Килограмм 81-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и хьэрхуэрэгъу псори щыхигъащIэри, ди лъахэгъур финалым нэсащ. Абы къыщыпэщIэува хэгъэрейхэм ящыщ Цветкович Лео ар нэрылъагъуу ефIэкIащ икIи хуэфащэ дыдэу дыщэ медалымрэ саугъэт нэхъыщхьэмрэ зыIэригъэхьащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мэзыхьэ Резуан игъэзэщIащ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастерым и мардэхэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Щхьэлыкъуэ щыщ щIалэм Ижевск къалэм мазэ ипэкIэ щызыIэригъэхьащ Урысейм и кубокыр. Ар ягъасэ КIэрэф Залымрэ Энеев Кязимрэ.
Хорватием щекIуэкIа «Загреб и Гран-при» дунейпсо зэпеуэм Уры- сей Федерацэм и гуп къыхэхам фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Мэзыхьэ Резуан къищынэмыщIауэ, иджыри ди щIалитхум абы текIуэныгъэр къыщахьащ.