ЛIЫГЪЭ НАПЭ

УсакIуэ, тхакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ щытхъуцIэу иIэр мащIэкъым, ахэр къимылэжьауи къы­Iэрыхьакъым. Нэгъабэ хуэфащэ дыдэу «Урысей Федерацэм и Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къыфIащащ, а щIыхьыр къэзыгъэлъагъуэ дыщэ вагъуи Президент Путин Владимир Кремлым къыщыхилъхьащ. Зэрылъэпкъыу - хэхэси, хэкурыси - дригуфIащ, дригушхуащ, дрипэгащ а Iуэхугъуэм.
СЫКЪЭЗЫЦIЫХУХЭР щыгъуазэщ 1967 гъэм къыщыщIэдзауэ, иджыри сы­хэхэсу, МэшбащIэ Исхьэкъ и усэхэм саригъэру сыкъызэрекIуэкIар. Ауэ ар ­адрей «гъэрыпIэхэм» яхуэмыдэу удэзыхьэхт. КъызэднэкIа тхьэмыщкIагъэр къызыхэщ, макъамэ гущIыхьэхэр къызыхэIукI усакIуэ телъыджэм и сатырхэм япхыша гупсысэхэм си гур ­яхузырт. А гукIуэдым сыкъыхишыжырт анэм, хэкум, лъэпкъым, цIыхум хуэгъэза фIылъагъур зыпхыша, гугъэр къэзыгъэпсэуж усэ макъамэхэм. АпщIондэху зэш имыIэу лъэпкъым хуэлажьэ МэшбащIэм и лIыгъэр си ­нэгу къыщIэувэрт.
Дэ лъэпкъ Iуэхум дыкъыхуэуша къудейщ. Адэжь лъахэр ди пщIыхьэпIэм хэмыкIыу дыпсэу щхьэкIэ, хэкурысхэм хэхэсхэм яхуэгъэзауэ ягу илъым дыщигъэгумащIэ лъэхъэнэщ дызэры­тыр. Ауэ Исхьэкъ къытлъигъэIэс усэхэм дызэрамыгъэмысэм гу лъыдотэ, ­дигухэри къыдрашей.
Уи лъэпкъымрэ уи щIыналъэмрэ ухуэусэ къудейкIэ дунейпсо усакIуэ ухъуфын? МэшбащIэм и сатырхэм яхэлъ гупсысэм дэтхэнэ лъэпкъым щыщ цIыхуми и гур зэщIищтэнущ. Абы и щыхьэтщ, псалъэм папщIэ, «Фыкъыздэшэс» усэр. Исхьэкъ и сатырхэм къахохуэ и хэкум папщIэ и псэ хэзылъхьахэм ятеухуахэри. Абыхэм я гугъу пщIыуэ тхылъышхуэ птхыми, я гум щыщIэр МэшбащIэм къызэре­хъулIэм хуэдэу къыпхуэIуэтэнукъым. УсакIуэм ди фIэщ ещIыф хэкур хэт ­папщIи лIыгъэ напэу зэрыщытыр:
Уи хэщIапIэм хуэдэу лъапIэ
ЛIыгъэ напэу сыт щыIэн?
Анэшыгъэр пхуэхъуу плъапIэ
Уи щIыналъэ мыщIыIэн.
КъызэрымыкIуэщ МэшбащIэм хэ­хэсхэм зэрызахуигъазэ псалъэхэри. Абы и лъэпкъэгъур зыщыпсэу хэгъэгур Iумпэм ищIу аракъым, езым и гур ­хэкумкIэ къызэремыIэм щхьэкIэ, хуэгузавэу аркъудейщ:
Жэщыр щыфIыцIэу, махуэр щыпшагъуэу
ЖысIэмэ, пэжкъым - пцIыр сыту сщIыну?
ИтIани, сщIэркъым ущыгъуэщауэ
Зыгуэрым и щIым узэрисынур.
Апхуэдэ усэхэм дыкъыщеджэкIэ, ди адэжь и лъапсэ дгъэзэжмэ, бысым зэрыщыдиIэр ди гум щыдгъафIэу апхуэдэт.
ГуфIэр псынэпсу, уэсэпсу дыгъэр
Къолъадэ нэгум, къолъадэ нэгум.
Дядэжьхэм я щIырщ дэ зэдихэкур -
Сэлам алейкум! Сэлам алейкум!
МэшбащIэм къохъулIэ лей къыдэзыхахэм псалъэ мащIэ дыдэкIэ, итIанэми, щхьэтечауэ ящIар къагуригъэIуэжын. УсакIуэр зымыгъэгумащIэ Iуэхугъуи, зыхуэмыгумащIэ цIыхуи, лъэпкъи щыIэкъым. «Сызэджахэм мыракъэ псом нэхърэ нэхъ дахэр?», - жозыгъэIэ усэхэр Исхьэкъ и куэд дыдэщ. Абы къыхэкIыу, уащыхэдэкIэ, Iэнкун умыхъун плъэкIынукъым.
КъызэщIэкъуауэ жыпIэмэ, адыгэ тхакIуэшхуэм и усэхэми и тхыгъэхэми гъащIэрщ яхэлъыр, фIы щIэнырщ, лIыгъэрщ къызыхуриджэр. Анэ­дэлъху­бзэр мыпхуэдэу зыгъэбзэрабзэм пщIэ хуумыщIыныр плъэкIынукъым.
ЦIыхум ищIэ псори хьэзыру бгъэдэлъу дунейм къытехьэркъым. Зыхуэза цIыхухэми, зэджа гъэсэпэ­тхыдэми, нэIуасэ къыхуэхъуа ныб­жьэгъухэми япсыхь абы и дуней теты­кIэр. ИтIанэ езыми псалъэ гуэрхэр нэхъыбэрэ къыфIыдэкIуейуэ мэхъу. Сэри сигу къыпылъадэри, апхуэдэ псалъэ зыбжанэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хы Iуфэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм хуэгъэзауэ зэхэслъхьауэ щытащ. Абы щыщ пычыгъуэмкIэ си тхыгъэр сыухыну сыхуейт:
Уэ сыкъэзылъхуа си лъэпкъ гупсэ!
Уэ уи лэгъу иджыри бауэу,
Иджыри лъэбыдэ-псэбыдэу,
Къэнэжа лъэпкъыр кIуэдкъым.
БэгъащIэ лъэпкъхэм я нэгум
ЩIэкIри мащIэкъым.
Мис, уэри гъуэгу гъэщIэгъуэн,
Гъуэгуанэ хьэлъэ къэпкIуащ.
ЦIыху лъэпкъым тыгъэ хуэпщIащ
Уи хабзэ, уи нэщэнэ дахэхэр.

МЭШХУЭФI Нэждэт. Мейкъуапэ къалэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.