КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Гуртуев Сэлихь илъэс 80 зэрырикъуар ягъэлъэпIащ

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм гуфIэгъуэ пшыхь щекIуэкIащ КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, Тбилиси къалэм щIыхь зиIэ и цIыху, литературэ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр зрата, Кавказым и тхакIуэхэм я клубым щIыхь зиIэ и президент Гуртуев Сэлихь и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъуам теухуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Iэтащхьэм и къа­лэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек юбилярым хуигъэхьа хъуэхъум къеджащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

«Уэ уи зэчийр - куэдрэ къэ­мыунэху хъугъуэфIыгъуэщ, уи гъащIэр, творческэ гъуэгуанэр хьэлэлу икIи псэемыблэжу поэзием, адэжь щIыналъэм яте­лэжьэнымкIэ щапхъэщ. Балъкъэр литературэм, зэрыщыту урысей лъэпкъыбэ литературэм зегъэужьынымкIэ уэ ббгъэдэлъ фIыщIэр къып­хуэ­мы­лъытэным хуэдизу инщ. Уэ уи Iэдакъэм къыщIэкIащ республикэми абы и щIыбкIи пщIэш­хуэ щызыгъуэта тхыгъэ купщIафIэхэр.

Уи усэхэм къыхэщ лIы­хъужьым ди лъэпкъхэм я хабзэ нэхъыфIхэр хэлъщ. Уи тхыгъэхэр къэралым, адэжь щIыналъэм яхуэгъэза лъагъуныгъэшхуэмкIэ гъэнщIащ, ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и гу­рыщIэ нэхъыфIхэм ящыщ ­хъуащ икIи къыкIэлъыкIуэ щIэб­лэхэр цIыхугъэ яхэлъу, хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ», - итщ республикэм и унафэщIым и тхыгъэм.

ЗэIущIэм Гуртуев Сэлихь и тхыгъэхэм ящыщ пычы­гъуэхэр щагъэIуащ, Урысейм и Тха­кIуэ­хэм я союзым, «Литературная газета»-м и редакцэм, нэ­гъуэщI­хэм юбилярым къы­хуагъэхьа телеграммэхэм ­къыщеджащ.

ХъыбарегъащIэ агентствэхэм къызэратамкIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.