КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Оперативнэ штабым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

Коронавирус узыфэм Къэбэрдей-­Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабыр бадзэуэ­гъуэм и 15-м арэзы техъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн узым зы­щы­хъумэным хуэгъэза профилактикэ мардэхэм нэхъ ткIийуэ тетынымрэ вакцинэр Iэмалыншэу зыхалъхьэн хуей цIыхухэм мастэр хаIунымрэ теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмхэм.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм эпиде­мио­логие щытыкIэр зэрыщекIакIуэр: «Иджыпсту госпиталхэм цIыху 534-рэ щIэлъщ, ­абыхэм ящыщу 71-м реанимацэхэм щоIэзэ. Узыфэм иубыдхэм я бжыгъэм махуэ къэс хохъуэ, сабийхэри щIалэгъуалэри абы егъэ­сымаджэ, абыхэми узыр къехьэ­лъэкIыущ зэрап­къ­­ры­кIыр. Дэ реанимацэхэм гъуэ­лъыпIэу щIэтым, кислородкIэ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр зэшэлIахэм я ­бжыгъэхэр нэхъыбэ дощI, сымаджэхэр ­здашэну адрей госпиталхэри я лэ­жьыгъэм худогъэхьэзыр. Узыфэр зыпкъ­рыхьахэм икъукIэ гугъуущ ар зэ­ращхьэщыкIыр, абы ихьхэри куэд мэхъу».
«Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу­хэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъу­мэнырщ ди дежкIэ нэхъыщхьэр. Ди щхьэри ди Iыхь­лыхэри узыфэм пэIэщIэ зэрытщIын Iэмал нэхъыфI дыдэу но­бэкIэ щыIэр вакцинэр зыхегъэлъ­хьэнырщ икIи ар пIалъэ кIэщIым ­къриубыдэу зэфIэгъэкIын хуейщ, абы­кIэ цIыху нэхъыбэ къызэщIэубыдауэ узыфэм зиубгъуныр къызэтедгъэувыIэн ­папщIэ», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэм.
Мастэр Iэмал имыIэу зыхалъхьэн ­хуейхэм ящыщщ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр яхуэщIэным, сатум, къэ­рал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм, транспортым, егъэджэныгъэм, щэнхабзэмрэ узын­шагъэр хъу­мэ­нымрэ, ЖКХ-м, ухуэныгъэм, туризмэм, цIыхухэм социальнэ я ­лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжыным пыщIа ­IэнатIэхэм, IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэ­р.
«Роспотребнадзор»-м и Управленэу ­КъБР-м щыIэм и сайтым Оперативнэ ­штабым кърикIуахэм япкъ иткIэ къралъ­хьащ КъБР-м щыIэ Санитар ­дохутыр нэхъыщхьэм и унафэр, «Эпидемием епха щы­тыкIэм ипкъ иткIэ узыфэм ущызыхъумэ мастэхэр цIыху щхьэхуэхэм яхэлъхьэным теухуауэ» жыхуиIэр.
«Республикэм эпидемиологие щы­тыкIэр щыщIагъуэкъым, - итщ дэф­тэ­рым. - ЦIыху зэхуэсыпIэхэм щIэх-щIэ­хыурэ кIуэ, жыла­гъуэ транспортыр къэзыгъэсэбэп куэд ­сымаджэ хъуащ. Сымаджэ хъуахэм я ­нэхъыбапIэр ­(процент 71-р) лэжьэфыну ныбжьым итхэрщ - илъэс 18-м къыщыщIэ­дзауэ ­60-м къриубыдэхэрщ. Зи тхьэмбыл узу къахутэхэми сымаджэщхэм ягъэ­гъуэлъ­хэми я бжыгъэм кIуэ пэтми­ хо­хъуэ».
Къагъэлъэгъуа IэнатIэ псоми я ­Iэтащ­хьэхэм Унафэм яхуегъэув Уры-сей Федерацэм щащIу къэбгъэсэбэп хъуну къащта вакцинэм и япэ хэIугъуэр шыщхьэуIум и 10-м и пэ къихуэу, етIуа­нэ хэлъхьэгъуэр фокIадэм и 1-м ири­хьэ­лIэу зэфIагъэкIыну. Унафэр ехьэлIакъым коронавирус узыфэм цIыхур щихъумэным хуэгъэпса вакцинэр зыхалъхьэ мыхъуну цIыху щхьэ­хуэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм чэнджэщ иратащ цIыхухэм мастэр яхэлъхьэным хуэу­нэтIа лэжьыгъэр къызэрагъэпэщыну.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.