Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ

Иджырей школыр ар егъэджакIуэмрэ абы и нэIэм щIэт сабиймрэ я творческэ лъэщапIэу жы­пIэ хъунущ. Абы щекIуэкI педагогикэ лэжьыгъэ псори зытеухуари зытещIы­хьари еджакIуэращ: абы щIэныгъэфI егъэгъуэты­ным, гъэсэныгъэ тэмэм етыным, бгъэдэлъ зэфIэкI­хэр, зэчийр наIуэ къэщIы­ным, абыхэм адэкIи зегъэужьыным. А къалэнхэр къызыхуэтыншэу зыгъэ­зэщIэфынури егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къыхыхьэ мардэщIэхэм хуэ­кIуэ Iуэху зехьэкIэ пэ­рыт зиIэ егъэджакIуэращ. Апхуэдэхэм ящыщу къалъытэ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зэрихьэу дэт курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Тхьэкъуахъуэ Фозэ.
И сабиигъуэм гу зы­хуищIу балигъ хъуа нэужь зыхуеджа и IэщIагъэм илъэс 30-м щIигъуауэ иролажьэ Фозэ. Кыщпэк дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ ­къиуха нэужь, бзылъхугъэ цIыкIур лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и филологие факультетым. Куэд дэмыкIыуи егъэджа­кIуэу къащтащ езым къиуха школым. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэм зэман кIэщIым ­къриубыдэу бзэ дахэ къахуигъуэтащ и нэIэм щIэт сабийхэм, дэтхэнэми и псэм зэ­рынэсыным хущIэкъуу.
-Школым сыщыувам гъуэ­гугъэлъагъуэ схуэхъуащ егъэджакIуэ нэхъыжьхэр, абых­эм я Iуэху бгъэ­ды­хьэкIэр, гупым я зэхэтыкIэр си дежкIэ щапхъэу. Къы­жыIапхъэщ ди курыт школым (унафэщIыр Балъкъэр Дадусэщ) егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэфI щы­зэфIахыу къызэре­кIуэ­кIыр. Ар, ди щIыналъэм щылажьэ курыт школи 10-м ящIыгъуу, къэралым щынэхъыфIхэм халъытащ икIи «ТОП-500» урысейпсо реестрым хэхуащ, - жеIэ Фозэ. - Ди лэжьэкIэр зэредгъэ­фIэкIуэным, сабийм щlэныгъэфl зэреттыным дыхущIэкъуу дапщэщи дызэдолажьэ гупыр. ЗэрыжаIэщи, мурадыр быдэмэ, Iуэхур къо­хъу­лIэнущ. Лэжьыгъэм къы­хыдошэ адэ-анэхэри. Ахэр зыдэдгъэlэпыкъуурэ сабийм и зэфlэкlыр, хьэл-щэныр, дэзыхьэх lуэхугъуэхэр зыдогъащIэ. Сабийм и ныкъусаныгъэр, lэщlэкl щыуагъэ­хэр зэрыплъагъум хуэдэу, фlыуэ хэлъми гу лъытэн ­хуейщ. Дэтхэнэ сабийми и зэфlэкlыр, бгъэдэлъ зэчийр наlуэ къэщlыпхъэщ, итlанэщ и ныкъусаныгъэхэми ущелэ­жьыфынур.
ЕгъэджакIуэм къызэрилъытэмкIэ, сабиймрэ егъэджакlуэмрэ зэрымыцlыху­мэ, зэмысэмэ, ахэр ныб­жьэгъу зэхуэмыхъумэ, егъэ­джэ­ныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэ­­хур кIуэ­­тэнукъым. Еджа­кIуэр дэ­зы­­мыхьэхыф егъэ­джа­кlуэм лъэкlынукъым абы щlэ­ны­гъэ нэс иритын, бгъэ­дэлъ зэфIэкIхэми адэ­кIэ зригъэужьын. Дауи, куэд елъытащ егъэджакlуэм и щIэныгъэм и кууагъым, абы и IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэ къабзэм, цIыхухэм, сабийхэм хэхауэ, яхуиIэ псэ ­хуабагъэм. Апхуэдэ хьэ­лыфI­­хэр зыхэлъ унэтIакIуэм сабийм еджэным хуиIэ гу­къы­дэжыр къиIэтыфынущ. Ауэ щыхъукIэ, ерыщу еджэм ехъулlэныгъи иlэнущ.
И IэщIагъэм зэрыпэрыувэрэ блэкIа илъэсхэм къриубыдэу и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпыту, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу мэ­лажьэ Фозэ. ЕгъэджакIуэ Iэзэм и гъэсэнхэр дапщэщи жыджэру хэтщ Бахъсэн щIыналъэм, республикэм ще­кIуэкI зэхьэзэхуэхэм, олимпиадэхэм, икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм увы­пIэфI­хэр къыщахь, щIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэурэ. Тхьэкъуахъуэм игъэхьэ­зы­рурэ, школакIуэхэр щIэх-щIэхыурэ хъарзынэу хэтщ ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэ-практикэ конференцхэм. Апхуэдэ зэдэлэжьэкIэфIхэм текIуэныгъэ къыщыдэкIуэр мащIэкъым. Абыхэм егъэджакIуэми еджакIуэ цIыкIу­хэми я лъэр щIагъэкI, Iуэху нэхъ иныжхэм трагъэгушхуэ. ЕхъулIэныгъэ яIэу ныбжьыщIэхэри егъэджа­кIуэри зыхэта зэпеуэхэм ящыщщ «Педагогикэ гуп­сысэщIэхэм я жармыкIэ», «ТхыбзэмкIэ дерс нэхъыфIхэр», «Си бзэ - си псэ, си дуней», нэгъуэщIхэри. Фозэ класс нэхъыжьхэм адыгэбзэр зэраригъэдж методикэр нэхъыфIу къалъы­тэхэм ящыщу къокIуэкI илъэс зыбжанэ лъандэрэ. Тхьэкъуахъуэм и иужьрей текIуэныгъэщ методикэ пэ­рытхэр утыку къыщрахьэ мыгъэрей республикэпсо зэпеуэм и «ШколакIуэхэм я жыджэрагъыр къэIэтынымкIэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зи лъабжьэ технологиехэм яIэ мыхьэнэр» унэ­тIы­ныгъэмкIэ япэ увыпIэр къызэрыщихьар.
- Апхуэдэ и Iуэху зехьэкIэмкIэ Тхьэкъуахъуэр дапщэщи фIэфIу ядогуашэ анэ­дэлъхуб­зэр курыт школым щезыгъэджхэм. Иджырей мардэхэм хуэкIуэу къалъытэу, абы и лэжьэкIэфIыр щызэпкърах егъэджа­кIуэ-хэм я шыщхьэуIу зэхуэсхэм, щIэныгъэ-практикэ семинархэм, - жеIэ Кыщпэк курыт школым и унафэщIым егъэ­джэныгъэ-гъэсэныгъэ лэ­жьы­гъэмкIэ и къуэдзэ Бэч Марьяннэ. - ИКТ-рэ технологие пэрытхэмрэ зи лъабжьэ дерс зэIуха купщIафIэхэр егъэджакIуэфIым щIэх-щIэ­хыурэ щет щIыналъэпсо семинархэм.
Иригъаджэ сабийхэр адыгэ­бзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ дригъэхьэхын папщIэ, Фозэ и дерсхэр ап­хуэдэу зэмылIэужьыгъуэу еухуэ, щIэщыгъуагъ, щIэ гуэрхэр хилъхьэурэ. Тхьэ­къуа­хъуэм зэрыжиIэмкIэ, щIэгъэхуэбжьауэ зызыужь мы зэманым егъэджакIуэм и пащхьэм къалэныщIэхэр кърегъэувэ. ЕджакIуэхэм щIэщыгъуэ ящыхъун Iэмалхэр къэлъыхъуэн, къэгъуэ­тын хуейщ, къызэрыгуэкI Iуэху бгъэдэхьэкIэхэмкIэ сабийхэр къыпхудэхьэхыжынукъыми. Апхуэдэ Iэмал нэхъыщхьэхэм Фозэ хелъытэ лъэхъэнэм къихьа урок къы­зэгъэпэщыкIэщIэхэр, стандарт ткIийм имыт дерсхэр, лэжьэкIэщIэ технологиехэр. Абыхэм ящыщу егъэджакIуэ гумызагъэм нэхъыбэрэ къегъэсэбэп конференц, зачёт, зэдауэ, джэгу, къэхутэныгъэ, спектакль хуэдэхэр зи лъабжьэ лэжьэкIэщIэ мардэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм и гъэсэнхэм я псэм къыщегъэуш анэдэлъхубзэм хуаIапхъэ лъагъуныгъэр, захрегъащIэ абы и IэфIыр, и къарур, лъэпкъ гупсысэри ныбжьыщIэхэм я гум ирелъхьэ.
Фозэ зэфIих апхуэдэ лэ­жьыгъэфIыр гулъытэншэу къанэркъым. Егъэджэныгъэ IэнатIэм щиIэ фIыщIэ-хэм, ныбжьыщIэхэр республикэ, щIыпIэ зэпеуэ­хэмрэ олимпиадэхэмрэ егугъуу зэрыхуигъэхьэзырым, абыхэм купщIафIэу зэра­дэлажьэм, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным жыджэру зэры­хэтым папщIэ, Тхьэкъуа­хъуэм къратащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэм, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Ха­сэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми къабгъэдэкI щIыхь, фIы­щIэ тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр. ЕгъэджакIуэхэм я зэхуэсышхуэхэм и цIэр фIы­кIэ щIэх-щIэхыурэ къыщ­­раIуэ лэжьакIуэ пашэр пщIэ хуащIу хагъэхьащ адыгэбзэмкIэ щыIэ эксперт, къэп­щытакIуэ гупхэм.
Зи IуэхущIафэ дахэм ­щытхъу, фIыщIэ куэд къы­пэкIуэ егъэджакIуэ, гъэса­кIуэ Iэ­зэм, гуапагъэ къы­зыпкърыкI цIыхубз щыпкъэм дохъуэхъу зыпэрыт IэнатIэм дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр къыщихьыну, и хъыджэбз закъуэм и насып куэд илъагъуу, абы хуиIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къехъулIэу, узын­шэу куэдрэ псэуну.

Къардэн Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.