ЩIэтIысхьэгъуэм зыхуагъэхьэзыр

Мэкъуауэгъуэм и ­20-м щегъэжьауэ Урысейм еджапIэ нэхъыщ­хьэу итым зэрыщIагъэ­тIысхьэ Iуэхугъуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ щIа­дзащ. А лэжьыгъэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетми мы махуэ­хэм ехьэжьауэ щокIуэкI. Абитуриентхэмрэ абыхэм я а­дэ-анэхэмрэ университетым и лэжьэкIэм щагъэгъуэзэн, къыхаха унэтIыныгъэмкIэ щы­Iэ гурыIуэныгъэхэр зэхрагъэщIыкIын, еджапIэм зэры­щIэ­тIыс­хьэну къэрал хабзэхэр хузэпкърахын щхьэ­кIэ адэ-анэхэм я университет зэIуха иджыблагъэ къызэрагъэпэщащ. «Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университет-2021: зэрыщIэтIысхьэ хабзэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр» - аращ зэре­джэр зэпымыууэ лэжьэну зэхуэсым.
«Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр ныбжь зиIэу, тхыдэ гъуэгуанэ дахэ къызэпызычауэ Урысейм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм языхэзщ. ДыкъызэрацIыху, нэгъуэщI университетхэм дакъы­зэрыщхьэщыкI уней хабзэхэм дытету долажьэ, щIэныгъэ IэнатIэ псомкIи ди къэрал­ми дуней псоми къыщацIыху еджагъэшхуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ диIэщ, студентхэм щIэныгъэ куу ябгъэ­дэзылъхьэфын, я зэхэщIыкIым зезыгъэу­жьыфын егъэджакIуэфIхэр ди мащIэкъым. Ди еджапIэр къэзыухахэм щIегъуэжа яхэткъым - зрагъэгъуэта IэщIагъэмкIэ лэжьыгъэ ягъуэт, дэнэ щIыпIэ щы­мы­лажьэми, пщIэрэ щхьэрэ яIэу я Iуэху ящIэ. Ди гуапэщ ди еджапIэр къыхэфхмэ, фи быныр ди деж къэвгъакIуэмэ», - яжриIащ зэхуэсым кърихьэлIахэм химиемрэ биологиемкIэ институтым и унафэщI Хъурей Арсен.
Зэхуэсым къекIуэлIахэр щагъэгъуэзащ 2021 гъэм щIэтIысхьэгъуэм епха къэрал хабзэхэм хэлъ зэхъуэкIыныгъэхэм, зэры­щIэ­тIысхьэну тхылъымпIэхэр зыхуэдэ-нум, ахэр пэIудзауэ къызэрыIахынум, абитуриентхэр хэхауэ къызэращтэну щIыкIэ­хэм, нэгъуэщI куэдми.
ЩIэтIысхьэгъуэм пыщIа зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу щищIым, КъБКъУ-м щIэгъэтIысхьэным щыхуагъэхьэзыр Iэна-тIэм­рэ IэщIагъэм зэрыхуаунэтI лэжьыгъэр къы­­зэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и уна­фэщI КIэрашэ Аксанэ къыхигъэщащ: «Псом япэрауэ, гу лъытапхъэщ къэра-лым и мылъкукIэ щIэтIысхьэну хуейхэм ипэм хуэдэу IэмалитI зэрамыIэжынур. Мэкъуауэгъуэм и 29-м зэрыщIэтIысхьэну тхылъымпIэхэм я къыхэхыныр къызэтрагъэувыIэнущ. ШыщхьэуIу мазэм и 6-м гулъытэ пыухыкIа зыхуащI абитуриентхэр (зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэр, адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэр, зеиншэхэр, хэхауэ къащтэхэр) еджапIэм зэрыщIэхуамкIэ хъыбар иратынущ. ЗэрыщIэтIысхьэ тхы­лъымпIэ зытахэм я зэхьэзэхуэм къы­хэ­пэжыкIахэр я Iуэхур шыщхьэуIум и 17-м нахуэ хъунущ. Зэрыфлъагъущи, етIуанэ Iэмалыр зыми иIэжынукъым.
ЕтIуанэрауэ, абитуриентыр щыщIэ­тIыс­хьэкIэ зэрагъэунэхуну Iэмалхэм зрагъэубгъуащ. Языныкъуэ унэтIыныгъэхэмрэ Iэ­щIагъэхэмкIэ абитуриентым Iэмал иIэщ зыуэ щыт къэрал экзаменхэр зэригъэ­пэщыжыну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, экзамен ириптыну къыуагъэлъагъу предмет зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм зы къыхэпхыу, абыкIэ къэпхь балл бжыгъэхэр нэхъапэкIэ уиIа гъэунэхуныгъэхэм кърикIуам хэплъхьэ­жы­­фынущ.
Ещанэрауэ, зэхьэзэхуэм халъхьэну тхы­лъымпIэхэм абитуриентым и цIэмрэ унагъуэцIэмрэ итынукъым. Абы и пIэкIэ къагъэлъэгъуэнур СНИЛС-м ит номерырщ е зыщIэтIысхьэну къыхиха еджапIэм кърит уней номерырщ».
КъБКъУ-м щIэтIысхьэным епха Iуэху­гъуэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Тимур зэрыжиIэмкIэ, мы гъэм зэрыщIэтIысхьэ тхылъымпIэхэр университетым къызэрыIихынур пэIудзауэщ. «Абы щхьэкIэ «Къэрал Iуэ-хутхьэбзэхэр» жыхуиIэ сервисым ухыхьэу «Университетым пэIудзауэ щIэтIысхьэн» напэкIуэцIым узэригъэгъуазэм хуэдэу е пощтым и Iэмалхэр къэбгъэсэбэпу тхы­лъымпIэхэр егъэхьын хуейуэ аращ, - жиIащ Табыщым. - Ауэ щыхъукIэ курыт еджапIэ къызэрыбухамкIэ щыхьэт тхылъыр зыщIыпIи ебгъэхьын хуейкъым. УзэрыщIэтIысхьэ тхылъымпIэхэр зэрагъэкIуэну узэрыарэ­зымкIэ лъэIу тхылъри щэ нэхъыбэ птхынукъым. Ар щыптхынури уи балл бжыгъэмкIэ ­ббгъэдэлъ Iэмалхэм утрагъэгушхуэрэ щыты­кIэм уригъэувалIэу щыт­мэщ».
КIэрашэ Аксанэ зэрыжиIэмкIэ, зэры­щIэт­Iыс­хьэ тхылъымпIэхэр ­къэ­ралым и мылъкукIэ уеджэну Iэмал къозыт щIыпIэхэм ептмэ нэхъыфIщ. «Къэралым ­IэнатIэ пыухыкIахэмкIэ зы­хуэныкъуэ цIыху бжыгъэр ещIэри, ар иригъэкъун, абыкIэ щыIэ щы­щIэныгъэхэр игъэ­кIуэ­дын щхьэкIэ абы мылъку яхухех. Абитуриентым ар къилъытэ-рэ а унэтIыныгъэхэмкIэ щIэ­­ныгъэ зригъэгъуэтмэ, еджапIэр къиуха нэужь, лэжьапIэншэу къызэрымынэнум и шэсыпIэ ар хуохъу», - жиIащ КIэрашэм.
Абитуриентхэр хэхауэ къызэращтэну щIыкIэхэм я гугъу щищIым, Табыщ Тимур ар зищIысым, зытеухуам шэщIауэ теп­сэлъыхьащ. «IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIа жэрдэмыр и лъабжьэу хэхауэ еджакIуэ къагъакIуэхэр къэралым и мылъкукIэ еджэным и шэсыпIэ хъужыркъым иджы, ауэ абы Iэмал къыует абы тещIыхьа зэхьэзэхуэм абитуриентыр хэтыну. Апхуэдэ жэрдэмыр зейм ищIа зэгурыIуныгъэр зэрыщIэтIысхьэ тхылъымпIэхэм хэлъхьэн хуейуэ ара къудейщ», - гу лъаригъэтащ къызэхуэсахэм Табыщым.
«Зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэм, адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэм, зеиншэхэм я ­гугъу пщIымэ, - пищащ адэкIэ Табыщ Тимур, - къэралым и мылъкукIэ еджэну хуитыныгъэ зыгъуэтхэм я процентипщIыр абыхэм яхухэхащ. Зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэм зэрыщIэтIысхьэ экзаменхэр ди деж­кIэ щатыну хуитщ. Ар щыгъэтауэ, а гъэу­нэхуныгъэхэм кърикIуамрэ зыуэ щыт экзаменхэмкIэ балл бжыгъэ къихьамрэ хэдэжу зыхуейр къыхихыжыну Iэмал иIэщ. ЗыгуэркIэ а зэхьэзэхуэм и кIэн къыщимыкIамэ, апхуэдэ абитуриентхэр псори зыхэт зэрыщIэтIысхьэ гъэунэхуныгъэхэм зэуэ хохьэ. Университет кIуэцIым щекIуэкIыну гъэунэхуныгъэхэм я пIалъэм и хъыба­регъащIэр университетым и сайтым къралъ­хьэнущ, и щIыхьэпIэм дежи къы­щыфIадзэнущ. Ауэ щыхъукIи, гу лъыфтэ, университет кIуэцIым щатыну экзаменхэм хыхьэну хуитыр зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэм я мызакъуэу, колледжыр къэзыу­хауэ я щIэныгъэхэм хэзыгъэхъуэну къакIуэ­хэмрэ етIуанэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтхэмрэ а Iэмалыр яIэщ».
Курыт еджапIэр къэзыуххэм ята гъэу­нэ­хуныгъэхэм пхымыкIыфахэми хэкIыпIэ яIэщ. «Зыуэ зыт экзаменхэр зыхэмыт гъащIи щыIэщ, - жиIащ КIэрашэ Аксанэ. -КъБКъУ-м колледжиплI иIэщ, IэщIагъэ псомкIи унэтIыныгъэхэр ирагъэкIуэкI егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хэту. Абиту­риентыр зы­хуэ­ныкъуэр еджапIэр къызэ­риухамкIэ щыхьэт тхылъым и закъуэщ. Ар иIэмэ, еджакIуэр абы тещIыхьа зэхьэзэ-хуэм хыхьэну Iэмал иIэщ».
Къызэхуэсахэм нэгъуэщI зы Iуэхуи ягу ­къигъэкIыжащ КIэрашэм. «Зыуэ щыт экзаменхэм къахьа баллхэр абитуриентым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмкIэ хигъэ­хъуэну Iэмал щыIэщ. Апхуэдэ щхьэпэ яIэщ медалым, еджапIэр фIы дыдэу къызэриухамкIэ щыхьэт тхылъым, волонтёр тхылъым, Iэпкълъэпкъым зегъэу­жьы­нымрэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ екIу­экIа зэхьэзэхуэхэм кърата дамыгъэхэр, урысейпсо олимпиадэхэм зэрыщытекIуамкIэ фIыщIэгуапэ тхылъхэр, нэгъуэщIхэри. БаллхэмкIэ щхьэпэ хъуну информацэр еджапIэм и сайтым илъщ. Къэралым зэхигъэува апхуэдэ тхылъым имыхуауэ, ауэ абитуриентым иIэ ехъулIэныгъэхэм мы­хьэнэ щаIэнур щIэзыгъэтIысхьэ комиссэр балл бжыгъэ зэхуэдэкIэ зэхьэзэхуэ хъуахэм я Iуэхум хэплъэн щхьэкIэщ», - къагуригъэIуащ адэ-анэхэм КIэрашэм.
«Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» зи фIэщыгъэ сервисым уней плIанэпэ зэрыщыпщIынумрэ ар зэрыбгъэлэжьэнумрэ ятеухуауэ зэпкъ­рыхауэ къызэхуэсахэм яхутепсэ­лъыхьащ КъБКъУ-м информацэ пкъы­гъуэ­хэмкIэ и центрым и унафэщI Денисенкэ Владимир.
ЗэIущIэр купщIафIэу екIуэкIащ. Адэ-анэхэри абитуриент кърихьэлIахэри зы­щIэупщIахэм псоми гупсэхуу жэуап ира-тащ КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэм, и кIэми ­къапэщылъ гъэунэхуныгъэхэм дэтхэнэри пэлъэщыну, къыхахыну IэщIагъэми егуп-сысауэ бгъэдыхьэну ехъуэхъуащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.