ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIа ухуэныгъэ

Дахагъэмрэ къабзагъэмрэ лъэп­къым, цIыхум я щэнхабзэм щыщ зы Iыхьэ инщ. Ар къыдгурыIуэу, дунеймрэ щIыуэпсымрэ пщIэ яхуэт­щIу, цIыху IэрыкIым дыхуэсакъыу дып­сэуныр дэтхэнэми ди къалэнщ.

Къалэхэр зэIузэпэщ, дахэ щIы­ным ехьэлIа федеральнэ программэм ипкъ иткIэ яухуэ паркхэм ящыщ зы иджыблагъэ яухащ. Ар ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Московскэмрэ зэпызыщIэ зыгъэп­сэхупIэрщ. Абы хеубыдэ сабийхэм я джэгупIэхэр, спорт утыкухэр, щхьэж и мыхьэнэ елъытауэ языныкъуэхэм мывэ (метр зэбгъузэнатIэу 5300-рэ), адрейхэм хьэфэ лъэгу (зы миным щIигъу) ирадзащ. ТетIысхьэпIэ дахэхэр, жэщым ар къэзыгъэнэху лампI­хэр зыфIэлъ пкъохэр, пхъэнкIий ­идзыпIэхэр куэду итщ. Къыхэгъэ­щып­хъэщ ухуэныгъэр щащIым жыг­хэр къызэрырамыупщIыкIар, атIэ нэ­гъуэщI щIыпIэхэм зэрагъэIэпхъуар.
«Сабийхэр къыщIэпшмэ къыщып­кIухьын, къыщепшэкIын щIыпIэ гъу­нэгъуу диIэтэкъыми, егъэлеяуэ ды­щыгуфIыкIащ мы ухуэныгъэм, - жаIэ гъунэгъу унэхэм щыпсэухэм. - ФIыщIэ яхудощI ар зи гукъэкIхэми, программэм Iуэхур хэзыгъэхьахэми, паркыр зыхуей хуэзэу зыщIа лэжьакIуэхэми».
«УимыIэри зумыхьэри зыщ», - жи­Iащ адыгэм. АтIэ, ухуэныгъэр зыхуей зэрыхуагъэзам хуэдэу дахэу, фафIэу, екIуу зезыхьэфын цIыхуу къыщIэкIыну сыхуейт абы зыщызыгъэпсэху дэтхэнэри.
 

БЛИЙ Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.