Узыншагъэм и хъумакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал-­майор Павлов Василий щыIащ республикэ МВД-м и Медико-санитар частым (МСЧ).
Актовэ пэшым щызэхуэсахэм защыхуигъазэм, Павлов Василий фIыщIэ яхуищIащ медицинэ лэжьакIуэхэм цIыху гъащIэр къегъэлыным, я узыншагъэр хъумэным пыщIа я лэжьыгъэ мытыншым папщIэ, къыхигъэщащ дохутыр IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ЖиIащ 2020 гъэр дуней псом и медицинэ лэжьакIуэхэм я дежкIэ гъэунэхуныгъэ нэс зэрыхъуар: коронавирус уз зэрыцIалэм кърикIуэу эпидемиологие щытыкIэ гугъу зэфIэуващ икIи жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ дэхуащ.
- Мы зэман къызэрымыкIуэм, фи гъащIэми узыншагъэми фемыблэжу хэлъхьэныгъэшхуэ хуэфщIащ щыIэ шынагъуэм пэщIэтыным, а уз зэрыцIалэм земыгъэуб­гъуным щыфхъумэу ди республикэм санитар-эпидемиологие зэIузэпэщ къыщызэгъэпэщыным, - къыхигъэщащ министрым.
Ведомствэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ, COVID-19 коронавирус уз зэрыцIалэщIэм пэ­щIэ­тынымкIэ госпиталхэм дэIэпыкъуэгъу щыхъуахэм. Абыхэм ящыщщ МВД-м и МСЧ-м и лэжьакIуэ 13 икIи дэтхэнэми хуэфащэ гулъытэ къыхуащIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысей МВД-м я унафэщIхэм. Министрым щхьэхуэу къыхигъэщащ Урысей МВД-м КъБР-м щиIэ медико-санитар частым и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Щоджэн Ахьмэд и лэжьыгъэр.
- КъБР-м щыIэ МВД-м и Медико-санитар частым и IэнатIэр къызэгъэпэщащ сымаджэр нэщIысауэ гъэ­хъу­жынымкIэ, и узыфэр къэхутэнымкIэ Iэмал имыIэу зы­хуей иджырей медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ. Ауэ, нэхъ ехьэжьа приборри пэувыфынукъым дохутырхэм я Iэзагъым, сымаджэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэм, - къыхигъэщащ Павлов Василий.
КъБР-м щыIэ Урысей МВД-м и МСЧ-м и унафэщI Щоджэн Ахьмэд жиIащ я IэнатIэм пэрыт гупым яхузэфIэкI къызэрамыгъэнэнур я пщэрылъхэр нэгъэсауэ ягъэзэщIэнымкIэ.
ЗэIущIэр Iуэху гуапэкIэ иухащ: Медико-санитар частым и медицинэ лэжьакIуэхэм иратащ саугъэт лъапIэхэр, ­КъБР-м щыIэ МВД-м и щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.