КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт»

КIуэкIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 23-м иригъэкIуэкIащ зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэм щеп­сэлъа зэIущIэм хэтащ  КъБР-м и Пра­вительствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м и Iэтащ­хьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, КъБР-м лэ­жьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ­къащхьэщыжынымкIэ и ми­нистр Асанов Алим.

Зэхуэсым щызэпкъраха Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ вакцинэр цIыху­хэм яхэлъхьэныр зэрекIуэкIыр.  Къалэбатэ ­Рустам зэрыжиIамкIэ, иужьрей жэщ-махуэм нэхъ мащIэ хъуакъым мастэр зыхе­зыгъалъхьэхэм я бжыгъэр, ику иту къапщтэмэ, зы жэщ-махуэм къриубыдэу республикэм ар зыщыхрагъэIу цIыху мини 2,5-м щIигъум.
ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа щытыкIэр 2019 гъэм и пэ къихуэу зэрыщытам хуэкIуэжу Iуэхур зэтеухуэ­жыным зэрехъулIэм и гугъу ищIащ Аса-нов Алим. Къапщтэмэ, лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ министрым жиIащ 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м ирихьэ­лIэу лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр 26560-рэ хъууэ зэратхар, зэрыIэнатIэншэм щхьэкIэ пособиехэр ират цIыху 5833-м. Абы къы­хигъэщащ 2019 гъэм ирихьэлIэу IэнатIэ ­Iутахэм я бжыгъэм хуэдиз лэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщыжын  хуейуэ УФ-м и ­Президентым щIыналъэхэм къалэн къа­зэрыщищIар. А пщэрылъыр гъэзэщIа ­хъун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щызэхалъхьащ абы хуэунэтIа Iуэхухэр зэрызэфIагъэкIыну щIыкIэхэр. Абы щынэхъыщхьэхэм ящыщщ щэхуу ­IэнатIэ Iутхэр къэгъэнэIуэныр. «Мэкъуауэгъуэм и 15-м ирихьэлIэу цIыху 2465-рэ щIэу­фауэ лажьэу къыщIагъэщащ, яущэхуу IэнатIэ Iутахэм иужькIэ зэгурыIуэ­ныгъэхэр иращIылIэжащ лэжьапIэ зытхэм. Абыхэм ящыщу 337-р IэнатIэншэу ­къалъытахэм ящыщт», - жиIащ минист­рым.
Республикэм и Iэтащхьэм пщэрылъ ящищIащ а лэжьыгъэм адэкIи жыджэру пащэну икIи къыхигъэщхьэхукIащ а ­Iуэ­хухэр, псом япэрауэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщхэм ягъэлажьэхэм я пащ­хьэ щахь социальнэ къалэнхэр егъэгъэ­зэ­щIэным зэрехьэлIар.
Апхуэдэуи «муниципальнэ сыхьэтым» къыщапщытэжащ щIыналъэхэм лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэм кърикIуэ-хэр. КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ «Урысей зэкъуэтым» иджы­благъэ иригъэкIуэкIа съездым къы­щыщыпсалъэу УФ-м и Президент Путин Владимир къуажэ школхэр къы­зы­хуэтыншэу зэгъэпэщыжыным тещIыхьа программэ зэхалъхьэу зэрыжиIар. Республикэм и Iэтащхьэм щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм пщэрылъ ящи­щIащ щIыналъэхэм я еджапIэхэу зэгъэ­пэ­щы­жын хуейхэм я проектхэр иджыпсту щы­щIэдзауэ ягъэхьэзырыну, программэм хагъэхьэфын хуэдэу.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.