Сэхъурокъуэ Хьэутий:Къепхьэжьа Iуэхур цIыхум хьэкъ щыпщIыфмэ, сытри лъэкIынущ

- Уи псэлъэкIэр зэхэзыха дэтхэнэ зым и дежкIи наIуэщ адыгэбзэ ­къабзэ зэрыпIурылъыр, Хьэутий. Адыгэгу зэрыпкIуэцIылъми адыгэ­псэ зэрыпIутми шэч хэлъкъым. Сыт абыхэм я къежьапIэр?
- Сыт хуэдэ цIыхуми и къежьапIэр, щапхъэ хъур и адэ-анэращ, унагъуэращ. Иджыпсту бзэр тхъумэну цIыху-хэр къыщыхуедджэм и деж, япэ дыдэ ­адэ-анэм захуэдгъазэу аращ. Сэр дыдэм апхуэдэ гуныкъуэгъуэ сиIэщ си къуэрылъхухэм ехьэлIауэ, унагъуэм щIэсхэр адыгэбзэкIэ фIэкIа емы­псэлъэну сылъаIуэу, уеблэмэ егъэджакIуэ къыдэдгъэлажьэу.
ГъэщIэгъуэнщ ар, ауэ фIы дыдэм къыхэкIауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, мыхъумыщIэ хъу щыIэщ, апхуэдэуи къэзылъхуахэм я дуней тетыкIэкIэ губгъэн къахьу, арщхьэ­кIэ я быным еджагъэшхуэ къыщыхэкI къохъу. Ауэ ахэр мащIэ дыдэщ. КъызэралъытэмкIэ, процент 90 - 95-м фIым къыхэкIар фIы, Iейм къыхэкIар Iей мэхъу. Адыгэр псом хуэмыдэу абы хуэсакъыу щытащ.
Сэ си насыпу адэшхуэ-анэшхуэ сабгъэдэсащ, сыщысабийм абы жаIэ куэд зэхэсхащ. Адэ шыпхъуитху, зым нэхъ­рэ адрейр нэхъыфIыжу, сиIащ, си адэр я дэлъху закъуэу. Абыхэм ящыщу къысхуэнар тIу къудейщ, Алыхьым ­схуигъэпсэу. АтIэ, сэ дунейм сыкъы­щытехьам, унагъуэм гуфIэгъуэу яIар къызыщыгъэхъут, Залинэ: си адэ­шхуэм и къуэ закъуэм срикъуэ закъуэу!
Абыхэм жаIэр апхуэдизу гъащIэм къыщысхуэсэбэпыну сщIэуэ, ар си ­сабий акъылым къиубыду аратэкъым, атIэ жаIэм семыдэIуэнкIэ Iэмал имыIэу срагъэувалIэрт. ГъэсэныгъэкIэ, щапхъэкIэ, псалъэ дахэкIэ, Iуэхум сызэ­рыдрагъэхьэхкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. Пса­лъэм папщIэ, япэ дыдэ топ сыщыщIэлъэIуам, си адэшхуэм: «На­кIуэ-тIэ, удз тIэкIу къыздэпхынщи, ар жэмым едгъэшхынщ, абы шэ къыщIэ­кIымкIэ уэ топ къыпхуэтщэхунщ», - жиIэри, алыхь-алыхь, псынщIэIуэу сышэ жысIэри, удз къэхыкIэ сымыщIэми, сытегушхуауэ щытащ. Хьэмэрэ, япэ дыдэ щхьэл сыщыздишар-щэ, хьэжыгъэ, хуэнщIей изубэну?! Ахэр псори лэжьыгъэм сызэрыхуигъасэ Iэмал цIыкIуфэкIуу арат, пщIэнтIэпсым, къэблэжьам уасэ зэриIэр зыхэпщIэ­нымкIэ сэбэпышхуэ хъууэ.
Ди адэшхуэм цIыху куэд къы­кIэлъыкIуэрт, абыхэм чэнджэщ яритырт, цIыхуитI тIэкIу зэщыIеямэ, зэригъэкIужырт. Ди лъэпкъым щыщ куэд зауэм хэкIуэдауэ, сабийхэр адэншэу къэнати, абыхэм ящыщу нэхъ гъу­нэгъуу диIэхэм я щIалэхэр ди деж армэм щыдэкIащ, дзэм къищикIыжами, я унэ екIуэлIэжын и пэ къызыдыхьар ди пщIантIэращ. Хъыджэбзхэр дэкIуэнумэ, абы ехьэлIа унафэри ди уна­гъуэм къыщащтэу щытащ. ЖыпIэнурамэ, Сэхъурокъуэ Хьэмид жезыгъэIа лIы ахъырзэмант си адэшхуэр, икъукIэ сыхуэарэзыщ. Абы жиIахэм ящыщ куэд сэ гъащIэм къыщысхуэсэбэпыжащ. Абы къызипсэлъылIахэм ящыщ зы пхуэсIуэтэжынт. «Узыхуейм хуэдиз ахъшэ уимыIэныр тхьэмыщкIагъэщ. Ауэ абы укъелынущ, мащIэу уиIэмэ, мащIэу пшхынщ, нобэ уимыIэмэ, пщэдей бгъуэтынщ. Ауэ уи щхьэм илъ акъылым нэхърэ уи жыпым илъ ахъшэр нэхъыбэ хъууэ щытмэ, ар насыпыншагъэщ, абы емыкIу къуигъэхьынкIэ, уигъэукIытэнкIэ, уигъэу­нэхъункIэ, уеблэмэ уиукIыжыпэнкIэ ­хъунущ». Абы щыгъуэ «си акъылым хуэдиз ахъшэ тIэкIу сиIами», жысIэу сегупсысырт, иужькIэщ а псалъэхэм мыхьэнэуэ ящIэлъыр къыщызгуры­Iуар. Уи щхьэр уи мылъкум нэхърэ нэхъ лъагэу щытын хуейщ, уи мылъкур ­зэригъэкIуэфу, узэрыщымыт уимы­щIу, абы щхьэкIэ улэжьэни цIыхум пщIэ хуэпщIыни къыумыгъанэу, нэмыс пхэлъу. Сэ сызыщIапIыкIари сызы­хуагъэсари аращ.
ИгъащIэм си адэшхуэр зыпэрыс Iэнэ дэнэ къэна, зыщIэс пэш щетIысэхакъым си адэр. Лэжьыгъэ IуэхукIэ е нэгъуэщI зыгуэркIэ къэгувамэ, щIыхьэу псори жримыIэжауэ и лэгъунэ и бжэ ­Iуихакъым. Ар хабзэщ, иджыпсту интернет жыпIэми нэгъуэщI-къинэмыщI­ми ди сабийхэр тфIэзыгъэкIуэдхэм ­дыкъезыгъэлыфыну щыIэр ди адыгэ хабзэращ. Абы къыкIэлъокIуэ гъэсэ­ныгъэр, адэкIэ щIэныгъэ тхуетрэ - ­игъащIэкIэ ди щIэблэм зыри къыпэ­лъэщынукъым. Гъэсэныгъэр псом я щхьэщ, ар зиIэм сыт хуэдэ щIэныгъэри зригъэгъуэтыфынущ, сыт хуэдэ Iуэхуми хэзэгъэнущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, сэ IуэхущIапIэ куэдым сыщылэжьащ, мэкъу­мэш, егъэджэныгъэ, иджыпсту сы­зыIут федеральнэ IэнатIэр жыпIэми. Псом я щхьэр цIыху хэтыкIэращ. Узыхыхьэхэр зищIысыр, абыхэм я зэхэтыкIэр, уэ ахэр къызэрыпщыгугъыр, яхуэпщIэфынур, къыббгъэдэтхэм ар къызэрыбдаIыгъынур, ахэр зэрытебгъэгушхуэфынур, нэгъуэщI Iэджи пхузэхэгъэкIыпхъэщ. Дэтхэнэ зыми гукъыдэж иIэн хуейщ Iуэхур къыбдиIыгъыну, абы щхьэкIэ и фейдэи хилъэгъуэн хуейщ. ИтIанэщ гупыж пщIар къыщыбдаIыгъынур. Сэ IэнатIэу сы­зыIутам цIыхуфI защIэщ сызыщрихьэлIар. ИгъащIэкIэ къыпхуэмыIэты­жыну жаIэу сыздагъэкIуа Налшык джэд фабрикэм илъэсрэ ныкъуэрэ фIэкIа дэмыкIыу планри игъэзащIэрэ, улахуэри и чэзум етту зэтедгъэувэжауэ щытащ. ЛэжьакIуэм закъуэтIакъуэщ сампIэимыхьэу, ныкъуэкъуэхыу къахэкIыр, адрейхэм зыри ялажьэкъым. Зыхуей хуэгъэзэн, тегъэгушхуэн, пщIэ яхуэщIын хуейуэ аращ. Къепхьэжьа Iуэхур цIыхум хьэкъ щыпщIыфмэ, сытри лъэкIынущ.
ГъащIэм пIалъэ-пIалъэкIэрэ цIыхум и пащхьэм кърегъэувэ Iуэху зэ­мы­лIэужьыгъуэхэр, IэнатIэ псоми ехьэлIауэ. Тхыдэми къегъэлъагъуэ ар. БлэкIар фIыуэ пщIэмэщ къэкIуэнум тэмэму ущегупсысыфынур, а къэкIуэнум ухуэлэжьэн папщIэ блэкIамрэ нобэрей гъащIэмрэ зэрызэппхынур къызэбгъэпэщыфын хуейщ. БлэкIам нэхъыфI къыхэпхмэ, къэкIуэнум къулыкъу хуебгъэщIэфмэ, итIанэ уи къалэныр бгъэзэщIауэ аращ. КIэщIу жыпIэмэ, япэщIыкIэ Iуэхур зэхыбогъэкI, итIанэ зэрылэжьэн IэмэпсымэхэмкIэ къызыбогъэпэщри боунэтI, адэкIэ уолажьэ.
- Унагъуэм щыбгъуэта гъэсэныгъэр, уи адэ-анэм узыщIапIыкIа хабзэр уи щIалэхэм нэсу яхэплъхьэфа? Иджырей дуней гугъум, гъащIэ зэхэзэрыхьам ижь къащIумыгъэ­хущэу жыхуэсIэщ.
- Гъэсэныгъэу иратамкIэ адэ-анэр арэзы хъууэ щытмэ, быныр къэсыжауэ аращ. Абыхэм уащытхъу хъунукъым, лейуэ щIэбубыни щыIэкъым. Иджыри мыпхуэдэу щытащэрэт жыпIэу, зыхебгъэлъхьэну хьэлрэ ебгъэщIэну Iуэхурэ щыIэн хуейщ. Сэ сылажьэурэ щIалэхэм я гъэсэныгъэм нэхъыбэу пэ­рытар унэм щIэсращ. ИтIанэ пасэу унагъуэ хъуахэщ, нэхъыжьым илъэс тIощI мыхъуу къишащ. Абы сыт и Iуэхум хэслъхьэжыфынур?! Моуэ гъащIэм хуэзгъэсэнщ щыжыпIэ зэманым езым унагъуэ игъуэтащи, ар иджы си унэкъуэщуращ, къызэупщIмэ жес­IэнIауэ фIэкIа, и Iуэху сыхэIэбэнукъым. Нэхъыжьым хъыджэбзищ иIэщ, университет къэзыуха яхэту, дэ къыдбгъэдэс нэхъыщIэм щIалищ иIэщ. ЕтIуанэм нэхъыбэ и пщэ къыдохуэ. ЖыпIэнурамэ, мэлажьэ, мэшхэж, нобэми зэрыхъукIэ доущий, къытхуей хъумэ, дыкъагъуэт.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэм щIэту сыт хуэдэ Iуэху зэфIэха, убла хъуа иужьрей илъэсхэм?
- ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу къэслъытэр дунейм адыгэу тетыр зэпыщIэнырщ. Мис абы и лъэны­къуэкIэ лэжьыгъэшхуэ тхузэфIэкIащ. Адыгэ щыпсэу къэрал 53-м щыщу 27-м дадолажьэ, ДАХ-м нобэкIэ щIыналъэ (къэрал) Хасэ къудамэу 16 къызэщIеу­быдэ. Апхуэдэу жыпIэ щхьэкIэ ин дыдэщ ахэр, псалъэм и хьэтыркIэ, ­Европэм и къэрал 18-м щыIэщ Хасэхэри, ахэр зы федерацэущ къы­зэрытхэтыр. Адыгэхэр мелуан бжыгъэкIэ щыпсэу Тыркури аращ.
Сыт адыгэр дызыхуейр мы зэманым, сыт лъэпкъым Дунейпсо Адыгэ Хасэм хуищIэн хуейр, ар къызэзыгъэпэ­щахэм я гуращэу сыт щытар, ялэжьын я ­гугъэу яхузэфIэмыкIауэ сыт щыIэ? Ди IуэхущIапIэм и къалэнхэр кIэ зимыIэщ, пщIэ пэтми и лъащIэм унэмы­плъысыфыну.
Псалъэм папщIэ, ди Уставым итщ бзэр, хабзэр тхъумэн, ди нэмысыр, адыгагъэр тIыгъыжын зэрыхуейр, дуней псом щикъухьа ди лъэпкъыр зэпыщIэжыным зэпымыууэ дызэ­ры­телэжьапхъэр. ДэнэкIэ щыпсэу адыгэми и Iуэхум дыщыгъуэзэным, хьэлэ­бэлыкъ гуэр хэхуа щыIэмэ дадэIэпы­къуным, дызэрыщIэным, дызэры­зэ­къуэтыным дытолажьэ, хамэ къэ­ралхэм щыпсэу ди хэхэсхэм зэпымыууэ далъоIэс.
Псоми дощIэж Сирием къыщыхъея зауэм ди лъэпкъэгъухэр бэлыхь зэрыхидзар. Абы уимыгъэгузэвэнкIэ, уимыгъэгумэщIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. ТхузэфIэкIынумкIэ дызэчэнджэщри, лIыкIуэхэр дгъэкIуащ, къэкIуэжыну ­хуейхэм дадэIэпыкъуащ. ЦIыху минищ къэтшэжащ, унагъуи 124-м унэ къахуэтщэхуащ. Ар къэрал мылъкум щымыщ, зыхузэфIэкIхэм, гудзакъэ зиIэхэм зэхалъхьа, къэдугъуея ахъ­шэщ, мелуан бжыгъэ хъууэ. Абыхэм дакIэлъоплъ, я сабийхэр школхэм ягъэкIуэнымкIэ, я узыншагъэм сы­маджэщхэм щыкIэлъагъэплъынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи дадоIэпыкъу. ­Ха­са­щхьэ яIэщи, езыхэр зэхуосри, зо­псалъэ, Iуэху яIэмэ, къыдахьэлIэ. Махуэ хэха диIэхэр щыдгъэлъапIэкIэ къытхохьэ. Абыхэм ящыщ зы вице-президент тщIауэ къытхэтщ. Иджыри Сирием дыпыщIащ, къэкIуэжыну хуей щыIэмэ, защIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ.
Урысейм цIыху Iэпхъуэшапхъуэхэм ехьэлIа и политикэм махуэ къэс жы­хуаIэм хуэдэу зехъуэж. Япэм къедгъэщтауэ щытащ гражданствэу тIу яIэ ­хъуну хуит зыщI унафэ. Иджы ар Iуэху къиин хъуащи, паспорт зыIэрагъэхьэнымкIэ дадоIэпыкъу. Иджы быдэу кIэ­лъымыплъауэ хэкум зыри къагъэ­кIуэжыркъым, япэ къэсыр къэра­лым къихьэ-икIыу къыпхуэзыдэнур хэт, адыгэми зэрыжиIэу, псоми я гур бгъэныщкIуа?!
Лъэпкъыр пхэнжу щыбэкъуэнум и деж ар зэрыщыдмыгъэуэн Iуэху зы­дохуэ. Псалъэ папщIэ, Сочэ Олимп джэгухэр щрамыгъэщIыну щыпэщIэувам, къэралхэм я лIыкIуэхэр къатшэщ, ­едгъэлъагъущ, ягурыдгъаIуэри, зэтедуIэфIащ. Ар щIыжысIэращи, дэ къэралым гурыдгъэIуэн хуейщ дызэ­рымыкъаугъэр, фIэкIыпIэ къызэрыт­лъыхъуэр. Урысейм зэран хуэхъуну ­хуейхэм дыкъызэрагъэсэбэпыр ди лъэпкъэгъухэм хуэмурэ, щабэурэ ягу­рыдогъаIуэ, дунейм къыщекIуэкI Iуэхухэм дифI зыхэлъымрэ ди зэран къызыхэкIынумрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм дыщытопсэлъыхьри, унафэ къы­щыдощтэ, ар цIыхубэм ялъыдогъэIэсыж.
Сыт адыгэ лъэпкъыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэрыщыгугъыр? Хасэр зауэ-банэм хэтыну, къэралым ены­къуэкъуну, нэгъуэщIым пэщIэувэну зи къалэну къэзылъытэхэри щыIэщ. Абы щыгъуэм ди IуэхущIапIэм лъэпкъыр игъэунэхъуну аращ. Ипэ ита нэхъыжьыфIхэм акъыл хэлъу зэхалъхьа Уставым итым фIэкIа Хасэм нэгъуэщI ищIэну хуиткъым. Абы щыгъэнэIуахэр иджыпсту тхуэгъэзащIэмэ, ар зи IэрыкI лъэпкъылIхэмрэ къытщыгугъ лъэп­къымрэ дгъэпэжу аращ. Абы дытеб­гъунлъыкIрэ нэгъуэщI зыгуэрхэр зетхуэмэ, хабзэм дебакъуэмэ, лъэпкъыр щыхупIэм ди IэкIэ хуэтшащ. Зэманым дыдекIуу, ди Iуэхур зетхуэфу, ди бзэ, ди хабзэ тхъумэжу, ди лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ яхудиIэу дыпсэуныр ди хьэкъщи, ар тхузэфIэкIын Тхьэм ищI.
Бзэм теухуа Iуэхур-щэ?! Ар къэтIэтщ, куэдрэ дытепсэлъыхьщ, еплъыкIэ Iэджэхэр зэпэтлъытщ, Президентым и деж щыIэ советми дыкъыщыпсалъэри, нэхъыфIым хуэдэу едгъэщIащ. Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэ­нымкIэ гупым сыхагъэхьэри, абы и 68-нэ, 69-нэ статьяхэм иратхэжащ лъэпкъ цIыкIухэм я бзэр хъумэнымрэ зегъэу­жьынымрэ къэралым и къалэну. Апхуэдэщ щэнхабзэм и Iуэхури. Абы къыщынэркъым: хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм бзэр едгъэхъумэн папщIэ къыддэIэпыкъунуи иратхащ къэралым и хабзэхэр къыщыхьа тхылъ нэхъыщхьэм. Иджыпсту онлайну адыгэбзэр ядогъащIэ хэхэсхэм я щIэблэм, дунейр хьэлэбэлыкъ хэзыдза уз бзаджэр IукIуэтмэ, егъэджакIуэхэр дгъэкIуэнущ.
Ди IуэхущIафэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдыдогъэкI. Абы и лъэ­ныкъуэкIэ Къэбэрдей Хасэмрэ дэрэ дызэкъуэту долажьэ. Адыгэу дунейм тетым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд яхуищIам хуэдиз хузэфIэкIауэ зыри диIэкъым, ар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Ды­щызэхъурджауи къохъу, ауэ зэкъуэ­шым хуэдэу дызэдолажьэ Мухьэ­мэдрэ сэрэ, нэхъыжьыгъуэр ейми, пщIэ къысхуещI, Хасэм сызэритхьэмадэр япэ иригъэщу. Сигу къоуэ ХьэфIыцIэм тхылърэ хьэпшыпу иIэ мин бжыгъэхэр зы щIыпIэм щызэхуэхьэсауэ зэры­щымытыр. Сэ къыхузоджэ, схузэфIэкI мащIэри хэслъхьэнщ, сыадыгэщ жызыIэу дунейм тетыр дыкъызэ­дэтэджу абы и Iуэху зетхуэну, бгынэжа унэхэм ящыщ гуэр къыхэтхыу, ди ­хабзэ-бзыпхъэхэр, адыгэм ди блэкIамрэ нобэмрэ къыщыгъэлъэгъуа музей тщIыну.
ПыухыкIауэ жыпIэмэ, къэралми республикэми дадолажьэ, IуэхуфI ­къаIэт­хэр ядыдоIыгъ, лъэпкъым и Iуэху ехьэлIауэ дигу иримыхьын ящIэми, и щхьэр течауэ яжетIэнущ. Абы и щыхьэтщ ЦIыхубэ дипломатием зегъэужьынымкIэ Горчаков А. М. и цIэр зезыхьэ фондым и грантыр тхуэ, УФ-м и Президентым и саугъэтыр щэ, республикэм ейр тхуэ къызэрытхьар. А псоми лэжьыгъэшхуэ, Iуэхушхуэ пылъщ гъэзэщIэн хуейуэ. 
- Ди лъэпкъэгъу хэхэсхэр щыпсэу хамэ къэрал куэдым ущыIащ, Хьэутий. Сытым уигъэгушхуауэ, сытым уигъэпIейтейуэ уакъыхэкIыжрэ? Абыхэмрэ дэрэ ­нэхъри зэгъунэгъу дызэхуэхъунымкIэ сыт хуэдэ хэ­кIыпIэхэр, Iэмалхэр щыIэу къэплъы­тэрэ, иджыпсту къэдмыгъэсэбэпу, ауэ уи хъуэпсапIэу?
- ИщхьэкIи зэрыщыжысIащи, хамэ къэрал щыпсэу зы адыги гулъытэншэу къызэрыдмыгъэнэным яужь дитщ, щIэх-щIэхыурэ абыхэм дахохьэ, Iуэху дахэхэр щыдогъэкIуэкI. Гу зылъыстэращи, ди тхыдэм, лъэпкъым и щхьэ ­кърикIуам, нобэ и псэукIэм хэзымы­щIыкI куэдым уарохьэлIэ. Интернет щыIэми, телевиденэм и Iэмалхэр жыжьэ нэсами, ди зэхэтыкIэм мащIэщ щыгъуазэр. Сыт и щхьэусыгъуэу щытми, ди хэкуэгъухэм ящыщ нэхъыбэ ди щIыналъэм къыщегъэувэхын, ди гъащIэм къыхэшэн, и лъэпкъэгъухэм зы тхьэмахуэ, зы мазэ яхэгъэсын хуейщ. ИтIанэ абы езым унафэ и щхьэм ­хуищIыжынщ къэкIуэжынрэ къэмы­кIуэ­жынрэ.
Нэхъапэм ДАХ-м хэтхэр нэхъыбэрэ къетшалIэу щытамэ, иджы нэгъуэщI къэ­ралхэм, республикэхэм ди зэхуэс­хэр зэрытхьыным яужь дитщ. Апхуэдэу Хасэм и зэIущIэхэр щызэхэтшащ Тыркум, Израилым, Иорданием, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъыбэIуэ­рэ. Мэздэгу, Ставрополь, Краснодар, Шапсыгъым щыIэ Хасэхэм дадолажьэ, дакIэлъокIуэ.
ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ нэхъыбэрэ зэрыгъэлъагъун хуейщ. ЗэроцIыху, зэныбжьэгъу мэхъу, уеблэмэ унагъуэ зыухуэхэри къахокI. КъэкIуэнур зей щIэблэращ зыхуэлэжьэн ­хуейр, ар фIы дыдэу къызгурыIуэу а Iуэхум яужь ситщ, къызогъашэ, сахуозэ.
ХэкIыпIэу щыIэр сыт? Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр хэхэс адыгэхэм я быну цIыху мини 2-рэ щитIым къаухащ, иджыри щитIым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт. Бюд­жет ахъшэкIэ щIэныгъэ зэзыгъэ­гъуэтыну хуиту къэрал къэс тегуэша бжыгъэхэр нэхъыбэ дощI, пщIэ щIа­турауи щIыи, нэгъуэщI щIыналъэхэм нэхърэ нэхъ пуду щрагъэджэнущ ди еджапIэ нэхъыщхьэм.
Адыгэ бзылъхугъэм, щауэм, адыгэ фащэм, адыгэшым, нэгъуэщI лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэми ехьэлIа Iуэхухэр утыкушхуэм итхьэныр ди къалэнщ икIи тхузэфIэкI къэдгъанэркъым. Дэнэ щIыпIи дыкъыщащIэн, пщIэ къыщытхуащIын щхьэкIэ зыри ди къару деблэж хъунукъым.
- Дыщыгъуазэщ УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей ухуэзауэ зэрыщытам, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым узэ­рыхэтым. Дэ ттеухуауэ, хэхэс дызэрикуэдым теухуауэ жаIэм нэхъыщхьэу хэлъым кIэщIу и гугъу уэзгъэщIынут.
- Зыбжанэрэ драджащ, дахуэзащ, УФ-м и Президентым и Администрацэм щылажьэхэми полпредхэми да­IуощIэ. Абыхэм яжызоIэ дэ дызэрымыкъэзэуатыр, атIэ Урысейм и дежкIэ дызэрыхэкIыпIэфIыр, Iэмал инрэ зэ­фIэкIышхуэрэ зыбгъэдэлъ лъэпкъыу дызэрыщытыр. Къэрал щэ ныкъуэм Урысейм и цIэр фIыкIэ щыжедгъэIэну, ди къэралым и ныпыр щедгъэIэтыну лъэ­кIыныгъэ диIэщ мыбдеж ис адыгэхэм.
ФIы дыдэу ди тхыдэм щыгъуазэщ ди къэралым и лIыщхьэхэр. АбыкIэ сэбэпышхуэ хъуащ ди лъахэгъу Темыркъан Юрэ. Ауэ урыс пащтыхьым и зэманым псэуахэм ящIам щхьэкIэ Лавров сымэ жэуап ебгъэхьыну захуагъэкъым. Зыкъыддагъэшын, ди Iуэхур къыддаIэтын хуей жыпIэмэ, хуейщ. ИкIи ящIэ, икIи зыкъыддагъэш, икIи дызэхащIыкI. Совет властыр яухуэри, республикэхэри къэунэхуащ, абыхэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт, къапщтэмэ, еджэныгъэ и IуэхукIэ къэралым и щIыпIэ псоми дахуэдэщ. ЗыкIи зэрыдмыгъэкъуаншэр, ауэ адыгэ хэхэсхэм нэ лейкIэ еплъыну дызэрыхуейр, абыхэм мыр я хэкуу зэрыщытыр ящIэмэ зэрытфIэфIыр, къэкIуэжыну хуейхэм дазэрыдэIэпы­къупхъэр яжыдоIэ. ЛъэпкъитI щы­зэхуэдэ республикэм ахэр щызэгъэ­зэгъыныр ди закъуэ къалэнкъым, абы къэралри кIэлъыплъын хуейщ. ЯжетIащ комиссэ къызэгъэпэщауэ лъэпкъхэм къалъыкъуэкI зэдауэхэм унафэ тращIыхьмэ зэрынэхъыфIыр. Ди республикэр зыхыхьэ федеральнэ центр щIы­щы­Iэжыр апхуэдэ Iуэхухэращ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Къэнжал зауэм ехьэлIа упщIэр. Дэ ар зэрыщыIар жыдоIэ, ­игъащIэм апхуэдэ къэмы­хъуауэ зыу­къуэ­дий, ар гъэлъэпIэным щIагъыбзэ щIэлъу къэзылъытэ балъкъэрхэм зи лъыр пщтыр щIалэгъуалэр нэхъри къызэщIагъаплъэ. Тхыдэ щы­Iэщ, абы ириплъэу Iуэху зэIумыбзхэр зэхэзыгъэкIын цIыху гуп зыхэт комиссэ къызэгъэпэщын хуейуэ аращ.
- Лэжьыгъэ ирехъу, адыгэ Iуэхууи нэгъуэщI зыгуэруи щрети, къохъу­лIауэ уригушхуэу е ухунэмысауэ уригумэщIу уиIэхэм утезгъэпсэ­лъы­хьынут.
- Сызытепсэлъыхьауэ къыдэхъулIа псоми срогушхуэ, нэхъыщхьэ дыдэр ди ужь къиувэн щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зэрыдгъасэращ. Адрей республикэхэми щагъасэ ахэр, дакIэ­лъыплъу, ди нэIэ ятету. Къэрэшей-Шэрджэсымрэ ди щIыналъэмрэ зэ­гъусэу школым зэрыщеджэ­ну учебник­хэр къыдыдогъэкI.
«Ветеринар, фитосанитар кIэлъы­плъыныгъэмкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центр» сызиунафэщIым щесхьэкI лэжьыгъэри фIыщ, зэпэщщ, дызэ­хуэарэзыуэ Iуэху зэрызэдэтщIэнум яужь диту гупыр дызэбгъэдэтщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр, псоми ди зэхуэдэр лъэпкъ Iуэхуращ. Лъэпкъым ехьэлIауэ зы Iуэху цIыкIуи щыIэкъым, ар сэ сытым и дежи жызоIэ. Зи щхьэм пщIэ хуэзымыщIыж, зи хабзэ, зи нэмыс зымыхъумэж лъэпкъыр дэхуэхынущ, абы иужькIи зыкъыхуэIэтыжынукъым. Аращ абы и фIыр, и дахэр, и хъу­гъуэфIыгъуэхэр, ди адэжьхэм къыт­хуагъэна псори дыхуэсакъыу тхъумэн, тIэтын щIыхуейр.
Пэжыр жыпIэмэ, нэхъыбэ дыдэу сызытегузэвыхьыр мы зэман къе­кIуэкIращ. Плъагъум, убгъэдыхьэу узэпсалъэ хъум сыщышынэркъым сэ, зыхэзмыщIыкI, сымыцIыху, сымы­лъагъуращ сызыгъащтэр. Апхуэдэщ иджыпсту къекIуэкI ковид узыфэ зэрыцIалэр. Апхуэдэщ щIалэгъуалэр зэрауцIэпI Iэмал хьилэшыхэр. Интернет фIэкIа нэкуи напIи ямыIэжу зэрыхъуам, акъыл къызыхахыфыну тхы­лъыр IэщIыб зэращIам срогумэщI. Ярэби, тIэщIэмыкIыу пIэрэ щIэблэр, жысIэу согупсыс. «Башыр ди нэм щIэдмыIуж щIыкIэ ар щхьэ тIывмыхарэ», къыджаIэжыну пIэрэ Iейм щыдмы­хъумэф щIалэгъуалэм?
Адыгэр игъащIэм хъарзынэу дыпсэууэ щытащ. «Шэрджэс хадэхэр» жрагъэIэу жыгым фIыуэ хащIыкIыу, щIы зэрахьэу, мэш къагъэкIыу, шы, Iэ­щышхуэ зэрахуэу. Иджыпсту уней хадэ зэщIэкIэжа щыслъагъукIэ си жагъуа­щэ мэхъу. Къуажэдэсыр фIы дыдэу зыпэлъэщу щыта къалэнхэр Iэпэдэгъэлэл ящIауэ, властыр яубу, тутын, фадэ ефэу тетIысхьэпIэм тесхэм сащыIуплъэкIэ, си лъыр мапцIэ.
ЕджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм лэжьапIэ зэрамыгъуэтыр щхьэжагъуэ сщохъу. Япэм хуэдэу еджапIэм IэнатIэкIэ къыщызэримыгъэпэщыжкIэ, хэкIыпIэу щыIэр къэгъэсэбэпын ­хуейщ: узыхуейм хуэдэу къулыкъу упэрымыувэфрэ, мызэкIэ къыппэ­щIэхуэр уэим, Iумпэм пщIы хъунукъым. Сэ сылэжьащ шофёруи, экскаваторым сытесуи. Си бынми яжызоIэ, ящIэн ямыгъуэтмэ, я Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ лэжьэн зэрыхуейр. Шы щIакъуэ тесыр шы псэу хуешэ, жи. Уи Iуэхур зэтеувэхункIэ нэхъ мыхъуми, уи хадэр зыхуей хуэзэу зехьэ. Лэжьыгъэ сиIэкъым жыпIэу дауэ къуажэм узэрыдэсынур, узыгъэшхэну хадэр цIыраужь пщIыуэ?!
- Мыщэхумэ, мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ я гугъу къытхуэщIыт, Хьэутий.
- Дылэжьэну, дыпсэуну, къетхьэжьэ Iуэхухэр зыщIыпIэ нэдгъэсыну Iэмал диIэну. Егъэлея зыри хэткъым. Апхуэдэуи си нэ къокI си къуэрылъху цIыкIухэм сакIэлъыплъыну, я гуфIэ­гъуэ слъагъуну. ЩIакъуэ баш цIыкIур сIыгъми содэ, я хьэгъуэлIыгъуэм сыкъыщыфэну къару сиIэу а зэманым срихьэлIэ къудеймэ.
- Зи гугъу пщIа гуфIэгъуэхэми нэ­гъуэщI Iэджэми ухэплъэну ди гуа­пэщ, Хьэутий. Зэман къытхуэбгъуэту укъызэрыдэпсэлъам щхьэкIэ фIы­щIэ пхузощI.

ИСТЭПАН Залинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.