуэщIхэри.
Мы махуэхэм туризмэ, гъуэгу, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэ­хэр зэрыхуэхьэзырым теухуауэ къэпсэлъащ министерствэ­хэм, ведомствэхэм я унафэщIхэр.
КIуэкIуэ Казбек комиссэм хэтхэм яжриIащ махуэшхуэхэм хуаб­жьу набдзэгубдзаплъэу лэ­жьэн зэрыхуейр, мы пIалъэр къэхъукъащIэ шынагъуэ щы­мы­Iэу зэфIэкIыным я къару псори ирахьэлIэну, сытми хуэ­хьэ­зыру щытыну къыхуриджащ.

*   *   *
КъегъэлакIуэм и урысейпсо махуэм Iуэху зыбжанэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мафIэс-къегъэлакIуэ къулыкъущIапIэм. Ап­хуэдэуи КIуэкIуэмрэ Урысей Федерацэм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щы­Iэм и Iэтащхьэ Надежин Михаилрэ удз гъэгъахэр тралъхьащ къегъэлакIуэ IэнатIэм пэрыту хэкIуэдахэм я фэеплъым.

*   *   *
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гуфIэгъуэ щытыкIэм иту техникэщIэхэр  къулыкъу­щIа­пIэхэм яритащ икIи КъегъэлакIуэм и махуэм щхьэкIэ лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ. «Ди къегъэлакIуэхэр я лIыгъэкIэ ­къахощ адрейхэм икIи сыт хуэ­дэ щытыкIэ шынагъуэ къэ­мы­хъуами,  я гъащIэм щымысхьу цIыхур къызэрырагъэлы­ным хущIокъу», - жиIащ КIуэ-           кIуэм.
Надежиным къыхигъэщащ техникэщIэхэр псэупIэ унэхэм, ухуэныгъэхэм, промышленнэ объектхэм къыщыхъуа мафIэ­сыр гъэункIыфIыным сыт и лъэныкъуэкIи зэрыхуэщIар.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ