ЗэфIагъэкIар къапщытэж

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм депутатхэр ще­дэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэр 2020 гъэм зэ­лэжьахэм къри­кIуам.

- 2020 гъэм коронавиру­сым зиубгъун щIидзэри, ар къызэтедгъэувыIэн щхьэкIэ къэдгъэсэбэпа Iэмалхэр ди экономикэм гъэунэхуныгъэ хуэхъуащ, - жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. - Нэхъыбэу а хьэлъэр зытехуар узын­шагъэр хъу­мэным и IэнатIэрщ. Федеральнэ оперативнэ шта­бым ищIа уна­фэхэм ­тету, Къэбэрдей-­Балъкъэрми и медицинэ IуэхущIапIи 9-р узыфэм пэ­щIэтыным ­тедгъэпсыхьащ, сымаджэ 1850-м ятещIы­хьауэ. Сымаджэщхэм медицинэ Iэмэ­псымэ минрэ ныкъуэрэ ­къахуэтщэхун хуей ­хъуащ, рентген зэращI, зэрагъэбауэ, узыфэр къы­зэ­рахутэ Iэмэ­псымэхэри яхэту. Налшык къалэм и сымаджэщ №2-мрэ Прохладнэ къалэм дэт район сымаджэщ нэхъыщхьэмрэ щыдгъэуващ компьютер томографу 2. Апхуэдэуи гъуэ­лъыпIэ 700-м нэблагъэм етшэлIащ зэрагъэбауэ Iэмэпсымэхэр. Сы­маджэщ­хэр къы­зыхуэ­тын­шэу лэ­жьэн папщIэ, къэрал бюджетым къыхэкIыу къагъэкIуащ сом меларди 2-рэ мелуан 800-м нэблагъэ. Сом мелуан 747-р республикэм и мылъкум къыхэдгъэкIащ. КъБР-м и Iэтащ­хьэм и унафэкIэ медици­-нэм и лэжьакIуэхэм я ­улахуэм мазэ къэс яхущIыдгъуащ: дохутырхэм - сом мин 50, ику ит лэжьакIуэхэм - сом мин 30, IэщIагъэлI нэ­хъы­щIэхэм - сом мин 25-рэ.
2020 гъэм республикэм автомобиль 77-рэ къыхуа­щэхуащ, 28-р «ДэIэпы­къуэгъу псынщIэ» маши­-нэу. Медицинэ лэжьакIуэ­-хэр зэрагъэгушхуэ ахъшэу я улахуэм щIагъуар псори зэхэту сом зы мелардрэ ­мелуан 600-м щIигъуащ. Абы щыщу ­республикэ бюд­жетым къыхагъэкIар сом ­мелуан ­537-рэ мэхъу.
Мусуковыр щхьэхуэу къы­теувыIащ 2020 гъэм къриубыдэу цIыхухэм ягъуэта дэIэпыкъуныгъэхэр зыхуэ­дэм. Абы зэрыжиIамкIэ, рес­публикэм и цIыху мин 320-м мазэ къэс сабий ахъшэу, субсидиеу, компенсацэу иратар псори зэхэту сом мелард 15,5-м щIегъу. Апхуэдэуи лэжьапIэншэхэм мазэм хуэзэу хухах ахъшэм хуэди 7-кIэ хагъэхъуащ икIи а Iуэхум сом меларди 2-м щIигъу текIуэдащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, цIыхухэм зэ­радэIэпыкъуа лIэужьы­гъуэ псоми сом мелард 17 къы­зэщIиубыдащ.
- Коронавирусым зыщиубгъуа лъэхъэнэм республикэм и экономикэр емыхуэ­хын щхьэкIэ, КъБР-м и Оперативнэ штабым къигъэ­сэбэпа Iэмалхэм ящыщщ хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ защIэгъэкъуэ­ныр. Къапщтэмэ, 2020 гъэм зи Iуэхур нэхъ дэхуэхахэм субсидие етыным и закъуэ сом мелуан 255-м нэблагъэ текIуэдащ, - жиIащ Мусуковым. - Апхуэдэуи хьэры­чэ­ты­щIэхэм бэджэндыпщIэ­хэмкIэ хуэгъэкIуатэ яIэным, налогхэр яхуэгъэмэщIэ­-ным, щхьэщатыкIхэр нэхъ мащIэу щIыхуэ къратыным теухуауэ лэжьыгъэ едгъэ­кIуэкIащ. Апхуэдэ Iэмалхэм сыт къыдитар жыф­Iэмэ, шэч хэмылъу, ди экономикэр зэпIэзэрыту къэ­нэныр зэрытхузэ­фIэ­кIарщ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2020 гъэм щIыналъэм ­къилэжьыфа псор сом меларди 180-м щIигъуащ. Промышленнос­тым къы­щIигъэкIами бжы­гъэфIхэр къигъэлъэ­гъуащ: хьэпшыпу къыщIагъэкIамрэ Iуэхутхьэбзэу зэ­фIахамрэ сом мелард 45,8-рэ хуозэ. Республикэм и ­мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм къалэжьащ сом ме­-лард 61-м щIигъу (иужь­рей илъэсипщIым ар нэхъыбэ ды­дэщ). Къапщтэмэ, мэкъу­мэш IэнатIэм епхахэм субсидиеу сом меларди 2,5-рэ яIэрыхьащ. Инвестицэхэр сом мелард 49,8-рэ хъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, нэгъабэ инвес­тицэмкIэ Iуэху­хэр езыгъэ­фIэкIуа щIыналъэ 40-м Къэбэрдей-­Балъ­къэ­рыр зэрахэхуар.
Мусуков Алий дыщIи­гъуащ коронавирусым зыщиубгъуа лъэхъэнэм сатум къыпэкIуэр процент 67-м нэс зэрехуэхар. Ещанэ ­мазищым къыщыщIэдзауэ абы зыкъиIэтыжу хуежьа щхьэкIэ, 2019 гъэм яIа ­ехъу­лIэныгъэм щIрагъэ­гъуфакъым икIи сом ме­ларди 134-рэ хъуауэ аращ.
Социальнэ Iуэхухэм еп­хауэ лажьэ цIыхухэм я улахуэр зэраубзыхуам къыщы­теувыIэм, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым къы­хигъэщащ абы зэры­хагъахъуэ хабзэм хуэдэу зэ­рекIуэкIар - мазэм ику иту рес­публикэм къыщахьыр сом 29899-рэ ­хъуащ, 2019 гъэм нэхърэ проценти ­8,9-кIэ нэхъыбэу. Мусуковым къыхигъэщащ лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм зан­щIэу зэрыхэхъуар, IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм я учётым 2021 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу цIыху мин 70-м щIигъу Iутащ (ар хуэди 10-кIэ нэхъыбэщ ипэ ита илъэсым щыIам нэхърэ).
- Нэгъабэ гугъуехь нэхъыбэ хэтахэм ящыщщ туризмэр. 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм республикэм зыгъэпсэхуа­кIуэ къа­кIуэ­хэм я бжыгъэр хуэдитI­кIэ ехуэхауэ щытащ, ауэ илъэ­сым и кIэм щы­ты­кIэр тIэкIу нэхъыфI хъужащ, - жиIащ къэпсэлъам. - 2021 гъэм и япэ мазищым и кIэм республикэм къэкIуам и бжыгъэр цIыху мин 240-м щIигъуащ, ар процент 70-кIэ ­нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэ­дэ пIалъэм диIам нэхърэ.
Мусуковым дыщIигъуащ къэралым иджыри зы лъэпкъ проектыщIэ, туриз­мэмрэ хьэщIэщхэмрэ зегъэужьыным теухуауэ, ­къы­зэрыщыхалъхьар. Къэ­бэр­дей-Балъкъэрми игъэ­хьэ­зырын хуейщ абы хи­гъэхуэну проектхэр.
Республикэм и бюджетым и гугъу щищIым, Прави­тельствэм и УнафэщIым къыхигъэщащ 2020 гъэм ­хэхъуэр сом мелард 55,7-рэ зэрыхъуар. 2019 гъэм еб­гъапщэмэ, ар процент ­35,2-кIэ нэхъыбэщ. Апхуэ­дэуи къэ­рал щIыхуэр сом мелуан 720-кIэ ягъэмэщIащ. 2020 гъэм лъэпкъ проект­-хэр гъэзэщIэным сом меларди 8-м щIигъу хухахащ: сом ­меларди 6,6-р федеральнэ ахъшэу, сом мелард 1,3-р республикэм ейуэ, сом мел­уани 105-р щIыпIэ бюд­жетым щыщу. 2021 гъэм лъэпкъ проектхэр ягъэзэ­щIэ­ным сом меларди 7,3-рэ тра­гъэкIуэдэнущ, абы иджы­ри дыщIагъуну я гугъэщ, федеральнэ суб­сидие къызэрыратым елъы­тауэ.
Депутатхэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуагъэзащ ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым. КъБР-м и ­Парламентым Егъэджэ­ны­гъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым хэт Пщыбий Светланэ щIэупщIащ са­бий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ унэкIэ къызэрызэрагъэпэщым пы­щIа гугъуехьхэм, 2020 гъэм а Iуэхум тещIыхьауэ щыта мылъкур псори къыщIа­мыгъэсэбэпам. Мусуковым жиIащ 2019 гъэ пщIондэ абы хухах ахъшэр, къэралым къаритри республикэм ейри, проценти 100-кIэ ­къагъэсэбэпу зэрыщытар, къэбгъэлъагъуэмэ, иужьрей илъэс зыбжанэм къриу­быдэу цIыху 500-м нэблагъэм унэ зэрыратар.
- Нэгъабэ ди Iуэхухэр зэб­лэуащ, къызэдгъэпэща аукционитхури емыкIуэкIауэ къы­зэралъытам къыхэкIыу (заявкэ зэрыщымыIам тещIыхьауэ), - жиIащ Мусу­ковым. - Законодательствэм ипкъ иткIэ сабий зеин­шэ­хэмрэ адэ-анэм я нэIэ щIэ­мытхэмрэ ират фэтэрыр ­метр зэбгъузэнатIэ 33-рэ ­хъун хуейщи, апхуэдэхэр ­гъуэтыгъуейщ. Къи­щынэ­мыщIауэ, унэщIэхэр зыу­хуэхэм фэтэрыр ныкъуэщIу зэращэми гугъуехь дыхегъэт, сыту жыпIэмэ ахэр зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэ щытыпхъэщ. А щхьэу­сыгъуэхэм къыхэкIыу нэгъабэ къытхуэмыгъэсэбэпа ахъшэр республикэм и ­бюджетым хэтлъхьэжащ. Мы гъэм ди мурадщ ныбжьыщIи 150-м унэ еттыну. Апхуэдэуи чэзум хэт псо­ри 2024 гъэ пщIондэ унэкIэ къызэрызэдгъэ­пэ­щы­нур къы­щыгъэлъэгъуа­уэ программэ хэха дгъэ­хьэзырри, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм едгъэхьащ.
Зи гугъу ящI Iуэхум и хэ­кIыпIэхэми къытеувыIащ Мусуковыр. Абы зэ­рыжи­IамкIэ, законодатель­ствэм зэхъуэкIыныгъэ­хэр игъуэ­тын хуейуэ УФ-м и Къэрал Думэм къызэригъэувар абы­хэм ящыщщ. Псалъэм папщIэ, депутатхэм къы­халъхьэ зы унэм щыщу ­сабий зеиншэхэм ират ­хъуну фэтэрхэм я бжыгъэр процент 25-м къыщыщIэ­дзауэ процент 50-м нэгъэсын зэрыхуейр. Къи­щынэ­мы­щIауэ, унэ ирамыту, ар езыхэм къызэ­ращэхужыну сер­тифика­тыр ирату ящIын­ри яфIэкъабылщ.
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ къы­хигъэщащ блэкIа лIэщIы­гъуэм икухэм республикэм щау­хуауэ щыта школ зыбжанэ зэгъэпэщыжын зэ­рыхуейр.
Мусуковым жиIащ а Iуэхум программэ щхьэ­хуэкIэ зэрелэжьыр икIи школ 96-рэ абы зэрыхэхуар. «Дэтхэнэми сом мелуан 40 - 50 хуэдиз текIуэдэнущ. ­Программэр езыр тещIы­хьащ сом меларди 4-м. ­Щапхъэ къэсхьынщи, нэ­гъабэ сом мелуани 100 те­кIуэдауэ зэдгъэпэщыжащ Май къалэмрэ Гундэлэн ­къуажэмрэ я школхэр. Мы гъэм ди мурадщ еджапIищ зэдгъэпэщыжыну - Дзэлыкъуэкъуажэ, Малкэ, Шэ­рэдж Ищхъэрэ жылэхэм дэтхэр» - дыщIигъуащ къэп­сэлъам.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир щIэуп­щIащ бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэм зэрыхагъахъуэ щIыкIэм. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым жиIащ илъэс къэс процентищ-плIыкIэ улахуэм зэрыхагъахъуэр, ауэ ар мащIэу къызэрилъытэр. «Щыты­кIэм зихъуэжын щхьэкIэ нэхъ къапщIэу хэгъэхъуэн хуейщ процент бжыгъэм.  Ар щытхузэфIэкIынур улахуэр зэрат щIыкIэм зэ­хъуэкIыныгъэ хэтлъхьэмэщ. Проценти 10-кIэ хэбгъа­-хъуэу къапщтэми (ауэ абыи арэзы укъищIыпэркъым), сом меларди 2 дыхуеи­-нущ», - къыхигъэщащ Му­суковым.
Егоровэ Татьянэ Мусуков Алий фIыщIэ хуищIащ ­КъБР-м и Правительствэм и лэжьыгъэр купщIафIэу къы­зэрызэщIикъуэжам щхьэ­кIэ.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Адыгэ псалъэ», «Заман» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Му­хьэмэдрэ Аттаев Жэмалрэ я къулыкъур ящхьэ­щы­хы­ным теухуа унафэри.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.