Республикэм эпидемиологие щытыкIэр щыгугъущ, ауэ я нэIэ щIэтщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 6-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус уз зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэ­у­нэтIа лэжьыгъэхэр къызэ­рызэрагъэпэщым, а узы­фэм зэрыпэщIэтым теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъа­кIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.

ЩIыналъэм и Iэтащ­хьэм къыхигъэщащ щыты­кIэр зэрыгугъур, ауэ я нэIэм зэрыщIэтыр. Абы жиIащ пандемием щыщIидза япэ лъэхъэнэхэм елъытауэ, сымаджэ хъухэр иджыпсту зэрынэхъыбэр, реанимацэ­хэм щIэхуэхэм я бжыгъэми зэрыхэхъуэр. Мы зэманым лажьэ госпиталитIым гъуэ­лъыпIэ 580-рэ щIэтщ, цIыху 459-м щоIэзэ, абыхэм ящыщу 10-р сабийщ. Реани­мацэхэм сымаджэ 59-рэ щIэлъщ. Реанимацэ дэIэ­пыкъуныгъэ цIыху нэхъыбэ хуэныкъуэ зэрыхъум къы­хэкIыу госпиталыщIэхэр къы­зэIухыжын хуей мэхъу.
Зэман гъунэгъум Къалэ клиникэ сымаджэщ №2-м къыщызэIуахынущ узыфэ зэ­рыцIалэ нэхъ шынагъуэ­хэр зыпкърытхэм щеIэзэну, гъуэлъыпIэ 200 зыщIэтыну госпиталь. Республикэм и Iэтащхьэм зыхуэфащэ IэнатIэхэм пщэрылъ ящищIащ Прохладнэ къалэ округым, Прохладнэ, Шэджэм, Тэрч муниципальнэ щIыналъэ­хэм я сымаджэщ нэхъыщ­хьэхэр, апхуэдэуи СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ япэщIэтынымкIэ центрыр госпиталхэр къыщызэ­Iухы­ным хуагъэхьэзырыну.
КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн жиIащ сабийхэм, щIалэгъуалэм, ику ит ныбжьым итхэм ящыщу узыфэр зэуа­лIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуар, сымаджэ хъуа­хэм я процент 60-р зэрыцIы­хубзыр. Санитар дохутыр нэ­хъыщхьэм къызэрыхи­гъэщамкIэ, республикэм щыщу сымаджэ хъуахэм я процент блыщIым щIигъум къайуэлIар коронавирусым и индие штаммым хуэдэ лIэужьыгъуэрщ. «Эпиде­мио­логие щытыкIэр мы зэманым гугъущ, сымаджэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Зэуэ куэд дыдэ сымаджэ ­хъуркъым, апхуэдэу щытми, «индие штаммым» иубыдхэм я бжыгъэм хохъуэ», - къы­хигъэщхьэхукIащ Пагуэ Жыраслъэн икIи жиIащ цIыху куэд дыдэ зэуэ зэры­зэрымыцIэлэжыр вакцинэ зыхезыгъалъхьэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуам зэрифIыгъэр. Абы гулъытэ хэха хуищIу къыхигъэщащ вакцинэм и зэ хэIугъуэм фIэкIа зыхамылъхьа, узым пэщIэтыфыным хуэдиз пкъы­гъуэхэр зи Iэпкълъэп­къым зэкIэ куэду хэмылъу сымаджэ хъуахэм узыфэр нэхъ къаймыхьэлъэкIыу зэ­рапкърыкIыр. Узыфэм нэхъ зэрызиубгъужам и щхьэу­сыгъуэу Пагуэм къигъэлъэгъуащ республикэм щып­сэухэр ягъэува мардэ ­ткIийхэм зэрытемытыр, ­ме­дицинэ нэкIуIупхъуэхэр зэ­ра­Iумылъыр, тэмэму узыфэм зэрызыщамы­хъу­мэр. Абы къыхилъхьащ ­эпидемиологие щытыкIэр нэхъри екIакIуэмэ, мардэ ткIийхэм зэрыхуэкIуэнум ­теухуа чэнджэщхэр ягъэ­хьэ­зырыну, къэблэгъа дин махуэшхуэхэм цIыху куэд зэ­хыхьэу узыфэм зиубгъункIэ зэрышынагъуэр къилъы­тэри.
КъБР-м узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министр Къа­лэбатэ Рустам зэрыжиIамкIэ, госпиталхэм щIэт гъуэ­лъыпIэхэм я бжыгъэр зы мазэм къриубыдэу хуэди 3,2-кIэ нэхъыбэ ящIащ, сымаджэхэр - хуэди 2,7-кIэ, кислородкIэ ягъэбауэ сымаджэхэр - хуэди 2,9-кIэ, реанимацэхэм щIэлъхэр - хуэди 2,2-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Министрым жиIащ коронавирус узыфэр къайуэлIауэ амбулаторнэу ягъэхъужхэм я бжыгъэр 807-рэ зэрыхъур, абыхэм ящыщу 86-р зэрысабийр.
Къалэбатэ Рустам къы­хигъэщащ сымаджэхэм я бжы­гъэр нэхъыбэ зэрыхъум къыхэкIыу узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэр зыпкърытхэр щагъэхъуж госпиталхэм щы­Iэ медицинэ лэжьакIуэхэм я бжыгъэри нэхъыбэ ящIын хуей зэрыхъуар. Иджыпсту а лэжьыгъэм пэрытщ медицинэ лэ­жьа­кIуэ 421-рэ, абыхэм ящыщу 107-р дохутырщ. Сменищу лэжьэн хуейуэ къазэры­ху­дэкIам къыхэкIыу узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэ­хэр зыпкърытхэм еIэзэ сымаджэщхэм я лэжьакIуэхэм зыгъэпсэхупIэ унэу тIу хуха­хащ, я IэнатIэм къыпэры­кIыжа нэужь абы щыIэну.
Министрым зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ япэ хэIугъуэу вакцинэр зыхалъхьахэм я бжыгъэр ба­дзэуэгъуэм и 6-м ирихьэлIэу цIыху 78930-рэ, етIуанэ хэIугъуэр зрахьэлIахэр 43284-рэ зэрыхъур. Вакцинэр яхэлъ­хьэнымкIэ бжьыпэр яIыгъщ Прохладнэ къалэ округым, Iуащхьэмахуэ, Май щIыналъэхэм.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек зэIущIэм и кIэм пщэрылъ ящищIащ эпидемиологие щытыкIэр екIа­кIуэ­мэ ягъэувыну мардэ пыухыкIахэр яубзыхуну, медицинэ лэжьакIуэхэм я ­улахуэр тэмэму зэрыратым, амбулаторнэу зэIэзэ сымаджэхэр хущхъуэхэмкIэ къы­зэ­рызэгъэпэща щIыкIэм ­зэ­пымыууэ я нэIэ трагъэтыну, мастэр яхэIуным епха гуп хэхахэр IуэхущIапIэхэм кIуэу­рэ вакцинэр цIыхухэм халъхьэну.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.