КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ УЗЫФЭ ЗЭРЫЦIАЛЭ ШЫНАГЪУЭХЭМКIЭ ГОСПИТАЛИТI ЩЫЗЭХУАЩIЫЖ

Иужьрей тхьэмахуиплIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мащIэ щыхъуащ коронавирус уз зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр. КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн зэрыжиIэмкIэ, блэкIа тхьэмахуэм елъытауэ, узым и гуащIагъыр процент 22-кIэ хэщIащ.  

Дыгъэгъазэм и 7-м ирихьэлIэу, узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ госпиталхэм медицинэ кIэлъыплъыныгъэ къащыIэрохьэ коронавирус уз зэрыцIалэр зэуз сымаджэ 991-м. Ауэ щыхъукIэ, мазэ ипэкIэ госпиталхэм щIэлъхэм я бжыгъэр минрэ ныкъуэм щIигъурт. Коронавирус зэфыкI сымаджэ щIагъэгъуэлъхьэжыркъым узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэмкIэ Тэрч, Шэрэдж щIыналъэхэм я сымаджэщ нэхъыщхьэхэм, ахэр куэд дэмыкIыу зэрылажьэу щыта хабзэм техьэжынущ. СПИД-мкIэ центрым къыщызэIуаха госпиталми  коронавирус уз зэрыцIалэ къызэуз цIыху балигъ щIагъэгъуэлъхьэжыркъым.

ПЦР къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, иужьрей жэщ-махуэм ирихьэлIэу, коронавирус зэфыкI сымаджи 103-рэ щыIэщ, мазэ ипэкIэ а бжыгъэр 137-м нэсырт. КТ- къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ нэхъ кIащхъэ хъуащ вирус пневмоние къызэузхэм я бжыгъэри. Иджыпсту жэщ-махуэм хуэзэу абыхэм я бжыгъэр зэрыхъур цIыхуи 100 хуэдизщ. ЩэкIуэгъуэм дохутырхэм я деж вирус пневмоние къеузу жэщ-махуэ къэс цIыху 220-м нэс къекIуалIэу щытащ.

 IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, щытыкIэр щIызэтеувэжым и щхьэусыгъуэр цIыху бжыгъэшхуэм коронавирус уз зэрыцIалэм укъезыгъэл иммунитет зэрагъуэтарщ. ЩIыналъэм щызэтеува, зэдай иммунитетыр процент 60-м ноблагъэ. Абы хеубыдэ узым укъезыгъэл мастэ (вакцинэ) зэхезыгъэIуахэри узыр зэфыкIахэри. Дохутырхэм къызэрахутамкIэ, мастэр зэхебгъэIумэ, илъэс ныкъуэм и кIуэцIкIэ узыр нэхъ къоуэлIэгъуей ещI, вакцинэр зэзыхьэлIахэм ящыщу закъуэтIакъуэххэщ уз зэрыцIалэр хьэлъэу зэфыкIыр. Узыр ику иту е тыншу зэфыкIахэр иджыри къамыцIэлэжынкIэ шэсыпIэ уиувэфынукъым. Куэдрэ къохъу сымэджам и антителахэр ипэ мазэхэм щехуэх, абы къыхэкIыу, етIуанэ гъуэгу щысымаджэкIэ, узыр нэхъ гуащIэжу къыщеуалIэ.

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым къит хъыбарым ипкъ иткIэ, коронавирус уз зэрыцIалэр зэуэлIахэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, турист зекIуапIэхэм, ерыскъы щызэрахьэ, цIыху куэд щызэрихьэлIэ зэIущIэхэм, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм щызекIуэ хабзэхэр нэхъ щабэ ящI хъунущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ