ЩIэныгъэмрэ адыгагъэмрэ и Iэпэгъущ

Адыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уа­щыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ. Лъэпкъым къуэпс узыншэу къыкъуожыж ахэр. Нобэ фэдгъэцIыху Мырзэкъан Ася абыхэм я зы щапхъэщ. Пщащэр ныбжькIэ щIалэщ, унагъуэ хъуагъащIэщ. Узыхьэху гупсысэ куухэмкIэ ар къыддогуашэ.
- Ася, уи IэщIагъэмрэ уэрэ сыт фы­зэ­зышэлIар?
- Школым сыщыщIэс зэманым гуманитар унэтIыныгъэм нэхъ сыдихьэхыу, бзэхэр сфIэгъэщIэгъуэну щытащ. А лъэныкъуэмкIэ сунэтIащ школ нэужьым. Москва Лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэхэмкIэ Урысей универ­ситетым хамэ къэралыбзэхэр щадж и институтым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ. Срилэжьэну нэмыцэбзэр къыхэсхащ. Се­хъуапсэрт нэгъуэщI къэралхэм я щэнхабзэхэр зэзгъэщIэну, ар си лъэпкъым ез­гъэпщэжыну. Абы папщIи бзэр Iэмал лъэщ дыдэщ. Дунейпсо IуэхущIапIэхэм ­сы­щылажьэурэ, си зэфIэкIми хэзгъэхъуэ­ну тезухуащ. Иджыпсту сыщылажьэр «Hawe Hydraulik» нэмыцэ компаниещ. Германием езым и производствэ щиIэщ - гидравликэ Iэмэпсымэ щищI заводхэр егъэлажьэ. Дуней псом щекIуэкI проектышхуэхэм хэтщ, къэрал зыбжанэм езым и офис щиIэщ. Москва къыщызэIуихащ и офис - абы и генеральнэ унафэщIым срикъуэдзэщ. Компанием и фIагъыр цIыхухэм егъэцIыхуным, ди офисым къилэжьым хэхъуэным, хъер диIэным хуэунэтIащ си къалэныр.
- НэгъуэщIыбзэхэм ебгъапщэмэ, сыт хуэдэ адыгэбзэр?
- Адыгэбзэр нэмыцэбзэми, инджылызы­бзэми, урысыбзэми изогъапщэ куэдрэ. Iуэху сщIыуэ къасщтэурэ зэзгъапщэу аракъым, атIэ махуэ къэс бзэ зыбжанэ къэбгъэ­сэ­бэпын хуей щыхъум деж, ар гупсысэкIэ ­зыбогъэзахуэ. Ещхькъым адыгэбзэр нэ­гъуэщIыбзэхэм, къахощхьэхукI. Анэдэлъхубзэр къыбдалъхуауэ уи лъымрэ уи Iэпкълъэпкъымрэ щыщ щыхъуам деж, дауи, ­гугъукъым. Ауэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм ди бзэр зэрагъэщIэныр къегугъуэкIыну си гугъэщ. Зэрыпасэрейр и макъхэм къыхощ ди бзэм. Москва лъэпкъ куэдым къахэкIа щIа­лэ­гъуалэм садеджащ. Псоми бзэ щхьэхуэ щаIурылъкIэ, щхьэж и бзэм теухуауэ гъэ­щIэгъуэну хэлъымкIэ дызэдэгуашэрт. А зэманым къызгурыIуащ си бзэм и дахагъэри и гугъуагъри. КъызгурыIуащ бзэм лъэп­къым и дежкIэ и мыхьэнэр. Апхуэдэ дыдэу цIыху щхьэхуэм и дежкIи лъапIэу щытын ­хуейщ бзэр - лъэпкъ къызэрыхъур цIыху щхьэхуэ-щхьэхуэхэр зэкъуэувэурэщ.
- Уи сабиигъуэр сыт хуэдэу щыта?
- Сабиигъуэ дахэ сиIащ. Къармэхьэблэ сыкъыщыхъуащ. Ди къуажэр псоми къа­хегъэщхьэхукI ди щIыуэпсым. Уардэу къэ­зыухъуреихьа бгыжьхэр, псыежэххэр, удз гъэгъа губгъуэхэр си нэгум щIэтщ. Къуажэр къэзыгъэщIыжыр, и цIэр фIыкIэ зыгъэIур и цIыхухэращ. Хабзэжь дэлъу къекIуэкIащ а жылэр, и цIыхухэр гуапэщ. СфIэфIщ къуа­жэдэсхэм я зэхэтыкIэр: пасэрейм ижь къыщопщэ абы иджыри! Сэ си фIэщ мэхъу - цIыхур и щIыналъэм псэкIэ пыщIащ! Сабиигъуэм теухуауэ зы гукъэкIыжкIи сывдэгуэшэнут… ИлъэсипщI сыхъуу къыщIэкIынут абы щыгъуэ. Си анэшхуэм и деж хьэщIапIэ сыщыIэт Малкэ къуажэм. Гъунэгъу сабийхэм садэджэгуну секIуэкIат. ПщэфIахэти, сэ сыхагъэзыхьа пэтми, сахуэшхатэкъым. Ауэ, пряник пщтыр ягъэжьати, абы се­хъуэпсат, зэ къызэлъэIужамэ, сшхыну къы­щIэкIынут (мэдыхьэшх). Анэшхуэм и деж сыздекIуэкIыжым согупсыс: «нанэ селъэ­Iунщи, пряник езгъэщIынщ»… Куэбжэр къы­зэIусхыри, шэнт цIыкIу тесу пщIантIэм дэст ар, фалъэ цIыкIукIэ джэдыкIэ зэIиудырт - пряник игъэжьауэ, абы трикIэну джэды­кIэпс IэфIыр игъэхьэзыру арат. Егъэлеяуэ сыгуфIат, зэрызгъэщIэгъуэнури сщIэртэкъым - си гум илъыр къищIа хуэдэт. Абы щыгъуэ сшха пряникым и IэфIагъыр сэ иджыпстуи си Iум итщ.
- Сабиигъуэм уикIыу, балигъ узэры­хъуар щызыхэпщIар сыт щыгъуэ?
- Школыр къэзухыу Москва еджапIэ сыщыкIуам япэу зыхэсщIащ балигъ гъащIэр. Къуажэ унэ хуабэр къэзгъанэри, къалэшхуэм сыкъыдэхутат. Си закъуэт, си щхьэм Iэ къыдэзылъэхэм сапэIэщIэт. Сы­-тыт сщIэнур - си бгыр щIэскъузэри, балигъ сыхъуащ. Зэгуэр сыстуденту Америкэм сыкIуат пIалъэкIэ сылэжьэну. Нэхъри жыжьэ сыхъуати, пэIэщIэ сыхъуат сабии­гъуэм. Апхуэдэхэм деж гупсысэ куэд зы­богъэзахуэ.
- «Лъэпкъ» щыжаIэкIэ сыт уи нэгу къы­щIэб­гъэхьэр?
- Сыхуейт слъагъуну ди лъэпкъыр зэ­къуэту, цIыхухэм я зэхуаку пэжагъ дэлъу, щIэныгъэкIэ, хабзэкIэ, щэнхабзэкIэ, лIыгъэкIэ дунейм дыкъыщацIыхуну! Иджыпс­-ту ди пасэрейхэм яхузэфIэкIахэм дрогушхуэ, ауэ дэ езым мыхьэнэ зэттын хуей Iуэхугъуэ гуэрхэр тщогъупщэ. Нобэ нэхъыфI гуэр длэжьын хуейщ, къытщыгугъа хъунщ ди япэ итахэр абыкIэ. Дэ псалъэм папщIэ, ди щхьэр доIэт ди дадэжьхэр дигу къыщыдгъэкIкIэ. АтIэ дэри ди ужьым къихъуэнуIащ - мис абыхэм я щхьэр иредгъэхьэх хъунукъым. Аращ лъэпкъым папщIэ нэхъыщхьэр.
- Ася, уи гупсысэм зыгуэркIэ зригъэ­хъуэжу узэджа тхылъхэр уиIэу къыщIэ­кIынущ…
- Ремарк и «Три товарища», Лондон Джек и «Мартин Иден» романхэм куууэ зыхэсщIэу седжащ. Асадов и усэхэр щIэх-щIэхыурэ къызощтэж. Сэ куэдрэ сызэгупсыс, гъащIэм хэслъагъуэ Iуэхугъуэ куэд абы и деж сыщрохьэлIэж - мыр си псэм пэгъунэгъу усакIуэщ. ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм сыкIэлъыплъыжащ иджы - балигъ сы­хъуауэ: школ зэманым зэрызыхэсщIамрэ иджы хэслъэгъуамрэ зэтехуэркъым.
- Къанокъуэ Арсен адыгэ щIалэгъуалэм папщIэ и проектым ущытекIуащ! Сыт абы теухуауэ уи гупсысэр, уи мурадыр?
- ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъу проект иубзыхуауэ щытащ Къанокъуэ Арсен. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ республикэхэм ящыщ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я нэхъыфIхэр къыхишу, къэрал зызыужьахэм я щIэныгъэ щыхагъэхъуэнымкIэ ядэIэпыкъуну, мылъку яхуиутIыпщыну - аращ Iуэхур зытещIыхьар. Сэри сехъуэпсащ абы сыхыхьэну. Сыстуденту конференцэ сыщыхэтхэм, хамэ къэралхэм я щIэныгъэлIхэм я гупсысэхэм сыщедаIуэкIэ къызгурыIуэрт - егъэджэныгъэ и IуэхукIэ абыхэм я системэр лъэщщ, зы­зыужьащ. Проект зэпеуэм сыхыхьэри, сыкIуэцIрыкIащ. Проектым ипкъ иткIэ, ­Европэм и бизнес школ зызыужьахэм узы­хуей унэтIыныгъэ къыхэпхыу ущIэтIысхьэну хуит укъещI. Иджыпсту си дэфтэрхэр зэ­хузохьэс, еджапIэхэм сахоплъэ.
- «Зэпеуэм упхыкIащ» хъыбарым дауэ уIущIат?
- Проектым сыщыхыхьэм гугъэшхуи си­Iэтэкъым. Сыту жыпIэмэ, куэд дыдэ хэтт, езы зэпеуэм къигъэув хабзэхэри ткIийт. Япэ Iыхьэр дэфтэрхэр пхыкIынырт. Иужь­кIэ, жьэрыIуатэу упсэлъэну урагъэблагъэрт. Зи дэфтэр пхыкIахэр щраджа махуэм сэ Германием лэжьыгъэ IуэхукIэ сыкIуэн хуейуэ техуащ. ВидеокIэ запысщIэу си жэуапхэм езгъэдэIуэну къысхуадащ. Ауэ сэ сыгузавэрт - узэхуэзауэ ущызэпсалъэм и деж щIэ­ныгъэр нэхъ богъэлъа­гъуэф. ЛэжьапIэм сыщIэст, сызэрып­хы­кIамкIэ хъыбар къы­щыс­Iэрыхьам. Сы­гъащ - дэнэт здэсхьынур си гум имыхуэж гуфIэгъуэр?!
- Сыт иджыпсту узыщIэхъуэпсыр?
- Си щIэныгъэм зэпымыууэ хэзгъэхъуэну, махуэ къэс сефIэкIуэну сыхуейщ. Си IэщIагъэкIи, си унагъуэкIи къысхуэщхьэпэну сы­хуейщ гъащIэм сызыхуишэ гупсысэхэр. «НэгъуэщIым нэхърэ нэхъыфI умыхъу - уэ узэрыщытам нэхърэ нэхъыфI хъу» гупсы­сэм сытетщ. Дапхуэдэу сызэрыщытын ­хуейр, анэ сыхъумэ, си быным гъэсэныгъэ нэс естыфын щхьэкIэ?! Мы гъащIэм дахэрэ ­гуапэу хэслъагъуэр зэрызыхэслъхьэным и ужь ситщ. Зэгуэр сэ си быным щапхъэ сыхуэ­хъун хуейщ.

Гугъуэт Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.