Дызэкъуэтмэ, псоми дыпэлъэщынущ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир УФ-м и Конституцэм къыщыгъэлъэгъуа и къалэн нэхъыщ­хьэхэм ящыщ зыр дыгъуасэ игъэ­зэщIащ. Къэрал Iэтащхьэм Урысей ­Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр иджы 27-нэу екIуэ­кIащ (абы щыщу 17-р Путиным къылъысащ).
2021 гъэм зэхуэсышхуэр щекIуэкIар «Манеж» гъэлъэгъуэныгъэ пэш нэхъыщ­хьэрщ. Абы щызэхуэсащ журналист ­400-м щIигъу.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ Зэрызыхуа­гъазэм къыщыIэта Iуэхугъуэхэр зыгъэ­зэ­щIэну зи пщэ къыдэхуэхэу УФ-м Феде­рацэмкIэ и Советым хэтхэр, Къэрал Ду­мэм и депутатхэр, Правительствэм щыщ­хэр, Конституцэ судым, Суд Нэхъыщхьэм, Арбитраж судым я унафэщIхэр, Прокурор Нэхъыщхьэр, ХэхакIуэ комиссэм, Къэ­зыбж палатэм я унафэщIхэр, Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, Къэрал Советым хэтхэр, хэгъэгу Iэтащхьэхэмрэ хабзэубзыху органхэм я унафэщIхэмрэ, политикэ, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр.
Политологхэм, журналистхэм зэрыхуа­гъэфэщам тету Путин Владимир и къэп­сэлъэныгъэр къыщIидзащ блэкIа илъэ­сым дуней псор зыIууа уз зэрыцIалэм дызригъэува щытыкIэмрэ абы дызэ­рыпэлъэщымкIэ.
- Нобэрей Зэрызыхуагъазэр нэхъыбэу зы­теухуауэ щытынур къэрал кIуэцI Iуэху­хэрщ, ар узыншагъэр хъумэнырщ, со­циаль­нэ политикэрщ, экономикэрщ. МащIэу и гугъу сщIынущ къэрал щIыб по­литикэмрэ шынагъуэншагъэмрэ. Ауэ къы­зэрыщIэздзэнур, дауи, дуней псор зэ­щIэзыщта уз зэрыцIалIэ мыгурыIуэ­гъуэрщ, - жиIащ Путиным. - ЩытыкIэр щыгугъут Урысейм и хэгъэгу псоми, сымаджэщхэм сымаджэр щIэзт, кислородыр яхурикъуртэкъым, ИВЛ аппаратхэр къаймэщIэкIырт, дохутырхэм зэрызахъу­мэ фэилъхьэгъуэхэр зырызыххэу яту арат. Эпидемиер ерыщу къыттегуплIэрт, ауэ сыт хуэдизу сригузавэми, быдэу си фIэщ хъурт лъэпощхьэпохэр къызэрызэднэ­кIынур.
ЦIыхухэри, жылагъуэри, къэралри зэ­къуэту пэщIэувэри, дыпэлъэщащ. Iуэхур тыншу щытакъым, дауи, цIыху мелуан бжыгъэм я гуащIэдэкIкIэщ ар къызэрыдэхъулIар. Нобэ зэхуэсым кърихьэлIащ ­дохутырхэр, фельдшерхэр, медсестрахэр, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм щыла­жьэхэр. Псоми фIыщIэ яхуэсщIыну сы­хуейщ. ЕхъулIэныгъэшхуэщ ди щIэныгъэлIхэм яхузэфIэкIари. Иджыпсту коронавирусым зырызыщахъумэу вакцинищ диIэщ, ахэри, нэгъуэщI къэхутэныгъэхэри зи фIыгъэр ди къэралым и щIэныгъэ, технологие IэнатIэм еужьэрэкIыу зэрызиужьырщ. ФIыщIэ яхуэщIыпхъэщ пандемием и лъэхъэнэм зи къулыкъу къыпэ­рымыкIыу езыхьэкIа псоми.
Дызэрыт лъэхъэнэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщу къэрал лIыщ­хьэм къилъытащ вакцинэ зыхегъэIуныр. Урысей Федерацэм и Правительствэм, Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм, хэгъэгъу Iэтащхьэхэм я нэIэ трагъэтын ­хуейщ щIыналъэ псоми щыпсэу, жэрдэм зиIэ дэтхэнэ зы цIыхуми а мастэр зыхригъэлъхьэным. Бжьыхьэм ирихьэлIэу ар зыхезыгъэIум я бжыгъэр ирикъумэ, нэхъыбэм иммунитет яIэнущ. Вакцинэращ уз зэрыцIалэм узэрыпэлъэщыну щыIэ Iэмалыр.
- Дэ дызэрыщыгъуазэмкIи, езыхэм зэрыжаIэмкIи, къэрал зызыужьа куэдым я медицинэ IэнатIэр эпидемием къыхигъэ­щIащ. Дэ тхуэдэу пэлъэща щыIэкъым узыфэ къежьам. Ауэ иджыпсту дунейпсо медицинэм щекIуэкI революцэр дэри блэдгъэкI мыхъун Iуэхущ. Эпидемием и хьэтыркIэ телемедицинэм, интеллект Iэры­щIым заужьащ, апхуэдэуи ефIэкIуащ узыр къызэрахутэ, операцэ зэращI, узыншагъэр зэрызэфIагъэувэж, хущхъуэ къы­зэрыщIагъэкI Iэмалхэр. Дэри ди цIыхухэм щхьэкIэ а псоми дыхунэсыныр Iэмал зимыIэщ.
Пандемием къиша гугъуехьхэм щы­тепсэлъыхьым Путин Владимир къыхигъэщащ ар псэукIэм зэрегуэуари. ИкIи дыщIигъуащ цIыхухэм я хэхъуэр егъэфIэкIуэн зэрыхуейр, къулейсызхэм я бжыгъэр хэ­хъуэ зэрымыхъунур. «Псом япэу къэралыр дэIэпыкъун хуейщ сабий зэрыс унагъуэ дэхуэхахэм. Ар Правительствэм япэ иригъэщу зытелажьэхэм ящыщщ, дяпэкIи аращ зиужь итынур. Иджыпсту унагъуэм ис япэ, етIуанэ сабийхэм я ныбжьыр илъэсищ хъуху ахъшэ ират. Ар сом 11.300 ­мэхъу. Хэгъэгу 78-м апхуэдэ ахъшэ сабий ещанэми щрат. Нэгъабэ илъэсищым щегъэжьауэ илъэсиблым нэс ахъшэ етту едгъэжьащ, ар сом 5650-м къыщыщIэдзауэ 11300-м нос. Иджыри Правительствэм и пщэ изолъхьэ бадзэуэгъуэм и 1-м щегъэ­жьауэ сабий зэрыс унагъуэхэм зэрызыщIагъэкъуэн Iэмалхэр къыхалъхьэну. Ауэ языныкъуэ Iуэхухэр икIэщIыпIэкIэ зэфIэгъэкIын ­хуейуэ къоув. Къулейсызыгъэр мыбэгъуэн папщIэ, унагъуэхэм я псэукIэм набдзэгубдзаплъэу дыхущытыпхъэщ. ­Къапщтэмэ, адэ е анэ зи закъуэу сабий зыпIхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ етын ­хуейщ. Къэзылъ­хуахэм яз зимыIэхэм, е зи адэ-анэ зэбгъэдэкIыжа сабийхэм (илъэси 8-м щегъэжьауэ 16 хъуху) мазэ къэс сом 5650 иратынущ. А унафэм къару егъуэт бадзэуэ­гъуэм и 1-м. Апхуэдэ дыдэу дэIэпыкъун хуейщ зи Iуэху хуэмыкIуэ бзылъхугъэ уэндэгъухэм. Абыхэми учётым щыува мазэм щегъэжьауэ сом 6350 иратынущ» - жиIащ Президентым.
Къэрал лIыщхьэм къыхигъэщащ анэ (унагъуэ) капиталым теухуа программэр 2026 гъэ пщIондэ зэрылэжьэнур. А ахъшэр сом мин 640-рэ ирокъу.
Путиным къызэрыхигъэщамкIэ, щыты­кIэ гугъу ихуахэм, зи хэхъуэр зыфIэ­кIуэдахэм я псэукIэр зэрызэтраублэжыным йолэжь, апхуэдэ гугъуехь хэт куэд зэры­щыIэм къыхэкIыу, школакIуэ ныбжьым ит сабий псоми шыщхьэуIум сом мин пщIы­рыпщI иратынущ, еджапIэм хуагъэ­хьэзырын папщIэ. Абы хеубыдэ мы гъэм школым щIэтIысхьэ цIыкIухэри.
Урысейм и Iэтащхьэм иригушхуэу къыхигъэщащ эпидемием и лъэхъэнэм медицинэ еджапIэ къэзыуха щIалэгъуалэ куэд я узыншагъэм щымысхьыжу сымаджэхэм зэрахыхьар, дохутырхэм дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъуар. ИкIи дыщIигъуащ щIалэ­гъуалэм къэкIуэн дахэ яIэн папщIэ ялъэкI къызэрамыгъэнэнур. А гъуэгум къыщы­щIидзэр курыт еджапIэращ, ныбжьы­щIэхэм я унэ етIуанэрщ. Ар нэхуу, хуиту щытыным толажьэ къулыкъущIэхэр. 2024 гъэм иджыри школ 1300-рэ яухуэнущ, сабий мелуан щеджэфын хуэдэу, еджапIэхэм автобус мин 16 иратынущ. 2020 гъэ лъандэрэ класс унафэщIхэм я улахуэм ­хущIагъуащ. Иджы цIыхухэм я лъэIукIэ, курыт щIэныгъэ щызэрагъэгъуэт еджапIэхэм щылажьэ кураторхэми сом мин тхурытху улахуэм хухалъхьэ. ЕгъэджакIуэ­хэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщ­хьэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ дызыхуэкIуэ илъэситIым сом меларди 10 хухахыныр зэрыфIэигъуэр къыхилъхьащ Путиным икIи жиIащ Урысейм и къэкIуэнур егъэджакIуэхэм куэдкIэ зэрелъытар. Апхуэдэуи къуажэхэмрэ къалэхэмрэ дэт щэнхабзэмкIэ унэхэр, библиотекэхэр, музейхэр къагъэщIэрэщIэжын папщIэ сом мелард 24-рэ зэрыхуаутIыпщынур игъэбелджылащ.
- Зы мазэ дэкIмэ, 11-нэ классыр къэзыух ныбжьыщIэхэм къэрал экзаменхэр ятынущ. Абыхэм ящыщу процент 60-м пщIэн­шэу къэрал еджапIэхэм щIэныгъэ щызэрагъэгъуэтыну Iэмал яIэнущ. Урысейм нэмыщI нэгъуэщI зы къэрали щыIэкъым щIэныгъэ нэхъыщхьэ пщIэншэу апхуэдизым щызэIэрагъэхьэу. Ауэ дэ абдеж дыкъыщыувыIэкъым. ДызыхуэкIуэ илъэситIым иджыри мин 45-рэ бюджет тIысыпIэу къызэIутхынущ. Абыхэм ящыщу процент 70-р къыщызэрагъэпэщынур Урысейм и щIыналъэхэращ. Апхуэдэуи еджапIэ нэхъыщхьэхэм нэхъри зедгъэужьын папщIэ дызэрыт илъэсым щегъэжьауэ еджапIи 100-м сом мелуани 100-м щегъэжьауэ грантхэр къахьыну Iэмал яIэнущ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм хущIэкъу хъунущ къэрал еджапIэ псори, - жиIащ Президентым.
Путиным къыхигъэщащ 2021 гъэр щIэны­гъэмрэ технологиещIэхэмрэ зэрыхухахар, абы теухуауэ ялэжьхэр. Щхьэхуэу къытеувыIащ нобэ экономикэр зэрыт щытыкIэмрэ пандемием къахуихьа гугъуехьхэмрэ зэрагъэзэкIуэжым, хьэрычэ­тыщIэ Iуэху мащIэхэмрэ курытым зэрадэ­Iэпыкъу щIыкIэхэм, инвестицэ зэгуры­Iуэныгъэхэм, нэгъуэщIхэми.
Финансым и гугъу щищIым жиIащ блэкIа илъэсым бюджет ахъшэу къагъэсэбэпар куэдкIэ нэхъыбэми, къэрал мылъкур зэпIэ­зэрыту къызэрынар икIи Правительст­вэмрэ Центральнэ банкымрэ адэкIи ­жэуаплыныгъэ ин зыпылъ финанс политикэ ирагъэкIуэкIын зэрыхуейр дыщIигъуащ.
Къэралым и зыужьыныгъэр абы и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм куэдкIэ зэрелъытар, абыхэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр жыджэру зэрыдаIыгъынур, зыужьыныгъэм хуэпабгъэхэр зэрагъэпэжэнур игъэбелджылащ Путин Владимир. Апхуэдэуи сыт щыгъуи зыужьыныгъэ Iэмалхэр къы­зэрыхузэрагъэпэщынури, я къалэн нэхъыщхьэхэр икIэщIыпIэкIэ зэрызэфIагъэкIыну ахъшэр и чэзум зэрыхуаутIыпщынури жиIащ.
Урысейм дуней псом щиубыд увыпIэм, къэрал щIыб Iуэхухэр зэрызэтеублам, ди цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрызэгъэпэщам, къэралым зэпIэзэрыту зиужьын папщIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, нэгъуэщI куэдми и гугъу ищIащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир икIи Правительствэм хэтхэм а псори къалъытэу Урысейм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ яIэ жэрдэмхэр бадзэуэ­гъуэм и 1 пщIондэ ягъэхьэзырыну къалэн ящищIащ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.