Урысейм и Махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унэм щагъэлъэпIащ щIыналъэм и зыужьыныгъэм зи щIэныгъэрэ зэфIэкIрэ хэзылъхьа, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыгъэлъэгъуа цIыху гуащIафIэхэр.
Зи цIэ къраIуахэм яхэтащ Урысей Федерацэм и Президентым къыбгъэдэкI къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэри, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» дамыгъэхэр, цIэ лъапIэхэр, фIыщIэгуапэ тхылъхэр зратахэри.
«Нобэрей махуэм зэрепх, фIэкIыпIэ имыIэуи зэрешалIэ, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, - зи лъахэр фIыуэ зылъагъу, щалъхуа хэкум и тхыдэм пщIэ хуэзыщI, абы и зыужьыныгъэм зи гуащIэр хэзылъхьэ дэтхэнэ цIыхури. Шэч хэлъкъым, ди псэукIэр ефIэкIуэныр, ди щыIэныгъэр нэхъыфI хъуныр зэлъытар цIыху лэжьакIуэр арауэ зэрыщытым. КъызэднэкIа илъэс хьэлъэр зылъэмыIэ-са щIагъуэ къытхэткъым, абы и ягъэ зэмыкIа IэнатIи щыIэу къыщIэкIынкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, дэ тхузэфIэкIащ лэжьыгъэу едгъэкIуэкIым зэщIэкIуи къыщIэхуи имыIэу ипэкIэ дгъэкIуэтэн, ар къыщыгъэнауэ, ехъулIэныгъэфIхэри зыIэрыдгъэхьэн. Узыфэ бзаджэм цIыхур игъэгужьеями, я псэ хьэлэлагъым хэщIакъым, гущIэгъумрэ гулъытэмрэ кIуэдакъым, жыджэрагъми щIичакъым. Нэхъри дызэдефIэкIуэну си гуапэщ».
КIуэкIуэ Казбек щхьэхуэу къыхигъэ-щащ гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ я лэжьакIуэу ди щIыналъэм исхэр. «Фи лIыгъэм и инагъыр къэлъытэгъуейщ, - къыхигъэщащ абы, - ар зэрыпшэчын пщалъи щыIэу фIэщхъугъуейщ. Дунейр зэщIэзыщта узыфэм цIыхур къыщигъэгухэм, фэ бырсыр лей къыхэвмыгъэкIыу, зэпIэзэрыту фи Iуэху фщIэжащ, щIэгъэкъуэн хуэныкъуэм фалъэIэсу, гулъытэр зэмэщIэкIым хуэвгъэфащэу. Зэман бзаджэм фыпэщIэувауэ икIи фытекIуауэ жыпIэмэ пцIы хъунукъым. Сыхуейт дэтхэнэ зы гъэсакIуэми егъэджакIуэми фIыщIэ мыухыжыр яхуэсщIыну, я зэфIэкIымрэ я лъэкIыныгъэмрэ нэхъри зиIэту псэуну».
КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ махуэщIым ирихьэлIэу зи цIэ къраIуа къегъэлакIуэхэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, гъуазджэм епха IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, гъуэгущIхэм, инженерхэм, къэрал къулыкъущIэхэм.
Апхуэдэу, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэр хуагъэфащэу зи цIэ къраIуахэм ящыщщ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм радиомрэ телевиденэмрэ я нэтынхэр къэзыт центрым» и унафэщI Жылау Сафудинрэ «КъБР-м радиомрэ телевиденэмрэ я нэтынхэр къэзыт центрым» нэтынхэр къызэрат Iэмалхэр зэзыгъэпэщыж икIи зэзыгъэзахуэ гупым и инженер Багъэтыр Къантемыррэ.
Дин зэгурыIуэныгъэр хъумэным, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, щIэблэр гъэсэным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм папщIэ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр къратыжащ.
ИрагъэкIуэкI лэжьыгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къыщыгъэнауэ, хамэ щIы-пIэ куэдым къыщацIыхуа, ди щIыналъэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIуахэм ящыщт IэнатIэ зэхуэмыдэхэмкIэ КъБР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэр зратахэр. Абыхэм ящыщщ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI» цIэр зыхуагъэфэща ГъущIапщэ Арсен, «КъБР-м щIыхь зиIэ артист» цIэ лъапIэр зыфIаща уэрэджыIакIуэ Бэрбэч Аскэр, «КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ» цIэр зрата композитор ХьэIупэ Андзор, «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» хъуа, Ислъэмей къуажэ дэт 1-нэ курыт еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Шыгъэлыгъуэ Физэ, «КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр зрата, УФ-м Псэущхьэ икIи къэкIыгъэм къапкърыкI шынагъэр къэмыгъэхъунымкIэ санитар кIэлъыплъакIуэ къулыкъущIапIэм КъБР-м щиIэ референт центрым и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий, нэгъуэщIхэри.
«Фэ фщыщ дэтхэнэри зэрыгуащIафIэм къищынэмыщIауэ, псэемыблэжщ. Фи ехъулIэныгъэхэр инщ, фыкъэзыцIыху, къывдэлажьэ, фи хъыбар зэхэзыхахэм дежкIэ фи гъащIэри щапхъэщ. Фи лэжьыгъэм фыхуэпэжщ, ди къэкIуэнури дахэ зыщIыр фэ фхуэдэ цIыху гу къабзэ - псэ хьэлэлхэрщ», - жиIащ и гуапэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
МахуэщIым хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэ-мэд, Урысей Федерацэм и Президентым Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ и лIыкIуэм егъэщIылIауэ КъБР-м и инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, министрхэмрэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ, щIыпIэхэм унафэр щызехьэнымкIэ щыIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.